Гум къина грамми 125-рэ

Ди къэралым и щIыпIэ куэдым мы махуэхэм щагъэлъэпIащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм къэухъу­реиныгъэм махуэ 900-м нэскIэ ита Ленинград къалэм блокадэр зэ­-рыщ­хьэщахыжрэ илъэс 77-рэ зэ­рыри­къур. Тхыдэм IэгупIэу къыхэна а къахъугъэм теухуа Iуэху­гъуэ-хэр щекIуэкIащ ди республи­кэми.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэт курыт школ №3-м къыщызэрагъэпэщащ «Блокадэм исахэм я щIакхъуэ Iыхьэр» фIэщыгъэр зыхуащIа дерс зэIуха. 1-нэ «б» классым щекIуэкIа а Iуэху­гъуэ хьэлэмэтыр и жэрдэмт а цIыкIу­хэм я егъэджакIуэ Мэшыкъуэ Алёнэ. Хэкупсэ гъэсэныгъэ мыхьэ­нэшхуэ зиIа а зэхуэсым жыджэру ­хэтащ ­«Урысейм и гугъапIэ» къэ­ралпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм ­Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым щиIэ IуэхущIапIэм и Дзэлыкъуэ къудамэм и пашэ Мыкъуэ Мадинэ, школым и уна­фэщIхэр.
Хьэлэмэту, купщIафIэу щытащ дерс зэIухар. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъа­кIуэм ар къызэIуихыу хьэщIэ лъапIэ- хэр сабийхэм яригъэцIыхуа нэужь, псалъэ иратащ езы еджакIуэ цIыкIу­хэм. ­Я ныбжьыр жыжьэ нэмысами, езанэ классым щIэсхэр яхуумыгъэфэщэну куууэ щыгъуазэу къы­щIэкIащ зы­теп­сэлъыхь Iуэхугъуэм. ШколакIуэхэр зэпкърыхауэ тепсэ­лъыхьащ Ленинград блокадэмрэ абы хэлъа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэмрэ. Ап­хуэдэу дерсым кърихьэлIахэм хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ лите­ратурэ-ма­къамэ теплъэ­гъуэхэр, блокадэм ленинграддэсхэр зэрисам теухуа сурэтхэмрэ тхыгъэм­рэ зыхэлъ гъэлъэ­гъуэныгъэр.
Мыкъуэ Мадини сабийхэм яжри-Iащ Ленинград блокадэм теухуа хъыбар хьэлэмэтхэр. Мадинэ ­сабийхэм ящыщ дэтхэнэми яIуигъэхуащ грамми 125-рэ хъу щIакхъуэ Iыхьэ зырыз, езым игъажьэу дер­сым къихьа щIа­кхъуэшхуэм щыщу.
- Грамми 125-р мащIэ дыдэтэкъэ, цIыкIухэ, зы жэщ-махуэм цIыхур ­ири­къун хуейуэ, АтIэми, арат къа-лъы-сыр къалэм даубыда цIыхухэм, - жиIащ Мыкъуэм. - Къэралхэм, лъэпкъ­­хэм я зэхуаку мамырыгъэ дэлъын нэхърэ нэхъапэ сыт щыIэ?! Фэ цIыкIухэр фыкъэхъун хуейщ, фыщалъхуа щIыналъэр, ди къэралыш­хуэр фIыуэ флъагъуу, хуей хъумэ, абы къыщхьэщыжакIуэ нэс фыхуэ­хъун хуэдэу. Тхьэм фыкъихъумэ псори.
Абы фIыщIэ хуищIащ апхуэдэ хэкупсэ лэжьыгъэ екIу щIэблэм ядезыгъэкIуэкI егъэджакIуэм. Мэшыкъуэ Алёни хьэщIэр къазэрыхуеблэгъар езыми егъэджакIуэ цIыкIухэми хуабжьу я гуапэ зэрыхъуар жиIащ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным епха жэрдэм куэд къабгъэдокI школым и унафэщIхэм. Ахэр еджапIэм къыдаIыгъ сабийхэм я адэ-анэхэми.
Дерс зэIухам и кIэухыу сабийхэм ­хэкупсэ уэрэдхэр ягъэзэщIащ. Псори зэхэувэри фэеплъ сурэти зытрагъэхащ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ. .

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ