КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат къэралым и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэу щIышылэм и 14-м иригъэкIуэкIам.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэм зэхуэсым кърихьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ Урысейм и Президентым Правительствэм хэтхэм щIышылэм и 13-м ядригъэкIуэкIа зэIущIэм, 2020 гъэм гъуэгухэр укъуэдииным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIахэмрэ 2021 – 2023 гъэхэм а IэнатIэм къащыпэщыт къалэнхэмрэ ятеухуауэ щытам, зи гугъу щищIахэр.
Хуснуллин Марат къыхигъэщхьэхукIащ щIыналъэхэм гъуэгухэм зэрыщелэжьа щIыкIэм къэралым и УнафэщIыр щыгъуазэ зэращIар. Илъэсым кърикIуахэм къызэрагъэлъэгъуащи, къэралым и щIыналъэ 52-р «ЩIыналъэ щхъуантIэ» жыхуаIэ мардэм къитIэсащ – абыхэм къагъэсэбэпащ хуаутIыпща мылъкум и процент 99-р. «ЩIыналъэ гъуэжьым» хиубыдащ 21-р – абыхэм ирата мылъкур 2019 гъэм нэхърэ нэхъыфIу IэнатIэм зегъэужьыным халъхьэфащ, ауэ процент 99-м нагъэсакъым. «ЩIыналъэ плъыжь» жыхуаIэм хыхьащ Федерацэм и щIыналъэхэу щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу нэгъабэрей пщалъэхэм щхьэдэмыхыфахэр – ахэр 11 мэхъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхэхуащ «щIыналъэ щхъуантIэ» гупым - къалэн псори процентищэкIэ игъэзэщIащ.
2020 гъэм «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым щыубзыхуахэр ягъэзащIэкIэрэ, мардэм къизагъэу зыхуей хуагъэзащ автомобиль гъуэгу километри 123-рэ. Псори зэхэту абыхэм трагъэкIуэдэну республикэм къыхуаутIыпщат сом мелардитIым щIигъуи, ахэр зыхуэфащэ лэжьыгъэхэм нэсу къыхуагъэсэбэпащ.
Апхуэдэуи ягъэзэщIащ «КъБР-м транспорт IэнатIэм зыщегъэужьыныр» къэрал программэм щыубзыхуа псори. Программэм ипкъ иткIэ, Урысейм и къэрал гъуэгу агентствэм къэрал бюджетым щыщу 2020 - 2021 гъэхэм гъуэгу лэжьыгъэхэр республикэм щрагъэкIуэкIыным хухихат сом мелуани 150-м щIигъуи, псори зэхэту гъуэгу километр 29,8-рэ зыхуей хуагъэзащ. «Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи шэщIауэ зегъэужьыныр» къэрал программэм хыхьэу республикэм и жылиплIым гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжащ. 2018 гъэм щIыналъэм псыдзэ къыщыщехам зэтрикъутахэр ягъэзэкIуэжын папщIэ къыхуаутIыпщауэ щыта сом мелуани 109,5-р трагъэкIуэдащ лъэмыжищ зэрагъэпэщыжыным.
КъБР-м и щIыналъэ гъуэгу фондым щыщу муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм субсидиеу сом мелуан 512,2-рэ хуаутIыпщащ. Абы Iэмал къитащ щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгуу километр 35-рэ мардэм къитIасэу зэрагъэпэщыжынымкIэ. КъБР-м и щIыналъэ фондым щыщу сом мелуан 350-м нэблагъэ хуаутIыпщащ щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэр зэпэщу зэрахьэным трагъэкIуэдэну. Кумблъэмбхэр гъэсеижыным, «дыжыным» теухуа лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ метр зэгъузэнатIэ мини 186-м, гъуэгу дамыгъэ 2800-рэ, гъуэгу Iуфэхэм щыт къэухьу метр 1700-рэ ягъэувыжащ, гъуэгухэм дамыгъэхэр щIэрыщIэу тращIэжащ, зэпымыууэ екIуэкIащ зи чэзу Iуэхухэр (гъуэгухэр гъэкъэбзэныр, пхъэнкIыныр, жыгхэр, чыцэхэр ухъуэнщIыныр, удзхэр пыупщIыныр, нэгъуэщIхэри). Къэрал мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгуу республикэм пхыкIхэм ящыщу километр 65-р мардэм къитIасэу зыхуей хуагъэзащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ, 2020 гъэм къриубыдэу республикэм хузэфIэкIащ автомобиль гъуэгу километр 230-рэ зыхуей хуигъэзэн.
Гъуэгухэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэм адэкIи пащэнущ. 2021 гъэм а лэжьыгъэхэм КъБР-м щытрагъэкIуэдэну я мурадщ сом меларди 2,6-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэ.
ЗэIущIэм апхуэдэуи щытепсэлъыхьащ щIыналъэхэр нэгъуэщI лъэпкъ проектхэми зэрехъулIам. АбыхэмкIи республикэр къэралым бжьыпэр щызыIыгъхэм, къалэнхэри процентищэкIэ зыгъэзэщIахэм хабжащ.
«Ущыпсэуну къемызэгъыж унэхэр нэхъ мащIэ щIын» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным ипкъ иткIэ кхъахэ хъуа унэхэм 2019 гъэм къыщIагъэIэпхъукIащ цIыху 81-рэ, къэуэнкIэ шынагъуэ псэупIэхэм 2020 гъэм къыщIагъэкIар хуэдитIкIэ нэхъыбэ хъуащ - цIыхуи 163-м унэщIэхэр иратащ. Кхъахэ хъуа унэхэм щыщ метр зэбгъузэнатIэ 2652,74-м цIыхухэр къыщIагъэIэпхъукIащ илъэс кIуам. ИлъэситIым къапэщыта къалэнхэм абыкIи щIрагъэгъуащ.
«Къалэхэр ущыпсэуну тынш щIыныр» къэрал проектым ипкъ иткIэ ягъэзащIэ муниципальнэ программэхэр дэIыгъыным хыхьэу 2020 гъэм жылэ 39-м цIыху зэхуэсыпIэу 34-рэ, фэтэр куэд зыхэт къалэ унэхэм я пщIантIэу 122-рэ зыхуей щыхуагъэзащ; а лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдащ сом мелуан 250-рэ хуэдиз, абы щыщу сом мелуан 240-м щIигъур къэрал бюджетым щыщу республикэм къыхуаутIыпщащ. Лэжьыгъэ псори щызэфIагъэкIащ «Мамырыгъэм, щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхунымрэ я парк» фIащу Бахъсэн къалэ округым щащIа ухуэныгъэм. Ар щытекIуат къалэхэм ущыпсэуну нэхъ тынш щIыным хуэгъэпса Урысейпсо зэпеуэм икIи а проектыр гъэзэщIэным трагъэкIуэда сом мелуан 85-р абы папщIэ къратауэ арат. Къалэхэм ущыпсэуныр тынш щIыным хуэгъэпса Урысейпсо зэпеуэм «Къалэ мыинхэр» и Iыхьэм щытекIуащ ди щIыналъэм щыщ нэгъуэщI жыли – Шэджэм къалэр. Абы папщIэ къыхуагъэфэща саугъэтымкIэ къалэм щащIынущ «Шэджэм-парк» ухуэныгъэр.
Дызыхыхьа илъэсым «Къалэхэр ущыпсэуну тынш щIыныр» къэрал проектыр гъэзэщIэным хэтынущ республикэм щыщ муниципальнэ зэгухьэныгъэ 40. Я мурадщ цIыху зэхуэсыпIэ 31-рэ, пщIантIэ 89-рэ зэIузэпэщ ящIыну.
ПсэупIэхэр ухуэн лэжьыгъэри йокIуэкI. «ПсэупIэ» щIыналъэ проектым хыхьэу республикэм псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 494-рэ щатыну я мурадат 2020 гъэм, е 2019 гъэм елъытауэ проценти 104,2-рэ хъууэ. КъызэратамкIэ, а бжыгъэм щIрагъэгъуащ: илъэс кIуам ятащ псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мин 499,5-рэ. ПсэупIэ ухуэн лэжьыгъэм тегъэгушхуэн мурадкIэ Налшык къалэ округым хыхьэ щIыпIэхэм псы ешэлIэным хуэунэтIа лэжьыгъэ нэхъыбэ щызэфIагъэкIащ, Вольнэ Аул къуажэм къыпагъэтIысхьа Нарт хьэблэм щыпсэухэм къагъэсэбэпа псыр Iушыным хуэгъэза къалэнхэри ягъэзэщIащ.
«Псы къабзэ» щIыналъэ проектым хыхьэу 2020 гъэм яухуащ е зэрагъэпэщыжащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа объект 32-рэ. Псори зэхэту абы трагъэкIуэдащ сом мелуани 145,2-рэ. 2021 – 2023 гъэхэм я мурадщ псы кIуапIэ объекту 19 зэрагъэпэщыжыну е бжьамийхэр щIэуэ яукъуэдиину, къэрал, щIыналъэ программэхэм хагъэхьэн хуэдэу объект 62-м я проект-сметэ тхылъхэр ягъэхьэзыр.