Бэлахъуэм и гъэсэнхэр къыхожаныкI

Дыгъэгъазэм и 16 - 20 махуэхэм Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щызэхэта, Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ и чемпионатымрэ зэ­хьэзэхуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым икIахэм медаль 19 къыща­-хьащ.
Балигъми ныбжьыщIэми щIалэрэ хъыджэбзу цIыху 1320-м щIигъу зыхэта зэпеуэ иным тренер щIалэщIэ Бэлахъуэ Елдар и гъэсэнхэм фIы дыдэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Къапщтэмэ, килограмм 58-м нэс зи хьэ­лъагъ цIыхухъухэм я деж Апхуд Тимур домбеякъ медалыр къыщихьри, тхэквондомкIэ спортым и мастерым и мардэр игъэзэщIащ.
НыбжьыщIэхэм я зэпэщIэтыныгъэм пашэныгъэр щаубыдащ Къалэ Амир (кг 60), Куэтэншы Мурат (кг 35-рэ), Гуэбэшы Сэлим (кг 26-рэ) сымэ. Дэтхэнэми иригъэкIуэкIа зэIущIитхур и текIуэныгъэ дахэкIэ иригъэухащ. Абыхэм зымащIэкIэщ къазэры­кIэрыхуар финалым щызэуа Хьэ­тыхъу Къантемыр (кг 35-рэ).
Гупу зэзауэхэми щытекIуащ Къалэ Амир, Исакъ Амиран, Куэтэншы ­Мурат сымэ зыхэта Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр. Абыхэм зэкIэ­лъ­хьэужьу хагъэщIащ Новосибирск ­областым, Тэтэрстаным, Башкорто­станым, Самарэ областым, Хаба­ровск крайм щыщхэр. Стоп-балл лIэужьыгъуэм къыщыхэжаныкIащ Исакъ Амиран (кг 50), Къалэ Амир, Гуэбэшы Сэлим сымэ.
Бгырыпх зэмыфэгъухэм я фестивалым щынэхъыфIу къалъытащ Са­сыкъ Исмэхьил (кг 35-рэ), Къуэдзо­къуэ Залым (кг 45-рэ), Абазэ Ислъам (кг 26-рэ), Трегубов Георгий (кг 40), ­Къущхьэ Айдэмыр (кг 45-рэ).
Урысей Федерацэм и чемпионатымрэ зэхьэзэхуэмрэ къарикIуахэм япкъ иткIэ, тхэквондомкIэ къэралым и командэ къыхэхар зэхагъэуващ. Абы хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу 8.

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.