|
Акъсырэхэ я хъэтI зэмыщхьыр
20 апреля, 2021 - 06:58
Лермонтов Михаил и музейуэ Псыхуабэ дэтым иджыблагъэ къыщызэIуахащ Акъсырэ лIакъуэм къыхэкIа сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэ- гъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.
Выставкэм утыку къыщ-рахьащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием щIыхь зиIэ и член, Урысейм щIыхь зиIэ и сурэтыщI Акъсырэ Михаил, и щхьэгъусэ Викторие, абыхэм япхъу Тамарэ сымэ я IэдакъэщIэкI сурэтхэр. Унагъуэм я нэхъыжьыр илъэс 90 щрикъум ар хуэгъэпсащ.
- Сэ сызэреплъымкIэ, гъэлъэгъуэныгъэр гум темыгуплIэу, моуэ плъыфэ зэщIэжьыуэу, нэхуу хъуащ. Пандемие нэужьым абы цIыхухэм гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ зэраритынум шэч хэлъкъым, - жиIащ Акъсырэ Викторие къыщыпсалъэм.
- Гъэлъэгъуэныгъэр щIэщыгъуэ зыщIыр сурэтыщI унагъуэм я лэжьыгъэхэр зэгъусэу утыку къызэрырахьам и закъуэкъым, атIэ абыхэм псоми хъэтI зырыз, дуней лъагъукIэ щхьэхуэ зэраIэрщ. Мы лэжьыгъэхэм зэщхьу, къытригъэзэжу зыри къыщыпхуэгъуэтыркъым. Хуабжьу ди гуапэу къедгъэблэгъащ сурэтыщI унагъуэр. Сыт щыгъуи хуэдэу, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм гурыфIыгъуэ къуат, фIым ущагъэгугъ, ар творчествэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ, - жиIащ Лермонтов Михаил и музейм и унафэщI Сафаровэ Иринэ выставкэр къыщызэIуихым.
Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Ганин Александр къыхигъэщащ Акъсырэхэ я унагъуэм ябгъэдэлъ зэфIэкI лъагэр, щхьэж и IэдакъэщIэкIым езым и ухуэкIэ, и гупсысэкIэ иIэжу къызэрилъытэр.
- Нэрылъагъущ мы унагъуэм творческэ чэнджэщхэр зэрызэIэпамыхыр, плъыфэ, фактурэ къэлъыхъуэныр щхьэзакъуэ гупсысэкIэ зэрызэрагъэзахуэр. Аракъэ-тIэ сурэт щIыным щынэхъыщхьэр - щхьэж и хъэтI зэригъэпэщыжыныр, - жеIэ абы.
Акъсырэхэ я IэдакъэщIэкIхэр накъыгъэм и 2 пщIондэ Псыхуабэ щагъэлъэгъуэнущ.
|
29.03.2024 - 17:28 Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ |
|
29.03.2024 - 17:23 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з |
|
29.03.2024 - 08:57 Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. |
|
29.03.2024 - 08:56 КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм |
|
29.03.2024 - 08:56 Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. |
|