КIуэкIуэ Казбек Прохладнэ щIыналъэм зэрыщыIам кърикIуахэр я лъабжьэу

НыбжьыщIэ 785-рэ зыщIэхуэну курыт еджапIэщIэ Прохладнэ къалэ округым щыухуэным ехьэлIа лэжьыгъэхэм 2021 гъэм зэрыщIадзэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иритхащ «Инстаг­рам»-м щиIэ накIуэцIым. Къалэ округымрэ муниципальнэ щIыналъэмрэ зэман гъунэгъум зэрызаужьыну щIыкIэми и гугъу ищIащ Iэтащхьэм.

«Солдатскэм сабии 140-м ятещIыхьа садыщIэ ухуэн щыщIадзэнущ, а лэжьыгъэхэр илъэс къакIуэ зэфIагъэкIынущ. Красносельскэ жылэми школыщIэ щыу­хуэным теухуа дэфтэрхэр догъэхьэзыр. Егъэджэныгъэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм хыхьэ IуэхущIапIэхэм я материальнэ лъабжьэр гъэбыдэным теухуа лэжьыгъэхэм пыдощэ. Дальний къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зэдгъэ­пэ­щыжынущ, Янтарнэ, Ново-Павловскэ жылэхэм дэт школхэм я спорт пэшхэр, Екатериноградскэм дэт спортзалыр 2022 гъэм зыхуей хуэдгъэзэнущ. А илъэс ды­дэм футбол джэгупIэ мыин щытщIынущ Благовещенскэм, 2021 гъэм - Ново-Полтавскэ, Пролетарскэ, Малакановскэ ­къуажэхэм», - етх рсепубликэм и Iэтащхьэм.
«Алътуд, Къэрэгъэш, Лесное жылэхэм сабийхэм папщIэ къыщызэIутхынущ «Зыужьыныгъэм и къежьапIэхэр». Воркаут щIыпIэхэри зиIэну, Iуэху куэдым тегъэпсыхьа джэгупIэу 9-рэ футбол джэгупIэ мыину 5-рэ зэдгъэпэщынущ 2021 - 2022 гъэхэм, жылагъуэ зэхуэсыпIэу 5,   фэтэр куэд зыхэт унэхэм я пщIантIэу 18 зыхуей щыхуэдгъэзэнущ Алътуд, Красносельскэ, Пролетарскэ, Солдатскэ, Къэ­рэгъэш, Малакановскэ, Ново-Полтавскэ, Ново-Покровскэ жылэхэм. Апхуэдэу яужь дитщ Алътуд къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр зэгъэпэщыжынымрэ жылэм спорт комплекс щыухуэнымрэ зыхуэфащэ программэхэм хэгъэхьэныр пхыгъэкIыным.
Гъуэгухэр ухуэнми пытщэнущ: 2021 - 2022 гъэхэм щIыналъэ гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным хуэдутIыпщынущ сом мелуани 117-рэ. 2022 гъэм зэдгъэпэ­щыжыну ди мурадщ Бахъсэн - Къэрэгъэш гъуэгум Псыншокъуэ хуэкIуэ и Iы­хьэр (километри 2,1-рэ), Солдатскэ - Къэрэгъэш - Грабовец (километри 10,2-рэ), Алътуд - Янтарнэ - Комсомольскэ (ки­лометри 4,1-рэ) гъуэгухэр - псори зэхэту сом мелуан 244-м щIигъу те­кIуадэу.
Iуэху мащIэкъым зэфIэдгъэкIар Прохладнэ щIыналъэм щыпсэухэр ирикъуу псыкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауи, илъэс гъунэгъухэми пащэнущ псыр ­цIыху­хэм яхуэшэнымрэ къагъэсэбэпар къыIу­шынымрэ хуэунэтIа лэжьыгъэхэм.
УщIэс мыхъужыну, къэуэнкIэ шына­гъуэу 2017 гъэм и щIышылэм и 1-м и пэ къихуэу къалъыта унэжьхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIыным, ахэр псэу­пIэ­щIэкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр и кIэм нэдгъэсыну ди мурадщ мы илъэсым. Ахэр унэ 20 мэхъу икIи псэупIэщIэхэр иратынущ цIыху 300-м щIигъум. ТIэкIу нэхъ жыжьэ дыплъэмэ - 2023 гъэм Янтарнэм, 2024 гъэм Красносельскэм амбулаторэхэр щыдухуэнущ.
Прохладнэ къалэми щыпытщэнущ проект зэмылIэужьыгъуэхэм щыубзыхуахэр гъэзэщIэным. 2021 гъэм мыбы ухуэн щы­щIэддзэнущ сабий 785-рэ зыщIэхуэну школыщIэр. Яухынущ диализ центрым и ухуэныгъэр, абы и фIыгъэкIэ, Прохладнэ щыпсэухэм ящыщу зи жьэжьейхэр узхэм апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ къыхуащIэн папщIэ Налшык нэс кIуэн хуей хъужынукъым. Апхуэдэуи ди мурадщ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр зэдгъэпэщыжыну, «Лира» ЩэнхабзэмкIэ унэм и щхьэр зэрахъуэкI.
Прохладнэ къалэм и гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэным КъБР-м и гъуэгу фондым щыщу хуаутIыпщынущ сом мелуан 200 хуэдиз. А ахъшэр трагъэкIуэдэнущ Головко и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэмрэ абы къекIуалIэ Почтовэ, Больничнэ, Лесной уэрамдэкIхэмрэ нэгъуэщIхэмрэ мардэм къитIасэу зэгъэпэщыжыным. А лэжьыгъэхэм хыхьэу гъуэгум асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу тIэунейрэ тралъхьэнущ, лъэныкъуитIми тIурытIу ущызэблэкIыу, гъуэгум и кIыхьагъкIэ уэздыгъэ щыфIэ­дзауэ, лъэс зекIуапIэхэр иIэу, щхъуантIагъэхэр щыхэсауэ щытынущ. 2022 гъэм ирихьэлIэу зэхэтлъхьэнущ иджыри нэ­гъуэщI зы гъуэгу - Хуитыныгъэм и уэрамым ейр - зэгъэпэщыжыным и проектри, 2025 гъэм ирихьэлIэу Прохладнэ къалэм и гъуэгу, уэрам псори мардэм къизагъэу зыхуей хуэзауэ щытынущ. Апхуэдэуи, шэч хэмылъу, пытщэнущ узыншагъэр хъумэ­нымкIэ IэнатIэм зегъэужьынми: 2023 - 2024 гъэ­хэм щIыналъэ сымаджэщ нэ­хъыщ­хьэм и поликлиникэ къудамэ яухуэну я мурадщ.
ЩIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэр щыIэ мардэхэм изагъэу зэгъэпэщыжыным мылъку щхьэхуи хухахынущ. Мы зэманым яужь дитщ Прохладнэ - Елъхъуэт автомобиль гъуэгум щыщу Майскэм къыщыщIэдзауэ Прохладнэм нэс зыхиубыдэр зыхуей хуэгъэзэным текIуэдэну мылъкур къэрал министерствэм тхухихыным теухуа Iуэхухэр зэфIэгъэхьэным.
Мы зэманым ягъэзащIэ проектхэмрэ илъэс гъунэгъухэм зэлэжьынухэмрэ ма­щIэ­къым, ахэр гъащIэм хэпщэным жы­джэру яужь дитынущ».

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ ­Правительствэмрэ я ­пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.