Iуащхьэмахуэ и щыгухэм ящыщ зым гъуэгущIэ къыщызэIуах

IэшанэкIэ укъыщежэх хъун гъуэгущIэ иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ и щыгу­хэм ящыщ зым къыщы­зэIуахащ. Хым елъытауэ метри 3455-кIэ нэхъ лъагэ Гарабаши бгыщхьэм къыщежьэу зызыукъуэдий а гъуэгум и кIыхьагъыр метр 1500-м ноблагъэ. Бгым ит мыпхуэдэ гъуэгу лIэужьыгъуэхэр къэгъэшыпIэ-гъэзапIэу яIэмрэ шынагъэу пылъымкIэ зэщхьэщокI. Иджыри къыздэсым Iуащ­хьэмахуэ куэщIым иращIыхьа мыпхуэдэ къе­жэ­хыпIэхэм «дамыгъэ щIы­хур» тедзарэ ахэр къызэ­ры­гуэкIыу къалъытэу щы­тамэ, иджы къызэIуахар нэхъ гугъуу, гъэзапIэу иIэхэри, къелъапIэу зып­хыкIхэри нэхъыбэщ, «дамыгъэ плъыжькIи» къыхагъэщхьэхукI.
Гъуэгур тралъхьэн щы­щIадзар гъэмахуэращ, яу­хыну щытраухуа пIалъэм, зыплъыхьакIуэхэмрэ бгым IэшанэкIэ къежэхыну зы­фIэфIхэмрэ уэру къы­щы­зэхуэс зэманым, зэрехъу­лIар жыIэн хуейщ. Лэжьыгъэхэр хьэлъэ зыщIыр бгы­щIэкIхэр пхышын, абыхэм я щабагъ-быдагъыр къэ­лъы­тэн, а гъуэгум иIэн хуей шынагъэншагъэр сыт хуэдэ лъэ­ныкъуэкIи зэпэшэчэн ­зэ­рыхуейрат. Я пащхьэ къралъ­хьа къалэным гъуэгуухуэхэр пэлъэщащ, лэ­жьыгъэри игъуэм кърахьэ­лIащ. КъинэмыщIауэ, уэсу­кхъуэр гъуэгум къы­те­мыхьэу лъэныкъуэкIэ зы­IуэнтIэн лъэ­пощ­хьэ­по­хэри зэрыхуа­щIари къыхэгъэщын хуейщ.
Гъуэгур щаутIыпщым ­кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Урысей Федерацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Бабич Михаил, IэшанэкIэ бгылъэ щIыпIэхэм къежэ­хын зыфIэфI щIалэгъуалэр, нэгъуэщI куэди.
Iуэху екIуэкIым щытепсэ­лъыхьым, Бабич Михаил къыхигъэщащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я Правительствэ­хэм Iуащхьэмахуэ щIыналъэм курортым зыщегъэу­жьыным ехьэлIауэ Урысей Федерацэм Экономикэ зыу­жьыныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа проектыр къызэращтар, абы хухаха сом мелардиблыр Iуэхум зан­щIэу зэрыхуаутIыпщынур. ЗэIущIэм къы­зэхуэ­са­хэм Бабич гу лъаригъэтащ, къапэщылъ планым ипкъ иткIэ, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм къыщаIэтыну лэ­жьы­гъэхэр илъэсищым и кIуэцI­кIэ зэфIахыну зэрамура­дыр, «Приют-11» жыхуиIэ лъа­гапIэми зэрынэсынур, ку­рортыр зэпымыууэ илъэс хъурейкIэ лажьэу яутIыпщыну зэрагъэпсыр.
Апхуэдэу Бабич и гугъу ищIащ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, Азау хуеймрэ абы и Iэхэлъахэмрэ, гулъытэ ­хэха зэрыхуащIынум, резидент щIыпIэу зэрагъэнэхуэнум.
«Абдеж хьэщIэщ зэтегъэ­псыхьахэр къыщызэдгъэ­пэщыну, дунейпсо серви­сым къыкIэрымыху зыгъэп­сэхупIэхэр щыдухуэну, цIыху­хэр зыхуей-зыхуэны­къуэ Iуэхутхьэбзэхэр зэ­фIэзых IуэхущIапIэхэр къы­щызэIутхыну ди гугъэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, - жи­Iащ Бабич Михаил, - курортыр къызэщIэIэта хъун папщIэ, и гуащIэ псор къы­зэрыкIыу утIыпща хъун щхьэкIэ, сервисыр уи нэIэ тетын, ар дунейпсо пщалъэм ешэлIэн хуейщ. Мыр къызэгъэпэща зэрыхъунум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительст­вэри дэри дытолажьэ. Аращ ищхьэкIэ зи гугъу сщIа ре­зидент щIыпIэр теплъэкъукI имыIэу иджырей стандартхэм хуэгъэкIуэныр зи щыпэ зэфIэх къалэну къыщIэт­лъы­тэр. Апхуэдэу щыт пэт­ми, мы Iуэхум лантIагъ гуэр хэмылъу зэрымыхъунури фIыуэ къыдгуроIуэ. Мы щIы­пIэм лэжьыгъэ щызиIэ хьэрычэтыщIэхэм я гъуэгу зэпыдмыупщIу, абыхэми дэ­ри зэхуэдэу ди фейдэ зы­хэлъ Iуэхугъуэхэри зэдэдгъэкIыу дыщытын хуейщ. Мыр пщэрылъышхуэщ. Хэт хуейми, абы мыбдеж лэжьыгъэ щигъуэту, а Iэмалыр абы дэри къахузэдгъэпэ­щыпхъэщ».
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и псалъэм къыхэщащ туриз­мэм зиужьыныр зэфIэхын хуей къалэн нэхъыщхьэу ­къапэщылъхэм зэращы­щыр. «ЩIыналъэм и щIы­уэпс щытыкIэм Iэмал къыдет курортым зедгъэужьыпхъэщ жытIэ къудей мыхъуу, абы зыгъэпсэхуакIуэ къа­кIуэхэм я бжыгъэм хэгъэ­хъуэным дегупсысыныр, я тыншыгъуэмрэ зэIузэпэ­щагъым дытелэжьэныр. Дэ ди мурадщ илъэсым и кIуэцIкIэ мыбы къакIуэ туристхэм я бжыгъэр мелуан щитIым нэдгъэсыну. Iуащ­хьэмахуэ - ди щIыналъэм и налкъутналмэсщ, щыпсэу лъэпкъхэм я хъугъуэфIы­гъуэщ. Нобэ нэрылъагъуу ди нэгу щIокI Iуащхьэмахуэ курортым и зыужьыныгъэм мылъку зэрыхалъхьэр, ахэр егъэфIэкIуапхъэхэрэ зэфIэ­хыпхъэу щыIэм зэрырахьэлIэр. Иджыпсту Бабич Михаил и гъусэу къызэIутх мы гъуэгур мы илъэсым ­Iэмалыншэу зэфIэхын хуей­уэ щыту планым ит зы Iуэхугъуэти, ар къетхьэлIащ, дя­пэкIи нэхъыбэж къытпэ­щылъщ. Къызэрыхагъэщащи, резидент щIыпIэм и зэгъэпэщыным турист нэхъыбэ къешэлIа зэрыхъунум и гъуэгухэр нэхъ зэIубз ищIынущ. ФIэкIыпIэ имы­-Iэу дызытелэжьэнухэм ар ящыщщ. Ди щIыналъэм щызэрагъэкIуэкI икIи къы­щыщIагъэкI хъугъуэфIы­гъуэр (РВП) нобэкIэ зы процент хъумэ, ди мурадхэм япкъ иткIэ а бжыгъэр процентищым нэдгъэсыну тыдоухуэ».
Гарабаши щыгум щыпхаша гъуэгур, сыт хуэдизу дунейр мыжьапщэми, гукъы­дэжрэ Iэгуауэшхуэм щIэту КIуэкIуэ Казбекрэ Бабич Михаилрэ къызэIуахащ, лентI плъыжьыр зэпаупщI­ри.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ