Чемпионхэм я лигэр и плъапIэт

«Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэныкъуэу щытауэ иджы Павловскэ станицэм и «Кубань-Холдинг»-м дэщIыгъуу Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым хыхьэну ерыщу хущIэкъу ДыщэкI Аслъэн къэкIуэну дахэ зиIэ ди щIалэщIэхэм хабжэрт илъэс зыбгъупщI ипэкIэ. Уеблэмэ ар щIэхъуэпсырт дэтхэнэ зы футболистми и плъапIэ Европэм и Чемпионхэм я лигэм щыджэгуну.
1987 гъэм и пэщIэдзэм ДыщэкI Аслъэн Бахъсэн къалэм къыщалъхуащ. Топ джэгуным зыщыхуигъэсэн щыщIидзари аращ. Ебгъуанэ классым щыщIэдзауэ махуэ къэс Налшык къакIуэу хуежьащ и Iэзагъым хигъэхъуэн папщIэ, сыти жыIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм абыкIэ Iэмал нэхъыбэ щыIэт.
Премьер-лигэм а лъэхъэнэм уей-уей жригъэIэу щыджэгу «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупым и тренер нэхъыщхьэ Гъубж Вячеслав гу къылъитэри, и лъахэгъур (ар езыри Бахъсэн щыщщ) командэм хигъэхьащ. А зэманым щыIа «Цыган», «Возвращение Будулая» кинофильм цIэрыIуэхэм хэт цыджанхэм, и щхьэц фIыцIэ унтIэрэзахэм папщIэ иригъэщхьу, и анэшхуэм къыфIища «Буди»-кIэ зэджэ щIалэщIэр абы псынщIэу хэзэгъащ. АрщхьэкIэ футбол школыр къиуха иужькIэ Ростов областым и Шахты къалэм ягъэкIуащ, балигъхэм яхэту и зэфIэкIым хигъэхъуэн папщIэ. АрщхьэкIэ и щхьэ IуэхукIэ къимыгъэзэжу хъуакъым икIи «Спартак-Налшыкым» и дублёрхэм 2007 гъэм хагъэхьащ.
А илъэсым къэхъуащ ДыщэкI Аслъэн нобэми IэфIу и гум къина Iуэхугъуэр. Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIауэ екIуэкI зэхьэзэхуэм и 1/8-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъат къэралым щыпашэхэм ящыщ Къэзан и «Рубин»-р. Ди командэм и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ мурад ищIащ абы щIалэгъуалэр щигъэунэхуну икIи нэгъуэщI къэралхэм къикIахэри куэду зыхэт Тэтэрстаным и къалащхьэм и футболистхэм япэщIигъэуващ куэдрэ игъэджэгуну Iэмал хузимыIэхэр.
УридэкIуеину уэшхышхуэ къешхыу щытами, абы и зэранкIэ уэздыгъэхэр ункIыфIу зэIущIэр сыхьэт ныкъуэкIэ зэпагъэун хуей хъуами, ди щIалэщIэхэм я хьэрхуэрэгъу лъэщыр 3:2-уэ хагъэщIащ. ТекIуэныгъэр «Спартак-Налшыкым» къыхуэзыхьу Кубокым ехьэлIа финалым и 1/4-нэ Iыхьэм зыгъэкIуа топыр Къэзан и «Рубин»-м худэзыгъэкIар ДыщэкI Аслъэнт. Нобэ хуэдэу си нэгу щIэтщ абы щыгъуэм стадионым диса мин пщыкIутхум нэблагъэм дэрэжэгъуэ диIам и куэдагъыр. ГуфIэгъуэр нэхъ иныж ищIырт хьэщIэхэм худагъэкIа топищри адыгэ щIалэхэм къазэрехъулIам. ЗэкIэлъхьэужьу къыхэжаныкIат абы щыгъуэм щIалэщIэ дыдэхэу ДзыхьмыщI Марат, Джатэрывэ Къазбэч, ДыщэкI Аслъэн сымэ.
Апхуэдэу щыт пэтми, хамэ щIыпIэхэм къикIахэр куэду щетIысэха «Спартак-Налшыкым» хэту ди лъахэгъухэм Урысей Федерацэм и премьер-лигэм нэсу зыкъыщагъэлъэгъуэну Iэмал иратакъым. ДыщэкI Аслъэни къыжраIащ ди командэм щIэх зэрыхамыгъэхьэнур икIи нэхъ щыпсыхьын хуэдэу Дон Iус Ростов ягъэкIуащ, япэ дивизионым хэт СКА-м и гупым щыджэгуну.
Пэж дыдэуи, адыгэ щIалэм и къарур абы щызэрыубыдащ. КъищIащ балигъхэм уахэту сыт щыгъуи уджэгуныр зищIысыр. АрщхьэкIэ бэджэнду зэрата пIалъэр иухыу, Налшык къигъэзэжа щхьэкIэ зыми зихъуэжатэкъым - аргуэрыжьти, тегъэщIэн ящIыр хамэ щIыпIэ къикIа футболист лъапIэхэрат. Аргуэру бэджэнду ятыну мурад ящIащ - иджы Новгород Ищхъэрэ. Зэпсэлъэныгъэхэр кIыхьлIыхь хъури, япэ дивизионым щыджэгунухэр щатх пIалъэр икIащ. Къэнэжыр етIуанэ дивизионрати, Ставрополь и «Динамо»-м ягъэкIуащ. 2009 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм ДыщэкI Аслъэн абы 8 къыщыхэжаныкIащ икIи зэгуэрым къэралым и щIалэгъуалэ командэ къыхэхар зыгъасэу щытауэ иджы ставрополдэсхэм я тренер нэхъыщхьэ Стукалов Борис къиутIыпщыжыну хуейтэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Омск и «Иртыш»-м къыщыхутащ, абы хагъэхьэну къыщызыкIэлъыплъ Гуэщокъуэ Арсен и жэрдэмкIэ. Хьэлэмэтращи, Арсен къанэри, Аслъэн гупым хагъэхьат.
Сыбырым унагъуэ насып щигъуэтами, топ джэгум и Iуэхур къыщикIакъым ДыщэкIым. А щIыпIэм щыщ Настя (муслъымэн диныр къищта иужькIэ Хьэнифэ зыфIищыжащ) щхьэгъусэ ищIри, быни зэдагъуэтащ. Зыхыхьа Омск и «Иртыш»-м улахуэр щагъэгувэ е къыщрамытыххэ къэхъурти, зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэр иуха иужькIэ къыхэкIыжри, «Спартак-Налшыкым» къигъэзэжащ икIи 2010 гъэм и етIуанэ Iыхьэр ди деж щригъэкIуэкIащ.
ФокIадэм (сентябрым) и 20-м Урысей Федерацэм и премьер-лигэм япэу зыкъыщигъэлъэгъуэну ДыщэкI Аслъэн къыхуихуащ. ЗанщIэу зыпэщIэхуари ди командэр зэи зытемыкIуа Мэзкуу и «Спартак»-рщ. Абы щыгъуэми налшыкдэсхэр 0:2-уэ къыхагъэщIами, адрейхэм ядэхъуащ. ИужькIэ «Локомотив»-ми, нэгъуэщI гуп лъэщхэми хуэфэщэну япэщIэтащ.
- Си хъуэпсапIэщ «Спартак-Налшыкым» зыщызгъэбыдэну, иужькIэ Чемпионхэм я лигэм сыщыджэгуну, - жиIат Къэзан и «Рубин»-р хагъэщIа иужькIэ ДыщэкI Аслъэн. - Хуабжьу сигу ирохь Джатэрывэ Къазбэч, Месси Лионель, Анри Тьерри сымэ я Iэзагъыр икIи апхуэдэхэм ещхь сыхъуну си плъапIэщ.
«Спартак-Налшыкым» хэзыгъэхьэжа Красножан Юрэ а илъэсым и кIэухым Мэзкуу Iэпхъуащ, щIыпIэ «Локомотив»-р игъэсэну. Абы и пIэкIэ ди гупым и тренер нэхъыщхьэу ягъэува Ещтрэч Владимир, жагъуэ зэрыхъущи, тегъэщIапIэ ищIар нэгъуэщIхэрщ. Арати, ДыщэкI Аслъэн аргуэру хамэ щIыпIэхэм къыщыщIидзащ. Ар здэщымыIар укIуэдыж - «Динамо-Ставрополь», «Мостовик-Приморье», «Кавказтрансгаз-2005», «Ангушт», «Сибирь», «Волгарь», «Армавир»… 2014 - 2015 гъэхэм зэхэта зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкым» и щIыхьыр ихъумащ.
Нэгъабэ и гъэмахуэм хыхьащ етIуанэ дивизионым и япэ гупым зыкъыщыгъэлъэгъуэн щIэзыдза Павловскэ станицэм и «Кубань-Холдинг»-м. ПэщIэдзэ зэIущIэхэм щегъэжьауэ командэщIэм щыпашэ хъуащ икIи зыкъомкIэ и фIыгъэщ зэхьэзэхуэм бжьыпэр зэрыщаIыгъыр. Ар наIуэ тщищIащ иджыблагъэ «Спартак-Налшыкым» абы дригъэкIуэкIа зэIущIэм.
Дызэрыщыгъуазэщи, егъэжьэжыгъуей хъуа щIымахуэм мы гъэм зыщиIэжьащ Кавказ Ищхъэрэми. Гъатхэпэм и 24-м Павловскэ станицэм щекIуэкIа зэIущIэр абы и зэранкIэ футболистхэм хуабжьу къайхьэлъэкIащ: уэс къэткIужам джэгупIэ губгъуэр апхуэдизу хьэлъэ ищIати, топыр псы инам щIэх-щIэхыурэ хэнэрт, щIалэхэр увыIэгъуэ имыIэу цIантхъуэрт. А щытыкIэм нэхъ псынщIэу есащ ДыщэкI Аслъэн зи пашэ хэгъэрейхэр. Ахэр Iэмал имыIэу мы зэIущIэм щытекIуэн хуейт, блэкIа джэгугъуэм турнир таблицэм бжьыпэр зэращыIэщIэкIар ягъэзэкIуэжын папщIэ.
ЕтIощIанэ дакъикъэм ирихьэлIэу «Кубань-Холдинг»-м и тепщэныгъэр хуабжьу ин хъуащ. Абы и ебгъэрыкIуэныгъэхэр зым нэхърэ адрейр нэхъ шынагъуэжт. Къапщтэмэ, Бугаевыр зымащIэкIэщ топым зэрылъэмыIэсар, ди гъуэм къыдигъэкIын папщIэ. КъыкIэлъыкIуэу Крамаренкэ штангэм техуащ. А псом иужькIэ ди щIалэхэм футбол хабзэр я гъуэм пэмыжыжьэу къызэпаудащ. Пенальти. Ар игъэзэщIэну бгъэдыхьащ мы зэIущIэм нэхъ жыджэр дыдэу хэгъэрейхэм яхэт ДыщэкI Аслъэн. Метр пщыкIузым и деж щагъэтIылъа топым еуэн папщIэ губгъуэ псыфым ди лъахэгъум тэмэму щызричыфакъым икIи абы и удыным Антипов Антон къригъэгъэзащ. АрщхьэкIэ къэлъеижа топым япэу нэсар Аслъэнщ икIи бжыгъэр къызэIуихыну хузэфIэкIащ.
«Спартак-Налшыкым» хуэфэщэн жэуап занщIэу игъэхьэзырыну хузэфIэкIакъым. Абы и гъуащхьауэхэм ящыщ Гугуев Магомед цIантхъуэу, нэхъ пасэIуэу фэбжь зэригъуэтам зыкъомрэ закъригъэщIащ. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэщ ар къащехъулIар.
Джэгум и етIуанэ Iыхьэр ди щIалэхэм апхуэдизу лъэщу ирагъэжьати, гугъэфIхэр дагъэщIат. 53-нэ дакъикъэм ахэр нэхуапIэ хъуным зы мащIэ дыдэщ иIэжар. «Кубань-Холдинг»-м и футболистхэм ящыщ зыр Хьэшыр Алан зэуа топым я гъуэм пэмыжыжьэу IэкIэ еIусащ. Аргуэру пенальти! Иджы хэгъэрейхэм я гъуэм. Ар игъэзэщIэну бгъэдэхьащ апхуэдэ Iуэхугъуэхэр хъарзынэу къызэхъулIэ Пащты Руслан. Зэрихабзэу, «Спартак-Налшыкым» и капитаныр лъэщу еуащ. АрщхьэкIэ хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетым абы къригъэгъэзэфащ.
ИужькIи Iэмал хъарзынэ зыбжанэ ди командэм иIащ, нэхъ мыхъуми бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжын хуэдэу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Пащты Русланрэ Iэпщацэ Маратрэ зэуа топхэми «Кубань-Холдинг»-м и гъуащхьэтетыр пэлъэщащ.
Я Iуэхур щымыхъум налшыкдэсхэр къэлыбащ. Ахэр игъэупщIыIужын папщIэ зэIущIэм и судья нэхъыщхьэм джэгум зэкIэлъхьэужьу къыхихун хуей хъуащ Мэкъуауэ Залымрэ «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Зауррэ. А псом иужькIэ зы очко нэхъ мыхъуми ущIэхъуэпсыныр щхьэгъэпцIэжт. ДыщэкI Аслъэн зи гъуащхьэхъумэныкъуэ «Кубань-Холдинг»-м, дауи, текIуэныгъэр зыIэщIигъэкIакъым икIи япэ дивизионым хуэзышэ гъуэгум ар лъэ быдэкIэ ирокIуэ.
Мы зэIущIэм и пэ къихуэу ДыщэкIым журналистхэм яжриIат «Спартак-Налшыкыр» зэи игу зэримыхунур. «Ар си етIуанэ унэщ икIи дапщэщи гуапэу къыщысIуощIэ, - къыхигъэщащ абы. - Апхуэдэу щыт пэтми, сэ нобэ зи щIыхьыр схъумэр нэгъуэщI командэщ икIи ар текIуэн папщIэ схузэфIэкI псори злэжьын хуейщ. СыхущIэкъунущ си лъахэгъухэри пщэдей хэзгъэщIэну - ар спортщ».
ДыщэкI Аслъэн и псалъэр игъэпэжащ. «Спартак-Налшыкым» щыдэджэгуами аращ «Кубань-Холдинг»-м нэхъ жыджэр дыдэу хэтар. Абы къытхудигъэкIа топ закъуэращ дыкъыхэзыгъэщIари. АрщхьэкIэ ди командэм хэтхэми дэщIхэми ар зыкIи ягъэкъуэншакъым. Уеблэмэ, дэрэжэгъуэ къаритащ, и ныбжьыр илъэс 34-м щIигъуами, и зэфIэкI лъагэм зэрыхэмыщIам икIи IэплIэешэкIакIэ джэгупIэ губгъуэм ирашыжащ.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н

15.04.2024 - 16:03

АГУИЙ И IЭХЭЛЪАХЭМ

Испы-унэ телъыджэ