Налшык дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щэбэт кIуам нэщхъеягъуэ пэкIу щызэхэтащ. ЦIыхухэр къызэхуэсат Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, КъБР-м и Къэрал филармонием и симфоние оркестрым и дирижёр нэхъыщхьэ Темыркъан Борис дунейм зэрехыжар ягу щIыхьауэ.
«Борис Хьэту и къуэм и Iыхьлыхэм сахуогузавэ, дэ ар дигу къинащ цIыху щыпкъэу, псэкIэ къулейуэ. Ар и хэку цIыкIуми Урысеишхуэми и къуэ пэжу дунейм тетащ», - жиIащ пэкIур къыщызэIуихым КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
«Абы и пщIэр зыIэтар бгъэдэлъа зэчиймрэ цIыху щыпкъэу зэрыщытамрэщ. Дэ ар сытым дежи дигу илъынущ икIи абы дызэрыхуэфэщэным дыхущIэкъунущ», - къыпищащ КIуэкIуэм.
ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис жиIащ Темыркъаныр дунейм зэрехыжар Москва дунейпсо зэIущIэм хэту зэрыщызэхихар.
«Зы дакъикъи сымыгупсысэу Налшык сыкъэлъэтэжащ си ныбжьэгъум сыIуплъэжыну», - жиIащ абы. Зумакуловым къыхигъэщащ Темыркъаным республикэм и пащхьэ къыщихьа фIыщIэр зэрыиныр, зэман гугъухэм симфоние оркестрыр ихъумэн зэрылъэкIар икIи дыщIигъуащ Борис и цIэр оркестрым фIащыныр захуагъэу къызэрилъытэр.
Адыгэ лъэпкъым цIыху щэджащэ зэрытхэщIар и псалъэм къыхигъэщащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, УФ-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъи (Мейкъуапэ).
Темыркъан Борис Хьэту и къуэр иужьрей гъуэгуанэм трагъэувэжащ республикэм и къалэхэм, районхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Къэрэшей-Шэрджэсым къикIа цIыху щэ бжыгъэхэм.