КIуэкIуэ Казбек зи щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуа цIыхухэр щригъэблэгъащ «Урысей зэкъуэт» партым и жылагъуэ екIуэлIапIэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. «Урысей зэ­къуэт» партым и щIыналъэ жылагъуэ екIуэлIапIэу Налшык дэтым щахуэзащ и щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIа цIыхухэм.

Абыхэм къаIэтащ псэупIэр егъэфIэ­кIуэ­ным, социальнэ дэIэпыкъуныгъэм, сабий куэд зэрыс унагъуэхэм ядэIэпы­къуным пыщIа лъэIухэр.
ЦIыхухэм я тхьэусыхафэхэмрэ лъэIу­хэмрэ хэплъэну икIи ахэр пIалъэ пыухы-кIахэм ирихьэлIэу дагъэкIыну республикэм и Iэтащхьэм яхуигъэуващ зыхуэфащэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я уна­фэщIхэм, муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)