КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Шэджэм щIыналъэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэбэт кIуам лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Шэджэм щIыналъэм.
Республикэм и Уна­фэ­щIым щIыгъуащ Шэджэм муниципаль­нэ щIы­налъэм и щIыпIэ ад­министрацэм и Iэтащхьэ Борсэ Юрий, КъБР-м ухуэ­ныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и ­министр Бэрбэч Алим, ­КъБР-м спор­тымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, ухуа­кIуэ Iуэ­хущIапIэхэм я уна­фэщIхэр.
КIуэкIуэ Казбек щыIащ «Спортыр ди псэукIэм и мардэщ» къэрал проектым хыхьэу 2020 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм щаухуа универсальнэ спорт залым. Проектыр гъэзэщIэным хуау­тIып­щауэ щытащ сом мелуан 48,5-рэ. Залым щIэлъщ баскетболым, волейболым, футбол цIыкIум зэ­рызыхуагъасэ Iэмэп­сы­мэхэр, тренажер пэшрэ фитнес-центрри хэтщ. Спортзалым зыгъэпскIы­пIэ, гъэсакIуэхэм, медици­нэ лэжьакIуэхэм я пэшхэр, массаж щащI щIыпIэ хэтщ. Ухуэныгъэр спортым дихьэх дэтхэнэри, абыхэм зи узыншагъэмкIэ дагъуэ зи­Iэхэри яхэту, зыхуеину псом­кIи къызэгъэпэщащ.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм щы­гъуа­зэ зищIащ мыбы зэрызыщагъасэ щIыкIэм, спортсмен ныбжьыщIэхэм яIущIащ икIи епсэ­лъылIащ, ехъулIэныгъэ лъагэхэр зы­Iэрагъэхьэнуи ехъуэхъуащ. ГъэсакIуэхэр КIуэкIуэ Казбек дэгуэшащ я мурадхэмкIэ, щхьэлыкъуэ­дэсхэр нэхъыфIхэм хабжэу къы­зэрекIуэкIыр, спорт и лъэныкъуэкIэ я ехъулIэныгъэхэм я щыхьэту кубок 34-рэ зэраIэри жаIащ.
КIуэкIуэ Казбек апхуэдэуи щы­Iащ цIыкIуи 140-м ятещIыхьауэ Щхьэлыкъуэ къуа­жэм щаухуа сабий ­садми. Ар «Демографие» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, цIыхубзхэм IэнатIэ яIэ­нымкIэ защIэгъэкъуэным хуэунэтIа программэм хы­хьэу яухуащ - илъэсищ иримыкъуахэм щадэлэжьэным хуэщIащ IуэхущIапIэр. Сом мелуанищэм щIигъу зыхухаха а ухуэныгъэр унитхуу зэхэтщ. Абыхэм хэтщ цIыху тIощI-тIощI хъууэ гупибл зыщIэхуэну Iыхьэхэр (сабийхэм щадэлажьэ пэшыш­хуэр, щыжей, зытIэщIыпIэ-зыхуэпапIэ, хьэпшып гъэ­гъущыпIэхэр, шхынхэр ­щы­зэ­рахьэ, къабзагъэм щы­­кIэ­­лъыплъ пэшхэр хэтщ дэтхэнэми). КъимыдэкIэ, медицинэ, процедурнэ кабинетхэр, щыжьыщIэ, ету щытрадзэ щIыпIэхэр яIэщ, макъамэм щыхурагъаджэ, сабийхэм я Iэпкълъэпкъым зыщрагъэукъуэдий, пщэ­фIа­пIэ, къуэдзэщ хуэдэ-хэмкIэ къызэгъэпэщащ. Сабий садым езым иIэжщ унэр зэрагъэплъ хьэкухэр, трансформатор подстанц, дизель-генератор хуэ­дэхэр. Зэман гъунэгъум сабий са­дым екIуалIэу щIадзэнущ сабийхэр.
КIуэкIуэ Казбек ухуакIуэ­хэр хъар­зынэу зэрылэжьар, и теп­лъэкIи садыр зэры­дахэр, дэб­гъуэн зэрыщы­мыIэр къыхигъэщащ, щIэб­лэм щадэлажьэ IуэхущIапIэ псори екIуу, сабийхэр зыгъэгуфIэу щытын зэрыхуейри дыщIигъуащ.
Яныкъуей къуажэм щы­кIуам Iэтащхьэм зыщип­лъыхьащ физ­культурэ-узын­­шагъэр щрагъэфIа-кIуэ комплексым. Ар 2018 гъэм къуа­жэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ухуэн щIа­дзауэ щытащ псапащIэ Iуэ­хухэм хухаха мылъку­кIэ. 2019 гъэм республикэр а про­ектыр гъэзэщIэным хыхьащ: къэрал-уней зэдэ­лэ­­жьэныгъэм ипкъ иткIэ ухуэныгъэм хухахауэ щытащ республикэ, муниципаль­нэ бюджетхэм щыщ мылъку. Дызэрыт илъэсым республикэ бюд­жетым щыщ мылъкукIэ ухуэныгъэр яухыну я мурадщ.
КIуэкIуэ Казбек апхуэдэу щыIащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Байсултанов Алим и унэ-музейуэ а къуа­жэм дэтым. Республикэм и Iэтащхьэм удз гъэгъахэр и­гъэ­тIылъащ ЛIыхъужьым и бюстым деж, музейм зыщиплъыхьащ. Абы кхъухь­лъатэзехуэ-истребитель хахуэм и гъащIэм теухуа дэф­тэр уасэншэхэр щызэхуэсащ. ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу 2020 гъэм зэфIагъэкIыну яубзыхуауэ щыта Iуэху­хэм хыхьэу музейр зэ­рагъэпэ­щыжауэ щытащ.
КIуэкIуэ Казбекрэ лIы­хъужь хахуэм и къуэшым и къуэ Байсултанов Русланрэ тепсэлъыхьащ музейр адэкIи гъэлэжьэным ехьэ­лIа Iуэхухэм, щэнхабзэм рес­публикэ мыхьэнэ зиIэ и IуэхущIапIэхэм ар яхэгъэ­хьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм. «Ар щIыхь зиIэ цIыхуу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэжу щытащ, щIэблэм я дежкIэ щапхъэ нэсщ. ­Апхуэдэхэм я фэеплъыр ­хъумэн, гъэлъэпIэн хуейщ», - къыхигъэщащ республикэм и УнафэщIым.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н