Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, СурэтыщIхэм я урысей академием, СурэтыщIхэм я дуней- псо федерацэм щIыхь зиIэу хэта Акъсырэ МуIэед и лэжьыгъэхэр. Выставкэр къызэрагъэпэщащ художникыр къызэралъхурэ илъэс 90 мазаем и 23-м зэрырикъуам и щIыхькIэ.
Зэрагъэпэщыжу къызэIуахыжа музейм и пэшхэр нэхъ хуит, екIу икIи нэху хъуами ярейуэ, абы щагъэлъагъуэ сурэтхэм гухэхъуэгъуэ къуатырт.
IуэхущIапIэм и унафэщI Рехмен Еленэ фIыщIэ яхуищIащ Акъсырэ МуIэед и къуэ Михаилрэ и нысэ Викториерэ, выставкэр къызэрагъэпэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къазэрыхуэхъуам папщIэ.
- Акъсырэ МуIэед сцIыхуу щымытами, быдэу си фIэщ мэхъу ар цIыхуфIу зэрыщытар. Абы щыхьэт то-хъуэ художникым къыщIэна лэжьыгъэ купщIафIэхэр, щIыуэпсым и дахагъэр къыпхуэмыIуэтэну къыщигъэлъэгъуа и сурэт телъыджэхэр, и лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэ- хэр къызэрыщхэр, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Темыркъан Геннадий игу къигъэкIыжащ я IуэхущIапIэр къыщызэIуахагъащIэм япэу хыхьахэм Акъсырэр зэращыщыр икIи абы и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIар, МуIэед и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр нэгъуэщIхэм къазэрыхэпцIыхукI хъэтI, плъыфэ зэхэлъхьэкIэ зэриIар икIи зи лэжьэгъухэр, зи щIыналъэр фIыуэ зылъагъу цIыхуу ар игу къызэринэжар.
Акъсырэ Викторие фIыщIэ яхуищIащ музейм и лэжьакIуэхэм, выставкэм зыкърезыгъэхьэлIа министрым, МуIэед и творчествэр, къыщIэна лэжьыгъэхэр фIыуэ зылъагъу- хэм.
Музейм и выставкэ къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ къыхигъэщащ Акъсырэ МуIэед Къэбэрдей-Балъкъэрыр, езыр къыщалъхуа Псыгуэнсу къуажэр фIыуэ илъагъуу зэрыщытар, республикэм и щIыуэпсым и дахагъэр къызэрыщ лэжьыгъэ куэд и Iэдакъэ къызэрыщIэкIар, и сурэтхэм цIыхухэр еплъыху абы и фэеплъыр зэращымыгъупщэнур.