«Си бзэ-си псэ, си дуней» зэпеуэм 2020 гъэм щытекIуахэр

КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ ­щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм «Си ­бзэ - си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм 2020 гъэм щыте­кIуа­хэр щагъэлъэпIащ. Илъэс 20-м щIигъуауэ екIуэкI ­зэпеуэм хэтащ цIыху мини 5 хуэдиз. Школхэм, еджа­кIуэхэм, егъэджакIуэхэм я зэпеуэхэр гуэшауэ щытащ. Ахэр бзэр хъумэным, щIэблэр лъэпкъ хабзэм, литературэм, гъуазджэм, тхыдэм щIэпыкIы­ным хуэунэтIат. Ныбжь зэхуэмыдэхэм ит куэд гупсысэ­кIэ зэришэлIащ абы.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м цIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ Анзор.
- Япэрауэ, къыхэзгъэщыну сыхуейщ мы Iуэхур къы­зэгъэпэщыным гуащIэшхуэ зэ­рыхэтлъхьар, гурэ псэкIэ дызэрыхэтар. ТекIуэныгъэ къахьауэ нобэ мыбдеж щыд­гъэлъапIэ дэтхэнэми и щIыб къыдэтщ и лэжьэ­гъу­хэр - дэтхэнэри IуэхущIа-пIэ щхьэхуэм и лIыкIуэщ. Абыи мыхьэнэ етын хуейуэ къы­золъытэ. Пэжщ, иджыпсту дызэрыт щытыкIэ гу­гъум и зэранкIэ, дызэры­хуей дыдэм хуэдэуи къызэгъэпэща хъуакъым гъэфIэж Iуэхур. Сыхуейщ щхьэж фы­зыбгъэдэт IэнатIэр пщIэ иIэу­ адэкIи ефхьэкIыну, фе­фIэ­кIуэну, - жиIащ минист­рым.
ЕджакIуэхэр лъэпкъ щэнхабзэм дегъэхьэхыным теу­хуауэ текIуэныгъэ къэзы- хьа IуэхущIапIэхэм хуа­гъэ­фэща щIыхь тхылъхэмрэ тыгъэ­хэмрэ абыхэм я лIы­кIуэхэм яритыжащ Езауэм.
ЩIыналъэхэмрэ къалэ­хэмрэ я унафэщIхэу, жылагъуэ лэжьакIуэхэу Iуэхум ­хэ­тахэм хуагъэфэща щIыхь тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ яри­тыжащ КъБР-м ЦIыху-хэр егъэджэнымкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ и министерст­вэм и Жылагъуэ советым и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ­Сэхъу-­
рокъуэ Хьэутий. Абы жи­Iащ лъэпкъ укъыхэкIын, лъэпкъым щыщу ущы­ты­ным мыхьэнэуэ иIэр нэсу къызыгурыIуэм и дежкIэ ­ мы Iуэхум щIыхь зэрыпы­лъыр.
- Бзэ щыIэмэ, лъэпкъри щыIэщ, - жиIащ Сэхъуро­къуэм. - Ди анэдэлъхубзэращ дэ пщIэ зиIэ лъэпкъ щхьэ­хуэу дыщызыгъэIэр. Нобэ бзэ IуэхукIэ дгъэлъапIэ дэтхэнэми лъэпкъым и пащхьэ жэуап гуэр щихьу аращ. Къыхэзгъэщыну сы­хуейщ Урысей Федерацэм и Конституцэу, иджыблагъэ зэхъуэкIыныгъэхэр зыхалъ­хьам, и 68-нэ, 69-нэ Iы­хьэ­хэм бзэмрэ лъэпкъ хабзэм­рэ хъумэным теухуауэ Iэ­мал хъарзынэхэр къызэ­ры­ди­тыр, ар зэрыхъукIэ къэд­гъэсэбэпын зэрыхуейр. Мы Iуэхум фIыкIэ зи цIэ къы­щитIуэхэм фIыщIэ фхузощI егъэджэныгъэ, гъэ­сэ­ныгъэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр зэ­ревгъэкIуэкIым пап­щIэ.
Министерствэм и IуэхущIапIэм щагъэлъэпIахэм яхэ­мытами, ехъулIэныгъэ­кIэ зэпеуэм зыкъыщагъэ­лъэгъуащ еджакIуэхэми. 8 - 11-нэ классхэм щIэсхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэ лэ­жьыгъэ нэхъыфIхэри къа­лъытащ.
- Щхьэж и IуэхущIапIэ ­деж­ щывгъэлъэпIэжмэ си гуапэщ тыгъэхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ зыхуэдгъэхьэ­зыра еджакIуэ цIыкIухэр, - яжриIащ министрым ныбжьыщIэхэм я егъэджа­кIуэ­хэм.
Iуэхум и кIэухыу «Си Къэ­бэрдей-Балъкъэр» уэрэдыр къеуащ. ЗэIущIэм хэтахэм зэ­гъусэу сурэт зытрагъэхащ.

Гугъуэт Заремэ. Сурэтхэр Чучуевэ Лейлэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.