ЗэгурыIуэр мэунэ

Аушыджэр къуажэм иджы­благъэ щызэIущIащ Хъуэт, ­Токумаев, Шыкъ, Левкин лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ зэхущытыкIэхэр зэрырагъэ­фIэ­кIуэну щIыкIэм.

ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Аушыджэр къуажэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Къардэн Альберт. Абы псом япэу къыхигъэщащ республикэм щекIуэкI политикэмрэ нэхъыжьхэм я Iущагъымрэ я фIыгъэкIэ псынщIэу зэрагъэу­жьыхар Гундэлэн къыщы­хъуа Iуэхур. Къэпсэлъам жиIащ апхуэдэ Iуэхугъуэхэм къы­зэ­ра­гъэлъагъуэр лъэпкъхэм яку зэгурыIуэрэ ныбжьэгъугъэрэ дэ­лъыным гулъытэ хэха къэрал-ми ар зи къалэн щIэныгъэ ­Iуэху­щIапIэхэми хуащIын зэры­хуейр.
- ЕгъэджакIуэхэм ди къалэнхэм хыдобжэ, къызыхэкIа лъэп­къым е иIыгъ диным емылъы­тауэ, щIэблэр зым адрейм пщIэ хуищIу дгъэсэ­ныр. Дэтхэнэ динми и лъабжьэр зыщ - гуапагъэ пщIэуэ дунейм утетынырщ. Апхуэдэ фIыгъуэм ди сабийхэр щIэтпIыкIын хуейщ, гъэсапIэхэм къыщегъэжьауэ. Зы гупсысэм, зы мурадым дытетмэ, зэгу­рыIуэныгъэ зэрыщыIэнур си фIэщ мэхъу, - жиIащ къуажэ курыт еджапIэм и унафэщI ­Бадзэ Людмилэ.
Аушыджэр къуажэм и Iимам Жылокъуэ Му­хьэмэдин къыхигъэщащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ зэгурыIуэу къызэрызэдэгъуэгурыкIуэм зыри зэран зэрыхуэмыхъуфынур. Ар апхуэ­дэу екIуэкIын щхьэкIэ, Iимамым къелъытэ дин, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр нэхъыбэрэ цIыхухэм яхуэзэн, епсэлъэн хуейуэ.
ЗэIущIэм къекIуэлIа уна­гъуэхэм я цIэкIэ къэпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Хъуэт Тамарэ. Ар илъэс 40 хъуауэ адыгэ нысэщ, Муром къалэм къикIащ. Абыи зэ­IущIэм щыжаIахэр зэрадиIыгъыр къыхигъэщащ.
Iуэхум гудзакъэ хуаIэу къе­кIуэлIа унагъуэхэм фIыщIэ тхылъхэр иратащ, школакIуэ ныбжьыщIэхэм ягъэхьэзыра концерт ягъэлъэгъуащ.

 

БОЗИЙ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)