ЦIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм топсэлъыхь

КIуэкIуэ Казбек мазаем и 9-м иригъэкIуэкIащ республикэм хуэмыщIауэ щып­сэухэм социальнэ и лъэ­ныкъуэкIэ защIэгъэ­къуэнымкIэ щыIэ хэ­кIы­пIэхэр щызэпалъыта зэIущIэ.
Зэхуэсым хэтащ ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий, ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Ад­ми­нист­рацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Парламентым Лэ­жьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен, КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и къуэдзэ Хъу­бий ­Марат, КъБР-м финанс­хэмкIэ и министр Лисун Еленэ, КъБР-м лэ­жьыгъэмрэ цIыхухэм со­циальнэ и лъэныкъуэкIэ къащ­хьэщы­жы­нымкIэ и ­министр Асанов Алим, ­КъБР-м узыншагъэр хъумэ­ным­кIэ и ми­нистр ­Къ­а­лэбатэ Рустам, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Тюбеев Альберт.
ЩIыналъэм и Унафэ-щIым зэIущIэм зыщытеп­сэ­лъыхьынухэм яхигъэхьащ республикэм щыпсэухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэу хущхъуэ пщIэншэу зратыну хуитыныгъэ зиIэ-хэр абыхэмкIэ, сабийхэр шхынкIэ къызэгъэпэща зэ­ры­хъур; ныкъуэдыкъуэхэм защIэгъэкъуэныр, цIыху хэхахэм социальнэ дэIэпы­-къу­ныгъэхэр иратыныр. «Абы­хэм ящыщ дэтхэнэ зы Iуэхуми социальнэ мыхьэнэшхуэ иIэщ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. Абы зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ илъэс кIуам цIыхухэм дэIэпыкъуны-гъэш­хуэ зэрыратар. «Зэи къэмыхъуа щытыкIэ ко­ро­навиру­сым къыщыдэкIуэм, цIы­ху­хэм а щытыкIэ къ­ы­зэрымы­кIуэм хуэфэщэжын дэ­Iэ­пы­къуныгъэ еттын ­хуейуи къытхудэкIащ - мылъкуу тедгъэкIуэдэнумкIи лэжьыгъэу зэфIэдгъэ­кIыпхъэмкIи. Псори зэхэту сом мелард 17-м щIигъу ятедгуэшащ республикэм щыпсэухэм. Ар хуэдэ куэдкIэ нэхъыбэщ илъэс блэкIахэм цIыхухэм яIэрыхьахэм нэхърэ».
КIуэкIуэ Казбек къигъэ­нэIуа дэтхэнэ зы упщIэмкIи я Iуэхур зыIутым республикэм и Iэтащхьэр щыгъуазэ ящIащ ахэр зэхьэлIа министерствэхэм я унафэщIхэм, хэкIыпIэхэри къагъэнэIуащ. Языныкъуэ Iуэхухэм къэралым и къулыкъущIапIэхэм щыхэплъэн хуейуэ къы­щIэкIащ, адрейхэр елъытащ щIыпIэм абыхэм унафэ зэрыщытращIыхьыфыну щIы­кIэм. Къапщтэмэ, сымаджэхэр хущхъуэхэмкIэ къы­зэгъэпэщыныр елъытащ а социальнэ дэIэпы­къуныгъэр зыхуэгъэзахэр Iуэхум зэреплъым. Куэдым, хущхъуэхэр къыIах нэхърэ, абы и уасэр иратмэ нэхъ ­къащтэ, аращи, псори зэхэту абы трагъэкIуэдэн ­хуей ахъшэм хущхъуэ лъапIэхэр къыщIэкIыжыркъым. Ар цIыхухэм ягурыгъэIуэн хуейщ.
КIуэкIуэ Казбек къаIэта Iуэхухэр зэхьэлIахэм пщэ­рылъ ящищIащ абыхэм я зэфIэхыкIэ хъунум теухуа чэнджэщхэр къыхалъхьэну. «Гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым, и чэзум икIи нэсу абыхэм дэIэпы­къуныгъэ ягъуэтыным. Псом хуэмыдэу ар ехьэ-лIащ сымаджэхэр хущ­хъуэкIэ, сабийхэр шхынкIэ къызэгъэпэщыным. Абыхэм ятеухуа упщIэхэр щыIэщ икIи а Iуэхухэм унафэ тэ-мэм ятещIыхьыпхъэщ, лэ­жьыгъэр тэмэму зэфIэхыпхъэщ. Мылъку лей зыте­кIуэдэн абыхэм къахэкIмэ, ахъшэр къэгъуэтын хуейуэ аращ», - жиIащ щIыналъэм и Уна­фэщIым зэIущIэр щы­зэхуищIыжым.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ

Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж