КIуэкIуэ Казбек IущIащ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ и министр Файзуллин Ирек

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мазаем и 5-м Москва щыIущIащ Урысей Федерацэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ и министр Файзуллин Ирек.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «ПсэупIэ» щIыналъэ проектыр Къэбэрдей-Балъкъэрым 2020 гъэм зэрыщагъэзэщIам къри­кIуахэм, ухуэныгъэ IэнатIэмрэ ЖКХ-мрэ 2030 пщIондэ зегъэужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
2020 гъэм республикэм щатащ псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мин 500 хуэдиз, ар проценти 5,4-кIэ нэхъыбэщ зыхуагъэувыжауэ щытам нэхърэ. «ПсэупIэ» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ 2021 гъэм я мурадщ псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 513-рэ ятыну. 2030 гъэм ирихьэлIэу а бжыгъэр илъэсым къриубыдэу метр зэбгъузэнатIэ мин 761-м нагъэсыну я мурадщ, илъэсипщIым псори зэхэту ятынущ псэупIэ метр зэбгъузэна­тIэ мелуанибл хуэдиз. Тепсэлъыхьахэщ псэупIэр ипотекэу къыIахыфу щытынми, абы ­къуажэхэми апхуэдэ Iэмалхэр къы­щызэгъэпэщынри хэту.
Щхьэхуэу зэпкърахащ республикэм и жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэща зэрыхъур.
Республикэм щагъэзащIэ «Псы къабзэ» проектыр, абы ипкъ иткIэ 2024 гъэ пщIондэ щIыналъэм къыIэрыхьэнущ сом мелуан 424,4-рэ.
«Псы къабзэ» къэрал проектым хыхьэу республикэм 2020 гъэм щаухуащ е щызэрагъэпэщыжащ объект 32-рэ, псоми зэхэту сом мелуани 160,3-рэ текIуадэу.
2021 гъэм яубзыхуащ цIыхухэр псыкIэ къызэзыгъэпэщ объект 19 яухуэну е зэрагъэпэщыжыну. А лэжьыгъэхэм псори зэхэту сом мелуани 128,2-рэ хухахынущ. А Iуэхум щытепсэлъыхьым хэплъащ республикэм и жылэхэр псыкIэ къызэрызэгъэпэщар ирагъэфIэкIуэным хухаха мылъкум иджыри къыхущIагъунымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
Фэтэр куэд зыхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжын Iуэхум и гугъу щащIым, республикэм и Iэтащхьэм жиIащ цIыху куэдым зэдай мылъкуу щыт, фэтэр куэду зэхэт унэхэр зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа прог­рам­мэм 2020 - 2021 гъэхэм фэтэр куэд зыхэт унэу 160-м щIигъу зэрыхагъэхьар, 2020 гъэм сыткIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ унэ 83-рэ.
ЗэIущIэм и кIэухым КIуэкIуэ Казбек Файзуллин Ирек фIыщIэ хуищIащ Прохладнэ къалэ округымрэ Прохладнэ районымрэ я щIыналъэ сымаджэщ нэхъыщхьэм и хирургие корпусыр иджырей диагностикэ, операцэ щащIкIэ къагъэсэбэп IэмэпсымэхэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэщынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрызыкъыщIигъэкъуам папщIэ - абы папщIэ щIыпIэм къы­хуаутIыпщащ сом мелуан 68-рэ. А ахъшэр зытрагъэкIуэдэнухэм ящыщщ сымаджэ­щыр зэрагъэплъ хьэкущIэхэр гъэувыныр, сымаджэщыр медицинэ кислородкIэ къы­зэзыгъэпэщ газификаторым и лъэщагъым хэгъэхъуэныр, кислороду тонни 3 зэрыхуэну кумбыгъи ягъэувыныр (иджыпсту яIэм ихуэр зы тоннщ).
2020 гъэм и мэлыжьыхьым ята сымаджэщым пандемием и зэман лъандэрэ госпиталь щылэжьащ, иджы коронавирус зыпкърытхэр абы ирашэлIэжыркъым икIи нэхъапэм зытета мардэм теувэжу зэры­лэжьэнум зыхуегъэхьэзыр.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ

Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.