ГукIи псэкIи адыгэу зыкъэзылъытэжхэм ящыщщ ди унагъуэр. Ди лъэпкъым, ди бзэм, хабзэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псоми пщIэрэ гулъытэ хэхарэ худощI. Апхуэдэу дэ фIыуэ долъагъу илъэс куэд лъандэрэ ди ныбжьэгъуфIу, пэжу къэтлъытэ «Адыгэ псалъэ» газетыр. Абы сыт щыгъуи доджэ, ди щIэщыгъуэу, и къыдэкIыгъуэхэм дыпэплъэу. АнэдэлъхубзэмкIэ къыдэкI газетым идогъуатэ ди щIыналъэм, къэралым, хамэ щIыпIэхэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм ятеухуа хъыбархэр.
Сэ Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ Зеикъуэ жылэм дэт поликлиникэм дзэ дохутыру илъэс куэд лъандэрэ сыщолажьэ. Си IэщIагъэр бзэм емыпхами, сэ дапщэщи сыдехьэх ди анэбзэ дахэм и зэхэлъыкIэ хьэлэмэтым, и IукIэ екIум. КъызэрыслъытэмкIи, бзэм урилажьэуи ущытын хуейкъым, уи анэдэлъхубзэр фIыуэ плъагъуу, абы хуэфэщэн пщIэ хуэпщIу дунейм утетын щхьэкIэ.
Дэ лъэпкъ газетым худиIэ щытыкIэм хуэдэ ядызолъагъу адыгэ унагъуэ куэдым. Абыхэм я дежкIэ ар гъуазэу, гъуэгугъэлъагъуэу, унэтIакIуэу зэрыщытыр хьэкъщ си дежкIэ. Си нэгу щIокI «Адыгэ псалъэм» ди къуажэдэсхэм я деж щиIэ щIэупщIэр зыхуэдизыр. Куэдым щIэгъэкъуэн яхуохъу ар, псом хуэмыдэу егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, апхуэдэуи адэ-анэхэм, нэхъыжьыфIхэм. Дэтхэнэм ди дежкIи нэхъыщхьэр лъэпкъым хуэфащэ щIэблэ дгъэсэнырщ, ди блэкIам щыгъуазэ, нобэм хуэжыджэр, къэкIуэну дахэр зи плъапIэ цIыху къэдгъэхъунырщ. Ауэ щыхъукIэ, а къалэнхэм тэмэму дапэлъэщынымкIэ икъукIэ сэбэпышхуэщ икIи тегъэщIапIэ инщ ди лъэпкъ газет закъуэр. Абы и напэкIуэцIхэм къытехуэ тхыгъэхэм ящыщ куэд гъащIэм къыхэпх хъуну дерсу къыдолъытэ. Си щхьэкIэ сфIэфIу, сыдихьэхыу сыкъоджэ «Адыгэ псалъэм» и напэкIуэцI щхьэхуэхэу «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым», «Махуэку», «Малъхъэдис», «IуэрыIуатэ - дыщэ пхъуантэ» жыхуиIэхэм ит тхыгъэхэм, нэгъуэщIхэми.
Ди лъэпкъым ифI зезыхуэ, и зыужьыныгъэм хуэлажьэ «Адыгэ псалъэм» и псалъэр жану, и зэфIэкIми и пщIэми хигъахъуэу щрырет. Адыгэ унагъуэ псори къыхузоджэ ди анэхэм къыддалъхуауэ Тхьэм къытIурилъхьа ди бзэ лъапIэмкIэ, IэфIымкIэ къыдэкI газетым Iэ традзэну.
КЪЭРМОКЪУЭ Динэ, дохутыр.