КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и коллегием и зэIущIэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIышылэм и 28-м хэтащ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Зэхуэсым кърихьэлIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ ­Ахъуэхъу Таймураз.
КIуэкIуэ Казбек жиIащ министерст­вэм, гъуэгу, транспорт IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэ псоми я къалэнхэр егугъуу зэрагъэзэщIар. Абы къыхигъэщхьэхукIащ ­гъуэгу, транспорт инфраструктурэ лъэщ зэгъэпэщыным хуэгъэпса къэрал проект псоми республикэр зэрыхэтым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ар туризм IэнатIэм зегъэужьынымкIэ я мурадхэми быдэу зэрепхар. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм къызэхуэсахэм апхуэдэуи ягу къигъэкIыжащ ­Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэр къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэси зэры­рикъу­р 2022 гъэм зэрагъэлъэпIэнур икIи къалэну къигъэуващ Налшык къалэм и гъуэгухэр а махуэшхуэм ирихьэлIэу сыткIи зэIу­зэпэщ щIыныр.
«Путин Владимир Владимир и къуэм хэубыдыкIауэ къигъэлъэгъуащ экономикэм зегъэужьынымкIэ, лъэпкъ проектхэм щыубзыхуахэр гъэзэщIэнымкIэ а IэнатIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр и пщэ къы­зэрыдэхуэр. Дэ Iэмал зэриIэкIэ фейдэ нэхъыбэ къыдэкIуэу къэдгъэ­сэбэпыпхъэщ зыдужьынымкIэ къэралым къыдит хэкIы­пIэ псори», - къыхи­гъэщ­хьэхукIащ щIыналъэм и Унафэ­щIым, апхуэдэуи минис­терст­вэм пщэ­рылъ щищIащ Налшык къалэ округым щаухуа автовокзалитIыр лажьэу утIып­щыным ехьэлIа Iуэхухэр щIагъэхуэбжьэну.
2020 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр зэхилъхьэжу, 2024 гъэ пщIондэ къапэщыт къалэнхэр наIуэ къищIу зэIущIэм къы­щыпсэлъащ республикэм транспортым­рэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн.
Муниципальнэ зэгухьэныгъэ псоми ечэнджэщу, зэгурыIуа нэужь министерст­вэм иубзыхуащ республикэм и гъуэгухэм зегъэубгъуным, ахэр нэхъ тэмэму къэгъэсэбэпыным хуэгъэпса, пIалъэ кIы­хьым тещIыхьа зыхуэфащэ лэжьыгъэ­хэр. Республикэм и Iэтащхьэр арэзы те­хъуэри, къащтащ «Илъэситхум къриубы­дэу я мурадхэр», 2024 гъэ пщIондэ зэ­фIагъэкIыну зыхуагъэувыж къалэнхэр. Илъэситху пла­ным щынэхъыщхьэр республикэм щып­сэу­хэмрэ абы и хьэщIэ­хэмрэ я тын­шыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэ­зыгъэпэщыну лэжьыгъэ­хэр зэфIэгъэ­кIы­нырщ.
ЕхъулIэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу министрым зыбжанэ къигъэлъэгъуащ, республикэм и экономикэмрэ гъуэгум шы­на­гъуэншагъэр къыщызэгъэ­пэ­щы­ным­кIэ нэхъ сэбэп хъуахэм ящыщу. Пандемием къигъэува щытыкIэ хэхахэм я зэранкIэ транспортыр къэзыгъэсэбэпхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуам щхьэкIи къэ­мынэу, республикэм и жылагъуэ псоми щызэпагъэуакъым цIыхухэр къешэ­кIыныр. ЦIыху къезышэкI IэнатIэм щы­лажьэхэм зыщIагъэкъуащ: налогымкIэ худачыхащ, щIы­хуэ-лизинг зэгурыIуэныгъэхэм техуэу ят ахъшэхэр щыхалъхьэн хуей пIалъэхэр хуа­гъэIэпхъуащ. ЛэжьапщIэр тыным хухахащ федеральнэ субсидиеу сом мелуанитхум щIигъу. Республикэм цIыхухэр къызэрырашэкI и транспортыр къэгъэщIэ­рэщIэ­жыным щIа­дзащ, 2024 гъэм и кIэ пщIондэ ав­топаркым и зэхуэдитIым нэс зэра­хъуэкIыну я мурадщ. ГъущI гъуэгукIэ ягъэ­Iэпхъуэ хьэлъэхэр къалащхьэм жэщым къыдашэу лэжьыгъэр зэрызэт­раухуам и фIыгъэкIэ, республикэм и щы­хьэрым автомобилхэр куэд дыдэу щызэтремыгъэхьэныр зрагъэхъулIащ
КхъухьлъатэкIэ цIыхуу зекIуэм я бжыгъэр 2019 гъэм елъытауэ процент 40-кIэ нэхъыбэ хъуащ, абы ипкъ иткIи «Якутия» авиакомпанием Москварэ Налшыкрэ яку дэту щигъэлажьэ кхъухьлъатэхэм я бжыгъэм къыхэгъэхъуэным хуэунэтIа Iуэхуми тепсэлъыхьащ. Я мурадщ иджырей мардэхэм къизагъэ аэровокзал екIу ухуэ­ным­рэ аэропортым и телъэтыкIыпIэ-къэ­тIы­сыжыпIэмрэ зэгъэпэщыжыным зэман гъунэгъум щIадзэну.
ДыщэкI Аслъэн жиIащ КъБР-м и гъуэгу фондым бюджет мылъкуу сом меларди 3,6-рэ къызэрыIэрыхьар, абы щыщу сом меларди 2,7-р республикэм ейм, мелуан 941-р къэрал бюджетхэм къыхэкIащ.
Къэрал мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгуу километр 43-рэ зэрагъэпэщыжащ, километр 27-м тралъхьащ гъуэгухэр зы­хъумэхэр. Р-127 «Кавказ» автомобиль ­гъуэгум и Iыхьищым, километр 37-рэ къы­зэ­щIэ­зыубыдэм, щрагъэкIуэкIащ лъэ­ны­къуиплIкIи ущызэблэкIыу щIыным хуэгъэза лэжьыгъэхэр. Р-127 «Кавказ» автомобиль гъуэгум щыщу республикэм хиубыдэ и Iыхьэм и кIыхьагъыр мыгувэу хъунущ лъэныкъуиплIымкIи узыщызекIуэу.
Мардэм къизагъэу зыхуей хуагъэзащ псоми къагъэсэбэп автомобиль гъуэгуу километр 230-рэ, абыхэм ящыщу «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шына­гъуэн­шэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу зэрагъэпэщыжащ километри 123-рэ. ЩIыналъэм щызэфIагъэкIа лэжьыгъэр 2019 гъэм елъытауэ хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэ хъуащ.­ Жылэ 15-м я гъуэгуу километри 123-м асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу тралъхьащ, абы щыщу километр 20-р Налшык къалэ округым хуэзэу. Лэжьыгъэ псори ягъэува пIалъэм и пэ къихуэу зэфIагъэкIащ.
Гъуэгухэм ущызекIуэныр шынагъуэн­шэу щытын папщIэ 2020 гъэм къриубыдэу жы­лэ 12-м я гъуэгу Iуфэу километр 40-м уэз­ды­гъэхэр щыфIадзащ, социальнэ м­ы­хьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэм я Iэгъуэблагъэм хуэзэу лъэс зэпрыкIыпIэу 138-рэ щащIащ. 2018 гъэм къеха псыдзэмрэ ятIэмрэ траха лъэмыжхэр зэфIагъэувэжащ, псоми зэ­хэту сом мелуани 110-рэ текIуадэу.
Илъэсым кърикIуахэм япкъ иткIэ республикэр яхэхуащ къапэщыт къалэнхэр и пIалъэм зыгъэзэщIахэм, «щIыналъэ щхъуан­тIэ» жыхуаIэ щIыпIэхэми хабжащ.
2024 гъэм пщIондэ зэфIагъэкIын хуей къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къонэж аэро­портым и телъэтыкIыпIэ-къэтIысы­жыпIэр зэгъэпэщыжыныр, Ашуровымрэ Суворовымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхыхьэпIэм деж хуэзэу Налшык къалэм гъущI гъуэгу зэпрыкIыпIэ къыщызэ­Iухы­ныр, технологие и лъэныкъуэкIэ щыIэ Iэмалхэм къахэгъэхъуэныр, асфальтрэ бетонрэ зытелъ гъуэгухэм я процент 85-м нэхърэ мынэхъ мащIэ, абыхэм къалэ ­гъуэгухэри яхэту, мардэм къриубыдэу зыхуей хуэгъэзэныр. Коллегием хэтхэр тепсэ­лъыхьащ республикэм и Iэтащхьэр арэзы зытехъуа, Налшык къыпэзыкIухь автомобиль гъуэгум и проектым. Ар хуэунэтIащ республикэм и къалащхьэм и гъуэгухэм транспортыр зэрыщызэтрихьэм къишэ гугъуехьхэр щхьэщыхыным, апхуэдэуи Налшык къалэ-зыгъэпсэхупIэм и щIы­уэпсым и щытыкIэр егъэфIэкIуэным.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.