ЩIыналъэм Iэщэу щыIэр къэзылъытэ центрыр къызэIуахыж

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­хэтащ Лицензэхэр, Iэщэ зэрахьэну хуит зыщI дэфтэрхэр щату Налшык къалэм щыIэ ­центр къагъэщIэрэщIэжар къы­зэ­рызэIуахыжым теухуа зэ­хы­хьэм.
ЗэIущIэр видеоконференц мар­дэм тету къызэIуихащ УФ-м и Лъэпкъ гвардием и федеральнэ къулыкъущIапIэм и дзэхэм я унафэщI - УФ-м и Лъэпкъ гвардием и дзэхэм я унафэщI нэхъыщхьэ, армэм и ­генерал Золотов Виктор. Центрыр къыщы­зэ­Iуахыжым хэтащ Урысей гвардием и унафэщIым и къуэдзэ, по­лицэм и генерал-полковник ­Лебедев Сергей, Къэрал кIэ­лъыплъыныгъэмрэ лицензэ-хуит зэращI лэжьыгъэмкIэ управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI, полицэм и генерал-лейтенант Маликов Анатолий, УФ-м и Лъэпкъ гвардием и дзэхэу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэхэм я унафэщI, генерал-лейтенант Гетманов Игорь, УФ-м и Лъэпкъ гвардием и федеральнэ къулыкъущIапIэм КъБР-м щиIэ уп­равленэм и Iэтащхьэ Васильев ­Сергей, КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ ­шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Казбек, КъБР-м щыIэ федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Т­имур, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и уна­фэщI Ахъуэхъу Таймураз.
Урысей гвардием и унафэ­-щIым КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ къыхуи­щIащ быдэу зэ­пыщIауэ зэры­лажьэм папщIэ икIи щIыналъэм Iэщэ щызэблэгъэкIыным хуэу­нэ­тIа Iуэхухэр тэмэму зэтеу­хуауэ щытынымкIэ центрыр щIэгъэ­къуэныфI зэрыхъунум шэч къызэ­рытримыхьэри къыхигъэщащ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки Урысей гвардием и унафэщI­хэм фIыщIэ ­яхуищIащ респуб­ликэм щыпсэухэм я нэIэ къазэ­рытетым щхьэкIэ, апхуэдэуи ­къы­хигъэщащ центрыщIэр Iэ­щэхэр къэ­лъы­тэным зэрыхуэщ­хьэпэнур, унэр зэрырагъэфIэ­кIуар республикэм щыпсэухэм хуа­щIэ Iуэхутхьэбзэр егъэфIэ­кIуэным сэбэп зэрыхуэхъунур.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ