Егоровэ Татьянэ: «Къыхилъхьэ жэрдэмхэм я фIыгъэкIэ КъБР-м и Парламентыр Урысейм щыпашэхэм ящыщ зыщ»

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ дыгъэгъазэм и 29-м пресс-конференц иригъэкIуэкIащ. ЗэIущIэр къы­щызэIуихым, псом япэу абы журналистхэм фIы­щIэ яхуищIащ, республикэм и хабзэубзыху IэнатIэ нэхъыщхьэм и лэ­жьыгъэр цIыхухэм я деж жыджэру, зэхэщIыкIы­гъуэу зэрынахьэсым папщIэ.

Япэ упщIэр зытеухуауэ щытар КъБР-м и Парламентым и депутат хэхыныгъэхэр зэрыщыIамрэ абы иджы япэу хыхьахэр Iуэхум хуэхьэзыру къызэры­щIэ­кIам­рэт. Егоровэ Татьянэ жиIащ депутатхэм ягъэ­тIылъа лъабжьэм сыт щыгъуи хуэдэу зэрызрагъэу­жьыныр. КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхыхьэ­гъуэм щыщ депутат 44-р щIэ­рыщIэу хахыжащ, 26-м мандатыр иджы япэу иратащ.
- Къыхэзгъэщыну сы­хуейт законхэр убзыхуным ехьэлIа Iуэхухэм дяпэкIи зыхуей хуэгъэзауэ депутатхэр елэжьыну сызэрыщыгугъыр. Къыдгуэувахэр зэфIэкI зиIэ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ цIыхухэщ. Абыхэм яхэтщ узыншагъэр ­хъумэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэ­хэр (ахэр процент 25-рэ мэхъу), хьэрычэт Iуэхум хэтхэр - проценти 8,6-рэ, юрист, экономист IэщIагъэхэр зи­Iэ­хэр - процент ­46-м нэблагъэ, - жиIащ Егоровэм. - Депутатхэм я ныбжьыр ику иту къэбгъэлъагъуэмэ илъэс 54-рэ мэхъу, зи ныбжьыр илъэс 40-м фIэмыкIауэ цIыхуи 5 диIэщ. Къи­щынэмыщIауэ, мы­хьэ­нэ мымащIэ иIэщ депутат цIыхубз­хэм я бжыгъэми хуэмурэ зэрыхэхъуэм. Нобэ ахэр 14 ­хъуащ. Зэбгъапщэмэ, ­КъБР-м и Парламентым и еплIанэ зэхыхьэгъуэм цIы­хуб­зу хэтар 9 ­къудейт.
Егоровэ Татьянэ къытеувыIащ 2020 гъэм КъБР-м и Парламентым и лэжьыгъэр коронавирусым земы­гъэу­б­гъуным тещIыхьауэ къы­зэрызигъэпэщам. Абы журналистхэм ягу къигъэкIыжащ блэкIа илъэсым ­жэпуэгъуэм и 3-м Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху­гъуэм депутатхэр зэрыхэтар икIи щIыналъэм и Iэтащхьэу къагъэ­лъэгъуа КIуэ­кIуэ Казбек псоми зэ­дэ­арэзыуэ зэрыдаIыгъар. Ап­хуэдэуи депутатхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ УФ-м и Конституцэм халъ­хьэ зэхъуэкIыныгъэхэм папщIэ урысейпсо IэIэтыр щра­гъэкIуэ­кIами, псом хуэ­мыдэу абы и мыхьэнэр цIыхухэм гурагъэIуэным я лэжьыгъэр тещIыхьауэ щытащ.
- Нобэ ди къалэн нэхъыщ­хьэхэм ящыщщ УФ-м и Конституцэм халъхьа зэхъуэ­кIыныгъэхэм тету Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и за­ко­нодательствэр зыхуей хуэ­гъэзэныр. Шэч хэмылъу, мы гъэм ди лэжьыгъэм ­гугъуехьхэр хилъхьащ коронавирусым, ауэ абыи емы­лъытауэ, зэбгъэтIылъэкI мыхъуну унафэхэр псори къызэдгъэпэщыну тхузэ­фIэ­кIащ. Абы и лъэныкъуэкIэ икъукIэ къытхуэщхьэпащ видеоконференц мардэр къэдгъэсэбэпыныр. Ди иужьрей зэхыхьэгъуэм лэ­жьэн зэ­рыщIидзэрэ Парламентым и зэIущIэу 20 едгъэкIуэкIащ. Абыхэм Iуэхугъуи 180-м щIигъу ды­щыхэплъащ, норматив акту 80-м щIигъу (76-р закону) къы­щытщтащ, – дыщIи­гъуащ­ Егоровэм.
Республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэр ­коронавирусым пэщIэ­ты­ным­рэ дохутырхэм за­щIэ­гъэ­къуэнымрэ ехьэлIа лэ­жьы­гъэхэми хэтащ. ­«Къы­хэзмыгъэщу къэзгъэ­нэ­­фы­нукъым депутатхэм дэI­э­пыкъуныгъэ хуэны­къуэу зыкъыхуэзыгъэзахэр зыри зэрамыгъэщIэхъуар», - жиIащ Егоровэ Татьянэ.
КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхыхьэгъуэм къищта закон нэхъыщхьэ дыдэхэм щытепсэлъыхьым, Егоровэм къыхигъэщащ коронавирусыр нэхъыбэу зэран зыхуэхъуа хьэрычэ­тыщIэ­хэм ят налогхэр зэрыхуа­гъэмэщIар. Къищы­нэмы­щIауэ, хьэрычэтыщIэу япэу зезыгъэтххэм налог емыгъэтыныр зытещIыхьа пIалъэр 2024 гъэ пщIондэ ягъэIэпхъуащ.

- Шэч хэмылъу, ди Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр сыт щыгъуи Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр илъэс къэс къызэрытщтэм епхащ. Нэхъапэхэми хуэдэу, къэкIуэну илъэсми ар социальнэ Iуэхухэм нэхъыбэу тещIыхьауэ щытынущ - процент 70-м щIигъукIэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2021 гъэм щIыналъэм и бюджетым и хэхъуэр сом мелард 43,7-рэ хъуну траухуэ, къигъэсэбэпыну зыхуеинур сом мелард 44,8-м ноблагъэ, - къыхигъэщащ Егоровэм. - УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщы­хилъхьауэ щытащ сабий зиIэ унагъуэхэм зэ­рызащIэдгъэкъуэн хуей Iэмалхэр икIи а пщэ­рылъыр КъБР-м и Парламентым жыджэру ­игъэзэщIащ. Псалъэм папщIэ, 2020 гъэм щIы­шылэм и 1-м щегъэжьауэ дгъэбелджы­лащ ещанэ сабийрэ къыкIэлъыкIуэхэмрэ къы­зы­хэхъуэ унагъуэхэм мазэ къэс цIыхур ирип­сэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдиз зэреттынур.
Егоровэ Татьянэ щапхъэу къихьащ зи ныбжьыр илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ 7-м нэс хъу сабийхэм ахъшэ зэрыхухах щIыкIэм, мэкъу­мэшым ехьэлIа щIыр къызэрагъэсэбэпыпхъэм, акъылыр зыгъэутхъуэхэр емыгъэ­щэ­ным, нэгъуэщIхэми теухуа законопроектхэркъызэращтар.
- Федеральнэ законхэм щелэжьым дэри ди зэфIэкI абы зэрыхэтлъхьэным жыджэру ды­хущIокъу. Абы и лъэныкъуэкIэ ди щIэгъэ­къуэнщ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэ­дэкIыу УФ-м и Къэрал Думэм хэтхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, КъБР-м и Парламентым и ет­хуа­нэ, еханэ зэхыхьэгъуэхэм УФ-м и Къэрал Думэм ягъэхьа законодательнэ жэрдэму 26-м ящыщу 10-р федеральнэ закон хъуащ, 3-м ­хоплъэ. Абы щыгъуэми иужьрейм щыщу 2-р япэ еджэгъуэм къащтащ. Аращи, УФ-м и Къэ­рал Думэм халъхьэ жэрдэмхэм я фIагъкIэ        ди хабзэубзыху IэнатIэ нэхъыщхьэр Уры-      сейм ­щы­пашэхэм ящыщ зыщ, - дыщIигъуащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым.
Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм я гугъуехьхэмкIэ зыкъыхуэзыгъазэ цIыхухэм ядэл­э­жьэныр я къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къызэрилъытэр.
- Тхьэмахуэм зэ, мэрем махуэр хэтхауэ, депутатхэр районхэмрэ къалэхэмрэ макIуэ хэхакIуэхэм яIущIэну, упщIэ яIэмэ едэIуэну. Мы гъэм, дауи, лэжьыгъэм и нэхъыбэр цIыхухэм япэщIэхауэ къызэдгъэпэщын хуей хъуащ, ауэ абы щхьэкIэ къэдгъэнакъым цIыхухэм зыкъы­зэрытхуагъэза тхыгъэхэм жэуап едмыту - а лэжьыгъэр телефонкIэ, видеозэпыщIэ­ны­гъэ­кIэ къызэдгъэпэщащ. Нэхъыбэу зыкъызэрытхуагъазэр лэжьапIэ зэрамыгъуэ­тым­кIэщ, унэ зэрамыIэмкIэщ е псэу­пIэ-ком­муналь­нэ IэнатIэм ягъэув уасэхэм арэзы къызэрамыщIымкIэщ. Ахэр Парламентым и къалэну щымытми, дэ дыхущIокъу ар зи пщэрылъ IэнатIэхэм зэхагъэкIын папщIэ захуэдгъэзэну, - жиIащ къэпсэлъам.
Егоровэ Татьянэ дыщIигъуащ депутатхэм Хэку зауэшхуэм и ветеранхэмрэ социальнэ IуэхущIапIэу 6-м щыIэ сабийхэмрэ я нэIэ зэрытрагъэтыр, ехъулIэныгъэ зиIэ ныбжьы­щIэхэм, сабий зеиншэхэм, щытыкIэ гугъу ­ихуахэм «Урысейм дрицIыхущ» Iуэхум хыхьэу, я дэфтэр нэхъыщхьэр - паспортыр - КъБР-м и Парламентым ирагъэблагъэурэ зэрыратыр.
Журналистхэм гулъытэ хуащIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIыр илъэситху хъуауэ Европэм и Советым и щIыпIэ, щIыналъэ унафэщIхэм я конгрессым (Страсбург ще­кIуэкIым) Урысейм и лIыкIуэхэм я гъусэу зэрыхэтымрэ иджыри апхуэдиз пIалъэкIэ ­   абы зэрыхагъэхьамрэ. Егоровэ Татьянэ жиIащ а пщэрылъым пщIэшхуэ зэрыпылъыр икIи жэуаплыныгъэ ин ихьыр зэрызыхищIэр.
- КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхыхьэ­гъуэм щыIа ЩIалэгъуалэ палатэм и лэжьыгъэр иджыблагъэ къызэщIэткъуэжащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, ар къызэрыунэхурэ блэкIа илъэс 12-м купщIэ зиIэ IэнатIэу зыкъигъэлъэгъуащ икIи щIалэгъуалэ 300-м щIигъу абы кIуэцIрыкIащ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, илъэс къэс а Iуэхум хыхьэну гукъыдэж зиIэхэм я ­бжыгъэм хохъуэ. ЩIалэгъуалэ палатэм хэта куэдым нобэ къулыкъу яIыгъщ, - къыхигъэщащ Егоровэм.
2021 гъэм КъБР-м и Парламентыр зэлэ­жьынухэм я гугъу щищIым, Егоровэ Татьянэ жиIащ УФ-м и Конституцэм халъхьа зэ­хъуэ­кIыныгъэхэм тету КъБР-м и Конституцэмрэ республикэ законхэмрэ зэрызэрагъэзэхуэжынур, къищынэмыщIауэ, адрей илъэсхэми хуэдэу, цIыхухэм лэжьыгъэрэ социальнэ IуэхухэмкIэ я хуитыныгъэхэр хъу­мэнымкIэ депутатхэр дэ­Iэпыкъуэгъу зэрахуэхъунур.
ЗэIущIэм и кIэухым Егоровэ Татьянэ журналистхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи ИлъэсыщIэм узыншагъэрэ ехъулIэныгъэрэ яIэну ехъуэ­хъуащ.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.