Гужьгъэжь щремыIэ

Ди къэралым и щIалэгъуа­лэм хэкум лъагъуныгъэ хуа­Iэу къэгъэхъуным теухуа псалъэмакъ аргуэру къежьэжащ, щIышылэ мазэм щыIа абыхэм ящыщ куэд зыхэта зэры­хьзэрийхэм яужькIэ.
Мыпхуэдэ лэжьыгъэм и мы­хьэнэмрэ ар УФ-м Егъэ­джэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей къызэрыгуры­Iуэмрэ зэрызэщ­хьэщыкIыр къызыхэщар ФедерацэмкIэ Советым щекIуэкIа зэIущIэрщ. Абы Кравцовыр къыщыпсэ­лъащ­ щIышылэм и 27-м. Зытепсэлъыхьари «Егъэджэ­ныгъэ» лъэпкъ проектыр гъэ­зэ­щIа зэрыхъурщ.
- Иджыблагъэ къэхъуахэм да­гъэлъэгъуащ иужьрей зэманым куэдрэ зи гугъу тщIы гъэсэныгъэм епха Iуэхухэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. А Iуэху­хэм къызэщIегъэубыдэн ­хуейщ адэ-анэхэри, еджапIэхэм я унафэщIхэри, завучхэри, класс унафэщIым ищIэн ­хуейщ дэтхэнэ сабийри зэгупсысымрэ дэзыхьэхымрэ, - жиIащ абы.
Гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ щимыIа зэман цIыхуцIэ зиIэм и тхыдэм хэтагъэнкъым. Адэ-анэ тэмэмымрэ егъэджакIуэмрэ а Iуэхур гулъытэншэ щащIари дапщэщ? ИтIанэ, сыт хуэдэ класс унафэщI зыхузэфIэкIынур сабий къэс къыдихьэхы­фыну, и гурыгъу-гурыщIэхэр дзыхь зыхуригъэщIыну? Дэнэ абы апхуэдэ зэман къыздрихынури, дерс куэдым ирагъэша, еджапIэ нэужьым иджыри унэ лэжьыгъэрэ, кружокрэ, репетиторым деж кIуэнымрэ къы­зыпэщылъ сабийхэм гупсэ­хуу ядэлэжьэну, епсэлъэну?
Сенатор Гигель Татьянэ жиIащ балигъ ныбжьым нэмыса щIалэгъуалэр хабзэм къе­мы­зэгъ Iуэхум хашэныр гъэсэ­ныгъэр къызэрагъэтIэсхъам и Iэужьу. Ар щIэупщIащ мы лэжьыгъэр ирагъэфIэкIуэ­жыным теухуауэ ящIэну я мурадым.
Министрым и жэуапым къы­зэрыхэщащи, унагъуэмрэ еджа­пIэмрэ мы IуэхухэмкIэ зэдэ­Iэпыкъун хуейщ. Къапщтэмэ, щIапхъэхэм хагъэхьащ мазэ къэс урысейпсо адэ-анэ зэIущIэ ирагъэкIуэкIыну. Къыпищаращ гъэщIэгъуэн дыдэр: «Дэ едгъажьэу аращ, апхуэдэ зэи щымыIауэ».
Е сенаторхэм зы егъэджакIуи яхэмытрэ, нэхъ куууэ Iуэхум щIэупщIэну, е министрыр ирахухьыну хуэмеярэ, сытми, ­ФС-м и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэщ зыри къызэ­ры­мыкI псалъэмакъ зэрекIуэкIамкIэ зэры­мыарэзыр жызыIар. Абы ми­нистрым гу лъригъэтащ зэIу­щIэхэмкIэ, еджапIэ уна­фэщI­хэм гъэсэныгъэ Iуэху­хэмкIэ чэнджэщэгъу яIэ ­хъу­ным­кIэ мы лэжьыгъэр пылъ­хьэншэу пхузэтеублэным ущыгугъуныр зэрыщхьэгъэп­цIэжым. Не­хьэкI-къехьэкI хэ­мылъу абы жиIащ Iуэхум зэ­ремыгупсысахэр, зыгуэр ­къы­пэкIуэнкIэ узы­щыгугъын ­лэ­­жьы­гъи зэра­мыгъэ­бел­джы­лыфар.
- УФ-м и Президентым ауэ сытми къыхилъхьакъым гъэсэ­ныгъэм теухуа хабзэр. Ар къыщытщтэм щыгъуэ вжетIащ программэри, Iуэхухэри, япэ лъэбакъуэхэри къанэ щымыIэу куууэ зэгупсыса защIэу щытын зэрыхуейр. Абы къыхэкIыу дыхуейт ЕгъэджэныгъэмкIэ ми­нис­терствэр, уэ къыбдэ­лажьэ гупыр мы Iуэхум нэхъ тэ­мэму, жыжьаплъэу фегупсысу, къыхэфлъхьэну гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зэIэ­пэгъу зэращIыфын хэкIыпIэрэ лэ­жьэкIэрэ , - жиIащ Матвиенкэ Валентинэ.
Зэрыхабзэщи, къэрал къулы­къу­щIапIэм щатха тхылъымпIэр къызэтегъэувыIэжы­гъуе­йщ. ЕджапIэм и унафэ­щIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэм­рэ сабийхэм я зэ­гу­хьэ­ныгъэхэмрэ Iуэху ядэщIэнымкIэ чэнджэ­щэгъу иIэнущ. А лэжьыгъэр япэу щагъэунэхуну щIыналъэ­хэм хагъэхьащ Брянск, Вологодск, Калининград, Омск, Сахалин, Тюмень, Челябинск ­областхэр, Севастополь къа­лэм­рэ Ставрополь краймрэ. Егъэ­джакIуэ IэщIагъэ зиIэ дэтхэнэри, и н­ыбжь емылъытауэ, хуитщ зэхьэзэхуэнухэм яхыхьэу и чын къикIым еплъыну. Зэ­хьэзэхуэм кърикIуар гъатхэпэм и 21-м нэхъ кIасэ мыхъуу къагъэлъэгъуэнущ. Абы щыте­кIуа­хэр (2500-рэ хуэдиз) я къалэнхэм хурагъэджэнущ гъат­хэпэ-шыщ­хьэуIу мазэхэм къриубы­дэу.
ФIы кърикIуэну дыщыгугъынщ. Къапщтэмэ, цIыху 2500-м лэжьапIэ зэраIэнур мы ди зэманым Iейкъым.
МыдэкIэ. Адэ-анэхэм я зэIущIэ мазэ къэс ирагъэкIуэкIыну зэрыжаIэм зыри хуэмеину икIи къимыкIынIауи къысщохъу. ЗытещIыхьыпхъэри адэ-анэхэр зэрыхущIэмыхьэрщ.
Иджы, нэхъыщхьэу жысIэну сызыхуеяр. ЩIэблэр хэкупсэу къэгъэхъуным щIэлъ гупсысэр ахэр ди нэхъыжьхэм я лIы­хъужьыгъэм и щапхъэм щIэ­пIыкIыныр ара? Шэч хэлъкъым абы щыгъуэзэн зэрыхуейм. Ауэ Хэкум нэгъуэщI теплъи, плъыфи, мыхьэнэи иIэщ. Нэхъыжьхэм хаса е езыр-езыру къэкIа жыг иумыщIыкI, газоным ухэмыхьэу къыпэкIухь, кIэрыхубжьэрыхур дэпхыу псыхъуэм думыкIутэ, ар уи адэ-анэм я унафэми. ЩыIэщ иджыри нэгъуэщI Iуэху «цIыкIуфэкIухэр», сабиипсэм нэхъ тыншу зыхищIэу. Абы илъагъун хуейщ куэбжэр къыIуихмэ къызытехьэ уэрамыр зэрыдахэр, гъуэгукIи жыгкIи зыхуей зэрыхуэгъэзар. ЕджапIэ здэ­кIуэращи, ар и псэм къехуэбылIэу къызэгъэпэщауэ щы­тыпхъэщ, махуэр абы щагъэкIуэн хуей щыхъукIэ. А еджапIэм псыгуэн (бассейн) ха­щIыхьамэ, ар хьэщIэщым хуэдэу щымыту, сабийхэр ­хэ­сын хуейщ. Ягъашхэмэ, ­нэхъыжьхэр елIэлIапхъэщ ерыскъыр зыхуэдэнум (лъатэ, кIэтIий уз сабийхэм къыхамыхыу). Си щхьэкIэ зэи сщы­гъупщэнукъым дыщыцIыкIум къытхутрагъэувэу щыта ­краснодар шеймрэ Лэскэн ­щагъэжьа щIакхъуэмрэ я мэ ­гуакIуэр. Ахэр шхын къабзэт, къы­дэгуауэртэкъым, щIа­кхъуэ­гъэтэджкIэ кудатэкъым. Ар щIыжысIэращи, а щIыкIэм тету тIэкIу-тIэкIуурэ Хэкур зи­щIы­сыр зыхэтщIащ, ди псэмрэ ди Iэпкълъэпкъымрэ щыщ ­хъуащ ди нэгум къыщIэна ­теплъэгъуэхэмрэ цIыхухэмрэ. ИкIи шэч къызытезмыхьэ­ращи, хэкупсэ жыхуэтIэм ­лъаб­жьэ хуэхъур лъа­гъуны­гъэщ, ар­мы­­хъумэ лIы­хъужьы­гъэ­къым. Ап­хуэдабзэуи зы шэч къытесхьэркъым Хэкур бийм щахъумэн хуей хъумэ, къа­лэ уэрамхэм зэрызехьэу ­иджыб- ­­ла­гъэ дэта щIалэгъуа­лэм ­лIыхъужьыгъэ ­къа­­зэ­­рыкъуэ-­ кIынум. Дигу къэд­гъэкIыжмэ, ди Хэкур зыхъумэжахэм, нэ­мыцэ зэрып­хъуакIуэхэм яте­кIуахэм куэду яхэтащ «кулак» жаIами нэ­гъуэщI щхьэусыгъуэ къыхуа­гъуэтами, зи адэ-анэр зыщхьэщача щIалэгъуалэ. Абыхэми гужьгъэжь хуаIащ я унагъуэ­хэм ажалымрэ гузэвэгъуэмрэ къизыхьахэм. Ауэ зауэр­ къы­зэрыхъейуэ псори зыщагъэ­гъупщащ, Хэкур къегъэлын хуейти.
Захуагъэр ныбжьыщIэхэм я Iэпэгъущ, нэгъуэщIуи щытын хуейуэ ящIэркъым, цIыхур ап­хуэдэу къегъэщIри. Ахэр ямыгъэжэкъуэфын папщIэ, щIалэгъуалэм къэралым щызекIуэ хабзэхэр, къалэнхэмрэ хуиты­ныгъэхэмрэ зыхуэдэр едгъэщIамэ мынэхъыфIу пIэрэт? А щIыкIэм тету тхъумэнт, къэ­ралми гужьгъэжь хуедгъэ­щIын­тэкъым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж