ЩIалэгъуалэр топсэлъыхь

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу республикэм и еджапIэ нэхъыщхьищым - Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым, Кавказ Ищ­хъэ-
рэм ГъуазджэхэмкIэ и къэ­рал институтым - я студентхэм зэгъусэу «Ди Хэкур Урысейрщ» «стIол хъурейр» Къэбэрдей-­Балъ­къэр къэ­рал мэкъу­мэш университетым щрагъэ­кIуэ­кIащ. ЗэIущIэр зы­траухуар Урысейм и лъэпкъ псори зэкъуэ­тыным мы­хьэнэуэ иIэрщ.

ЗэIущIэм хэтащ Правительствэмрэ жылагъуэмрэ я лIыкIуэхэр, егъэджакIуэхэр.
КъБКъМУ-м и президент Щыхьмырзэ Мухьэмэд зэ­хуэсыр къыщызэIуихым жиIащ: «Хабзэ дахэ тхуэ­хъуащ мыпхуэдэ зэIущIэхэр ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу едгъэ­кIуэкIыныр. Си щхьэкIэ ар махуэшхуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къызолъытэ, сыту жыпIэмэ зэкъуэтыныгъэрщ дэ ди къарур зыхэлъыр. Лъэпкъ куэд щы­зэхэс ди республикэм зэгурыIуэу щызэдопсэу зи ­хабзэкIэ, динкIэ зэтемыхуэ­хэр. Аракъэ езыр зэкъуэ­тыныгъэм и щапхъэ хъуж­ри? Фэ, щIалэгъуалэращ, ди къэралым и къэкIуэнур зэлъытар, абы къыхэкIкIэ, фи пщэрылъщ илъэс куэд щIауэ къыддекIуэкI а зэхущытыкIэр фхъумэну, къыт­щIэхъуэ адрей щIэблэм я деж нэфхьэсыну».
Апхуэдэ псалъэ гуапэхэмкIэ къызэхуэсахэм зыхуагъэзащ КъБКъУ-м и проректор Малкандуев Юсуф, Жылагъуэ палатэм хэт Котляровэ Марие, КъБР-м Граждан жылагъуэ институтхэм ядэ­лэжьэнымрэ лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Быж ФатIимэ, КъБР-м и ЩIалэ­гъуалэ Правительствэм и уна­фэщI Аулъэ Ахьмэд сымэ.
Я хэку тхыдэм фIыуэ зэрыхащIыкIым и нэщэнэу, студентхэр Iуэхугъуэ куэдым тепсэлъыхьащ икIи дызы­хэпсэукI зэманым Урысейм и тхыдэр фIыуэ пщIэн, тхы­дэр нэхъ куууэ егъэджын, студентхэр хэкупсэу гъэсэ­ным егугъун зэрыхуейр, лъэпкъхэм я зэхуаку шыIэ­ныгъэ зэрыдэлъыпхъэр къы­­хагъэщащ.
 

КъБКъУ-м и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.