«Автозапчасть»-р аргуэру чемпионщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2021 гъэм и щIымахуэ чемпионатыр мэлыжьыхьым и 11-м иухащ. Абы, нэгъаби хуэдэу, щытекIуащ Бахъсэн и «Автозапчасть»-р.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, мылъкукIэ зыкъыщIэзыгъэкъуэн зэримыIэжым къыхэкIыу «Автозапчасть»-р нэгъабэ гъэмахуэ зэхьэзэхуэм хэтакъым. Абы щхьэкIэ къэмынэу щIымахуэ зэпеуэм папщIэ бахъсэндэсхэм гуп лъэщ зэхуашэсыфащ икIи япэ дыдэ зэIущIэм къыщыщIэдзауэ зэхьэзэхуэм бжьыпэр щаубыдри, илъэс ипэкIи хуэдэу, дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ. Чемпионым джэгугъуэ пщыкIутIыр хурикъуащ зыри къылъэщIэмыхьэжын хуэдэу пашэныгъэм зыщигъэбыдэн папщIэ. А лъэхъэнэм къриубыдэу джэгугъуэ пщыкIузым и хьэрхуэрэгъухэр щыхигъэщIащ, зэм зэрытемыгъэкIуауэ зэбгрыкIыжащ. «Автозапчасть»-ращ топ нэхъыбэ дыдэ дэзыгъэкIари, нэхъ мащIэ дыдэр къызыхудагъэкIари. Къэнэжа зэIущIэхэм мыхьэнэ щамыIэжым, бахъсэндэсхэм джэгун щагъэтащ икIи зэм гупыр зэхуашэсыжыфакъым, адрейм ягъуэтар кърагъэхьэри, бжыгъэшхуэкIэ къыхагъэщIащ. Иужь джэгугъуэхэм къэхъуахэм ягъэлъахъшэркъым «Автозапчасть»-м и ехъулIэныгъэр икIи дыщогугъ мылъкукIэ зыкъыщIэзыгъэкъуэн къагъуэту гуп телъыджэр гъэмахуэ зэхьэзэхуэми хуахъумэну.
Мыгъэрей зэхьэзэхуэм дыжьын медалхэр щызыIэригъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и щIымахуэ чемпионатхэр зэрызэхаублэрэ пашэхэм сыт щыгъуи яхэт Налшык и «Мурбек»-м. Ар тIэу фIэкIа къыхагъэщIэфакъым.
Телъыджэщ «Шэрэджым» къигъэлъэгъуа джэгукIэри. Ар мы гъэм и гъэмахуэ зэхьэзэхуэми япэу хэтынущ икIи шэч къытетхьэркъым куэдкIэ ущыгугъ зэрыхъунум. Старэ Шэрэдж и командэщIэр куэдым ныкъуэкъуэгъу лъэщ зэрахухъунур иджыпстуи наIуэщ.
Зэ фIэкIа мыгъэрей зэхьэзэхуэм къыщыхамыгъэщIами, медалыншэу къэнащ «Тэрчыр». Зэрахабзэу, джылахъстэнейдэсхэм куэдрэ зызыщIащIащ икIи зыщрач дыдэм зэпеуэр иухащ.
Бэнэныгъэ гуащIэ щекIуэкIащ турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэми. Иужь джэгугъуэм ирихьэлIэу зэхэкIат зэхьэзэхуэм и саугъэт лъапIэхэр зыIэрыхьэнухэри гуп нэхъыщхьэм хагъэкIынухэри. Зэпеуэр иухыным мазэ иIэжу зызытыпа Налшык и «Маисэр» зэIущIэхэм къримыхьэлIэж хъуащ икIи, дауи, сыт щыгъуи къыхагъэщIауэ хуатхащ. Абы гъусэ хуэхъуащ зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ кIэух увыпIэр зыхуэмыбгына Налшык и «Ансар»-р. А тIур занщIэу гуп нэхъыщхьэм хагъэкIащ. Абыхэм япэкIэ гъэ къакIуэ къахыхьэнущ Шэрэдж Ищхъэрэм и «Къэбэрдеймрэ» Шэджэм щIыналъэм и «Нартанымрэ».
ЕпщыкIуплIанэ увыпIэр зыубыда Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэмрэ епщыкIущанэр зылъыса «ХьэтIохъущыкъуеймрэ» мыгувэу зэпэщIэуэ зэIущIэхэр къапэщылъщ. КъБР-м футболымкIэ и щIымахуэ зэхьэзэхуэм и япэ дивизионым ещанэ, еплIанэ увыпIэхэр къыщызыхьахэу «Лашынкъеймрэ» «Вольнэ Аулымрэ» ахэр еныкъуэкъун хуейщ гуп нэхъыщхьэм къыхэнэн папщIэ.
Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ «Автозапчасть»-м и пашэ Къуэжей Азэмэт. Иужь джэгугъуэхэм и командэр щымыджэгуами, абы нэхъапэм дигъэкIа топ 14-р хурикъуащ япэ увыпIэр иубыдын папщIэ. АдэкIэ къыкIэлъокIуэ «Малка»-м и гъуащхьауэ ШащIэ Беслъэнрэ «Ансар»-м и пашэ Тамаев Аланрэ. Хьэлэмэтращи, «Ансар»-м зэхьэзэхуэм я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIа топ пщыкIухым ящыщу пщыкIутIыр Алан ейщ. Адрейхэм ящIар сыт? Захъумэжащ жыпIэнущи, нэхъыбэ (топ 54-рэ) зыхудагъэкIа зэпеуэм хэткъым.
Мыгувэу щIидзэнущ гъэмахуэ зэпеуэм. Абыи зэныкъуэкъуныгъэ гуащIэ зэрыщекIуэкIынум шэч къытетхьэркъым.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.