Хущхъуэщ псалъэ гуапэри

Илъэс 35-рэ хъуауэ Бахъ­сэн район сымаджэщым и хирургие къудамэм медсестрауэ щыIэ Бакъ Марие и пщIыхьи къыхэхуэртэкъым зэгуэр зыпэрыт IэнатIэр ихъуэжыну.
- Медицинэ училищэр къызэрызу­хыу мы сымаджэщым сыкъэкIуауэ щытащ. Пэжыр жысIэнщи, сыкъы­зыхэхуа гупыр япэ махуэхэм щегъэ­жьауэ си гум къыдыхьат. Гуапэу къы­с-IущIат, лэжьыгъэм сыхэ­гъуэ­зэхукIэ IуэхукIи чэн­джэщ­кIи зыкъысщIагъэ­къуащ. Иужь­кIи гуп зэкъуэту дыкъы­зэдэ­гъуэгурыкIуащ. Ко­­ронави-рус уз зэ­рыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэр ­кIуэ пэтми нэхъыбэ щыхъум, мурад сщIащ госпиталым сы­щы­лэжьэну. Сымаджэ­щым и унафэщIхэми а гуп­сысэр ­къы­щыздаIыгъым, тегуш­хуауэ Iуэхум иужь сихьащ, - жеIэ Марие.
2020 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм ­щегъэжьауэ мы илъэ­сым и гъатхэпэ пщIондэ Бакъыр щыIащ Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м хэт гос­питалым узыфэ зэ­рыцIалэхэмкIэ и ­етIуанэ къудамэм. Марие щылэжьар сымаджэ нэхъ хьэлъэхэр зыщIэлъырщ. ГурыIуэгъуэщ, дауи, ар зыпэрыхьа Iэ­натIэри зэрыгугъур. Ауэ Iуэхум и пIалъэ фIыуэ зыщIэ бзылъхугъэр псынщIэу хэзэгъащ икIи зэрыхузэфIэкIкIэ и дэIэпы­къуныгъэр ялъигъэсу сымаджэхэм якIэлъыплъащ. Гулъытэ зиIэ, гущIэгъу зыхэлъ Бакъ Марие дэтхэнэми бгъэ­дыхьэкIэ щхьэхуэ къы­хуе­гъуэ­тыф, и псалъэ гуапэ­хэм­кIэ игъэгушхуэу яхэтщ.
- Ди лэжьыгъэр нэхъ гугъу къыт­щы­зыщIыр узым зэ­ры­зыщытхъумэ щыгъын мы­тыншырт, - жеIэ Бакъым. - Псом хуэмыдэу хьэлъэт гъэмахуэм ар пщыгъыну, псы уефэну, уи нэкIу къэп­щIэнтIар плъэщIыну Iэмал уимыIэу, уеблэмэ тэмэму зыпхуэгъэхъейртэкъым. Иу­жьым нэхъ десэжащ. Ауэ а ­гугъуехьри пщхьэщихырт, узым зи ­псэм гузэвэгъуэ трилъхьауэ щыта сымаджэр хъужауэ щыплъагъукIэ.
Мазэ бжыгъэкIэ уи благъэ-Iыхьлыхэр умылъагъуу улэ­жьэныр ар гъэу­нэху­ны­гъэшхуэщ. Сани­тар-эпиде­миологие шынагъуэншагъэм къигъэув хабзэхэм ящыщти, ахэр унэм кIуэж ­хъуртэкъым.
- Ди зыгъэпсэхугъуэ зэманри ­хъар­зынэу къызэрагъэпэщат. Япэ­щIыкIэ «Грушевая роща», иужькIэ ­«Вершина» санаторэхэм ды­щыпсэуащ. Ды­зыщIэс пэш­хэр къабзэт, хуитт, ерыскъыкIи къыдэгугъуащ, ды­зыхуеину хьэпшып псори щыдгъуэту апхуэдэт. Республикэ унафэщIхэми, ды­щы­лажьэ госпиталым и нэхъыщхьэми сытым дежи я нэIэ къыттрагъэтащ, - къыхегъэщ Марие.
Бакъыр лэжьыгъэм псэ хьэлэлу ­зэ­рыпэрытыр гулъытэншэ хъуакъым. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зе­мыгъэубгъунымкIэ ирагъэкIуэкIа Iуэ­хухэм и гуащIэ зэрыхилъхьам, и IэщIагъэм зэрыхуэпэжым папщIэ Марие къыхуагъэфэщащ Къэ­бэр­дей-Б­а­лъ­къэр Респуб­ли­кэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкI ФIыщIэ тхы­лъыр.

Бакъ Мадинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.