Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир дыгъуасэ къыщыпсэлъащ Петербург щекIуэкI ХХIV дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Къэралым и Президентым къиIэтащ дунейпсо, къэрал политикэхэм ятеухуа Iуэхушхуэ зыбжанэ - экономикэм, ухуэныгъэ IэнатIэм, хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ зегъэужьыным къыщыщIэдзауэ щIыуэпсым ехьэлIа къэхутэныгъэу мыхьэнэшхуэ зиIэхэмрэ лъэпкъ паркхэм, мэзкъуэдыхэм зегъэубгъунымрэ нэсу.
Петербург щекIуэкI ХХIV дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм хэтхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ фIэхъус ярихри, Путин Владимир къыхигъэщащ коронавирусым дунейм зэрызыщиубгъуам къыхэкIыу IэмалыншагъэкIэ икIи пIалъэ кIыхькIэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр зэпагъэун хуей хъуауэ зэрыщытар икIи дунейпсо зэIущIэшхуэр япэу Урысейм зэрыщрагъэкIуэкIым, бизнес зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр зэхуэзэу зэпсэлъэну Iэмал зэраIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщохъу экономикэшхуэми. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм лъандэрэ къэмыхъуа бжыгъэхэм нэсу ВВП-м и хэхъуэр дэкIуеину къалъытэ: экспертхэм жаIэ абы процентихкIэ хэхъуэну. Апхуэдэу щытми, дунейпсо экономикэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыщызэтеувэжыр зэтехуэркъым, къэралым и УнафэщIыр зэреплъымкIэ, абы узыпэмыплъа зэхуэмыхъуныгъэ куэд къыдэкIуэнущ, политикэ, экономикэ, социальнэ я лъэныкъуэкIэ.
Щапхъэ нэрылъагъу мыбдежым щохъу пандемием пэщIэтыныр. Президентым къыхигъэщхьэхукIащ дунейм и къэрал псоми вакцинэр ирикъуу яIэрыхьэным, ар зэгъэхъулIэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Путин Владимир Урысейм щыпсэухэр аргуэру зэ къыхуриджар коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрызыщыпхъумэ хъу мастэр зыхрагъэлъхьэну. Мыбдежым абы щхьэхуэу къыхигъэщащ урысей вакцинэр халъхьа нэужь абы зыгуэр илIыкIауэ зэрамытхар.
Къэрал кIуэцI политикэм ехьэлIа Iуэхухэм я гугъу щищIым, Урысейм и УнафэщIым фIыщIэ яхуищIащ эпидемием и лъэхъэнэ гугъум зи IуэхущIапIэхэр къызэтезымыгъэувыIэу инфраструктурэм, щIыналъэхэм зегъэужьыным, технологиещIэхэр зэхэлъхьэнымрэ лэжьакIуэхэр IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэгъэхьэзырынымрэ егугъуахэм, щхьэусыгъуэ къамылъыхъуэу лэжьахэм, хьэрычэт IэнатIэм щыщхэмрэ инвесторыщIэхэмрэ къыдэхьэхыным, Iуэху ядэщIэным яужь итахэм.
«Дэ адэкIи щIыналъэхэм защIэдгъэкъуэнущ хьэрычэт лэжьыгъэр дагъэкIынымкIэ», - жиIащ Путин Владимир. Абы зыхуэфащэ къулыкъущIапIэхэм къалэн ящищIащ хьэрычэт IэнатIэм, цIыху щхьэхуэхэм я мылъку зэхэлъхэр зэIухауэ, тыншу щызэдагъэлэжьэфыну щытыкIэхэр Урысейм и дэтхэнэ щIыналъэми 2024 гъэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщыну, проектыщIэхэр абыхэм щрагъэжьэн папщIэ щытыкIэхэр къыхузэрагъэпэщыну.
«Дэтхэнэ щIыналъэми къигъэлъэгъуэн хуейщ и зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр, абы щыгъуазэу щытыпхъэщ бизнесыр, щIыналъэхэм къалэухуэ, инфраструктурэ я лъэныкъуэкIэ, инженернэ сетхэр, гъуэгухэр, коммуникацэхэр укъуэдииным щамурадхэми хуэдэ дыдэу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, бизнесым дежкIэ нэхъ тынш хъунущ IуэхущIапIэщIэ е нэгъуэщI ухуэныгъэщIэ щищIыну щIыпIэр къихихыныр», - жиIащ Президентым.
Абы къыдэкIуэу къэралым и УнафэщIым къыхигъэщащ зызымыужьыфыну, экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэр щемыкIуэкI щIыналъэхэм яхэтын зэрыхуэмейр: «Федерацэм и дэтхэнэ щIыналъэми иIэщ инвестицэ, экономикэ хэкIыпIэхэр. Ахэр ди цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, урысей унагъуэхэм я зэIузэпэщагъым къахуэдгъэсэбэпын хуейуэ аркъудейщ».
Федерацэм хыхьэ щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ IэмалыщIэхэм ящыщу увыпхъэщ инфраструктурэ щIыхуэ тыкIэщIэхэр, абы и фIыгъэкIэ щIыналъэхэм щхьэщатыкIыр мащIэу пIалъэ кIыхькIэ ахъшэ къыIахыу Iуэхум халъхьэ хъунущ. Нэхъыщхьэу апхуэдэ ахъшэр зыхэлъхьэн хуейр цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным епха IэнатIэхэрщ, къалэхэр, нэгъуэщI жылэхэр къэгъэщIэрэщIэжынырщ.
Урысейм и Президентым и къэпсэлъэныгъэм апхуэдэуи къыщытеувыIащ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ защIэгъэкъуэным и Iуэхуми, компание инхэмрэ къэралыр зыхуэныкъуэхэр къешэлIэным зи лэжьыгъэр теухуахэмрэ къащэхухэм я процент 25-р хьэрычэт IэнатIэ мыиным къыщIигъэкIахэм щыщу щытынри фIэтэмэму къыхилъхьащ.
КъимыдэкIэ, дызэрыт илъэсым хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ дэIыгъыным теухуа щIыхуэ тыкIэщIэ яублэну я мурадщ - ятелъ щIыхуэхэмкIэ шэсыпIэ ихьэкIэщIэ къыхалъхьэ. Зи гугъу ящIыр хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ я корпорацэр зыдэлажьэ банкхэм щIыхуэ къыщраткIэ абыхэм шэсыпIэ яхуиувэу щIынырщ. Абы къикIыращи, хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ щылажьэхэр зыгуэркIэ хилъафэ хъужыкъуэмэ, корпорацэр абыкIэ щIэгъэкъуэн хъунущ, апхуэдэ щIыкIэкIи IэнатIэ зыгъэлажьэр щIыхуэ къэщтэным нэхъ тегушхуэнущ. Абы хьэрычэтыщIэхэм Iэмал яритынущ я IуэхущIапIэхэм зрагъэужьыным халъхьэну мылъку къыдахынымкIэ - 2024 гъэм ирихьэлIэу ар сом мелард 600 нэхърэ мынэхъ мащIэу щытынущ.
Къэралым и УнафэщIыр щхьэхуэу къытеувыIащ мэзхэм, мэзкъуэдыхэм, лъэпкъ паркхэм къахэгъэхъуэн зэрыхуейм, ахэр фейдэ нэхъыбэ къату къызэрыгъэсэбэпыпхъэм. Абы къыхигъэщащ Урысейм и щIыуэпсым кърит ефIэкIыныгъэхэр къигъэсэбэпу, щIым щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ дунейм щIыпIэ хэха зэрыщиубыдыфынур. Абы папщIэ мэзхэмрэ щIыхэмрэ къызэрагъэсэбэп щIыкIэм гулъытэ щхьэхуэ хуэщIын хуейщ.
Мыбдежым, Путиным зэрыжиIамкIэ, Урысейм лъэныкъуищкIэ фейдэ зыIэригъэхьэфынущ. Япэрауэ, мэзхэмрэ щIыгулъхэмрэ къэгъэщIэрэщIэжыным мылъку хилъхьэкIэрэ къэралым и цIыхухэм я щIыуэпс зэIузэпэщыгъэр иригъэфIэкIуэфынущ. «ЕтIуанэрауэ, дэ лэжьапIэхэр къыщызэIутхыфынущ парниковэ газхэм елэжьыным теухуа, технологие лъагэхэр къыщагъэсэбэпыну IэнатIэщIэм. Ещанэрауэ, ди продукцэр нэгъуэщI къэралхэм щащIахэм япеуэфу тхузэтеухуэнущ», - жиIащ Президентым.