«Къуажэ дохутыр» программэм мылъку хухах

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ щэкIуэгъуэм и 29-м иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэр. Абы хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым ­хэт Ульбашев Мухьэрбий, КъБР-м и Пра­вительствэм и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэ КIэрэф Мурат, депутатхэр.

ЗэIущIэр къызэIуахын и пэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомол зэщIэ­хъееныгъэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Жыджэт Александр 2018 гъэм ВЛКСМ-р илъэси 100 зэрырикъуар гъэ­лъэ­пIэным хэтахэм фIыщIэ яхуищIащ. «Комсомолыр илъэси 100 ирокъу» фIы­щIэ тхылъыр абы иритащ Егоровэ Татьянэ. Апхуэдэуи КъБР-м и комсомол зэщIэхъееныгъэм и ветеранхэм я советым и ЩIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща ­депутат зыбжанэм - Къудали Мухьэ­-            мэд, Мэшыкъуэ Барэсбий, Беслъэней ­Аслъэн сымэрэ КъБР-м и Парламентым  и Аппаратым и УнафэщI ФочыщIэ На­тальерэ яритыжащ.
КъБР-м и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэ­сыныпхъэ-энергетикэ IуэхущIапIэхэмкIэ и комитетым Кебеков Владимир къыхагъэкIащ, «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» ­партым и депутатхэм я палатэм и советым и унафэщIым и къуэдзэу зэрыха­-      хам къыхэкIыу.
ЗэIущIэм япэ еджэгъуэм къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2019 гъэм, 2020-2021 гъэхэм ­яте­щIыхьауэ» КъБР-м и хабзэм и проектыр. КъБР-м финансхэмкIэ и минист- рым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лисун Еленэ жиIащ 2019 гъэм республикэм и хэ­хъуэр сом мелард 31-рэ мелуан 60,6-м зэрынэсынур, къигъэсэбэпыну зыхуеи-нур сом мелард 30-рэ мелуан 37,8-рэ зэрыхъунур. «Налог ахъшэмрэ налогым щымыщ нэгъуэщI хэхъуэхэмрэ сом мелард 11-рэ мелуан 346,8-рэ къыхэкIы-нущ. Къэбгъэлъагъуэмэ, а бжыгъэм и процент 95-р налог хэхъуэхэращ (сом меларди 10-рэ мелуан 741,6-р). 2019 гъэм ­КъБР-м и бюджетым федеральнэ ахъ-шэу къыIэрыхьэнущ сом мелард 19-рэ мелуан 713-рэ. Абы щыщу сом меларди 5-рэ мелуан 329-р мурад пыухыкIахэм тедгъэкIуэдэну ди мурадщ. Сом меларди 2-м нэблагъэр хуэдутIыпщынущ мэкъу­мэш IэнатIэм елэжьхэм защIэгъэкъуэ­ным. Къэрал щIыхуэр зытегъэкIыным сом мелуан 401,5-рэ хухэтхынущ», - жи-Iащ къэпсэлъам.
Депутатхэм къыхагъэщащ егъэджа­кIуэхэм я улахуэр 2019 гъэм щIышылэм         и 1-м къыщыщIэдзауэ къэпщытэжыным, бюджет IэнатIэ Iутхэм ику иту къахь лэжьапщIэм хэгъэхъуэным, курыт шко­литIрэ сабий гъэсапIитIрэ къызэIухы-ным, школкIуэгъуэ ныбжьым нэмыса­- хэм я IуэхущIапIэхэм зегъэубгъуным те­кIуэдэнур къалъытэн зэрыхуейр.
КъБР-м фIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и уна­фэщI Бгъэжьнокъуэ Зурьят жиIащ 2015 гъэ лъандэрэ «Къуажэ дохутыр» ­программэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэ­ры­щы­щамыгъэзащIэр икIи щIэупщIащ 2019 гъэм ар бюджетым къызэрыхалъытам. Лисун Еленэ жиIащ программэр, нэхъ пэжу жыпIэмэ, дохутырхэм я мызакъуэу, къуажэхэм щылажьэ медицинэ лэжьакIуэхэм защIэгъэкъуэным зэрытеухуар икIи а Iуэхум къэкIуэну илъэсым сом мелуан 91-рэ зэрыхухахынур (сом мелуан 54,6-р федеральнэ ахъшэу).
ЗэIущIэм депутатхэр арэзы щытехъуащ хамэ къэралхэм къикIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым патенткIэ щылажьэхэм ят налогыр 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ хуэдитIкIэ хэгъэхъуэным. Абы тепсэ­лъы­хьащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим. Мы зэманым зи гугъу ящI лэ­жьакIуэхэм мазэ къэс бюджетым сом 2023-рэ ират. 2018 гъэм и щIышылэ - накъыгъэ мазэхэм республикэм ику иту къыщахь улахуэр сом мин 25-рэ 140-рэ зэрыхъуам къыхэкIыу, щIыналъэм щып­сэухэм я налогыр сом мини 3-рэ 268-м щIигъуащ. Министрым зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ щытыкIэм къегъэлъагъуэ хамэ щIыпIэ къикIауэ мыбдеж щылажьэм ит налогыр процент 38-кIэ  зэрынэхъ ма­-щIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэум ейм нэхърэ. Абы къыхэкIыу, 2019 гъэм ­хамэ къэралхэм къикIахэм мазэ къэс ­республикэм и бюджетым сом мини 4-м ­щIигъу иратын хуей хъунущ. «Нэхъыщ­хьэращи, дэ ди гугъэщ визэ къыщамыгъэсэбэп къэралхэм къикIыу респуб­ликэм лэжьакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэр абы нэхъ мащIэ ищIыну, апхуэдэ щIы­кIэкIэ щIыналъэм щыпсэухэм Iэмал нэхъыбэ яIэнущ лэжьыгъэ ягъуэтынымкIэ», - къыхигъэщащ министрым.
Депутатхэм къащтащ «Къэбэрде­й-Балъкъэрым и бюджетымрэ ФIэ­кIы­пIэ зимыIэ медицинэ страхованэм и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2019 гъэм, 2020 - 2021 гъэхэм ятещIыхьауэ», «Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIы кодексым зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ­нэгъуэщI щIыналъэхэм ярищIылIэ зэгурыIуэныгъэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и ­хабзэхэм я проектхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ КъБР-м и Парламентым  и  Регламентым. Ап­хуэ­дэуи КъБР-м и Парламентым и еханэ зэ­хуэсым и ЩIалэгъуалэ палатэм хагъэ­хьахэм арэзы техъуащ. Абы цIыху 45-рэ хэтынущ: 13-р республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэщ, 14-р - щIыпIэ жы­лагъуэ IуэхущIапIэхэм, 10-р еджапIэ­хэм я студент советхэм, 8-р урысей по­литикэ партхэм я щIыналъэ къудамэхэм щыщщ.
Егоровэ Татьянэ депутатхэр къыхуриджащ дыгъэгъазэм и 12-м КъБР-м и Парламентыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум къыхэкIыу екIуэкIыну Iуэхугъуэхэм жыджэру хэтыну.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.