КIуэкIуэ Казбек Солдатскэ станицэм щаухуэ курыт еджапIэм щыIащ

Прохладнэ щIыналъэм щыщ Солдатскэ станицэм «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «Иджырей еджапIэ» щIыналъэ проектым зэрыщыубзыхуам ипкъ иткIэ щащI, ныбжьыщIэ 250-рэ зыщIэхуэну курыт еджапIэм и ухуэныгъэр и кIэм нагъэблэгъащ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хабзэ хъуауэ республикэм и щIыналъэхэр къызэрызэхикIухьым, абыхэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм зэрызыщигъэгъуазэм щыщ Iыхьэу иджыблагъэ ар щыIащ а ухуэныгъэм икIи зригъэлъэгъуащ лэжьыгъэр здынэсар, ар ятыным зэрыхуагъэхьэзырыр. Дызэрыт илъэсым и фокIадэм еджапIэщIэм и бжэхэр ныбжьыщIэхэм яхузэIуихынущ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийхэр зы сменэу зэреджэнум, абы и фIыгъэкIи щIэблэм Iэмал яIэнущ щIэныгъэ гуэдзэн зрагъэгъуэтынымкIи.
ЕджапIэр щIыным хухахауэ щытащ бюд­жет мылъкуу сом мелуан щищым нэблагъэ. Ухуэныгъэм метр зэбгъузэнатIэ мин 20 къызэщIеубыдэ. Унэм хэтщ щIэблэр щрагъэджэну, предмет хэхахэм яхухэха пэшхэр, апхуэдэуи я узыншагъэм щыкIэлъыплъыну щIыпIэ. ШхапIэр, актовэ залышхуэр зыхуей псомкIи къызэгъэпэщащ, ныбжьыщIэхэр гупу­рэ щылэжьэну пэш щхьэхуэхэри иIэщ.
Спорт и лъэныкъуэкIи школыр иджырей мардэхэм хуэкIуэу къызэгъэпэщащ: залым сабийхэр зыхуеину Iэмэпсымэ псори щIэтщ, еджапIэм къедза щIыпIэм футбол, волейбол, баскетбол джэгупIэхэр иIэщ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.