Налшык дэт Лъэпкъ музейм дыгъэгъазэм и 4-м къыщызэIуахащ IэпэIэсагъэкIэ куэд щIауэ дыдэзыхьэха Мэзло Руслан «лъагъуныгъэ» («Узрение») зыфIища и гъэлъэгъуэныгъэр.
Музей бжэщхьэIум узэребакъуэу гъуазджэм и дуней телъыджэм, абы и хьэуа IэфIым узэщIаубыдэ. ЗанщIэу гурыIуэгъуэ мэхъу Руслан аргуэру лъагапIэщIэм зэрызрипщытар, ар къызэрымыкIуэу къызэрехъулIар. Пасэрей уэрэдыжьхэр гум хыхьэрэ, хьэуар ягъэундэращхъуэу ягъэзащIэу жьантIэм дэс «Джэрпэджэж» гупым щытыкIэр нэхъри щIагъэхуабжьэрт.
Тхыпхъэ «псалъэхэр» къызыхэпс арджэнхэр, дыгъэ теплъэ зиIэхэр, арджэн щхъуэкIэплъыкIэхэр, абгъуэ щIыкIэу, хьэдзыгъуанэ гъуэ теплъэ иIэу музей пэшым щыфIэдза IэрыкIхэр гупсысэхуеджэщ.
Пэшыкум егугъуу пасэрей арджэн ищIу ис Руслан нэрынэ-нэрынэу зэридзэ къамылым щхьэхуимыту нэр тодие. Гупсысэ бзыгъэ хьэкъ пщещI а Iуэхум - Мэзлом зэрихъэурэ дрищIейр арджэнкъым, къамылкъым, атIэ лъэпкъ щэнхабзэрщ, гъуазджэрщ.
Музей пэшым щытлъагъу дэтхэнэ лэжьыгъэри зэрыдахэм, нэгъэсауэ зэрыщIам я закъуэкъым фIагъыу яхэлъыр, нэхъыщхьэр абыхэм къызэрымыкIуэу хуабагъэшхуэ къазэрыпкърыкIырщ.
Лъэпкъ Музейм и генеральнэ унафэщI Накуэ Феликс зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ лэжьэн зэрыщIадзэжрэ мыр ещанэ гъэлъэгъуэныгъэу къызэрызэрагъэпэщыр икIи къыхигъэщащ Мэзлом и арджэнхэр, сыт щыгъуи хуэдэу, укъагъэуIэбжьу зэрытелъыджэр.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ мы гъэлъэгъуэныгъэр нэхъапэ щIыкIэ Москва къыщызэIуахыну ягугъами, щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ, зэрагъэтIылъэкIын хуей зэрыхъуар.
- Ди насып кърихьэкIри, дэ япэу тлъэгъуащ сыт щыгъуи хуэдэу, телъыджэ куэд тхуэзыгъэхьэзыра Руслан и IэдакъэщIэкIхэр. Абы хузэфIэкIащ лъэпкъ гъуазджэр зы щхьэкIэ нэхъ лъагэ ищIын, ауэ щыхъукIи, щIэрыщIэ гуэркIэ ар игъэбэтэн. Быдэу си фIэщ мэхъу абы и лэжьыгъэхэм дэнэ къэрали щIэупщIэ ин зэрыщаIэнур. Зэманыр нэхъыфI хъужмэ, дыщогугъ ар къэрал инхэм щигъэлъэгъуэну, - жиIащ Темыркъаным.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым Руслан абы кърихьэлIахэм гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэмкIэ ехъуэхъуащ.
- Нобэ мы пэшым щытлъагъум къызэрымыкIуэу гушхуэныгъэ къыпхелъхьэ. Iуэху дахэм хэтыну зи насып къикIа псоми сынывохъуэхъу, - къызэхуэсахэм захуигъэзащ Мэзло Руслан и егъэджакIуэ, сурэтыщI Мэзло Эдуард .
Руслан сыт щыгъуи хуэ-дэу, и псалъэм кIыхь зримыгъэщIу, мы Iуэхур къызэригъэпэщынымкIэ къыдэIэпыкъуа и ныбжьэгъухэм, еплъыну къэкIуахэм фIы-щIэ ин яхуищIащ.
«Арджэн» фIэщыгъэм щIэту абы щагъэлъэгъуащ, арджэныр зэращIым, ар зэрагъэхьэзырым теухуа кинофильм гъэщIэгъуэн.
Шэч хэмылъу, «Лъагъуныгъэ» фIэщыгъэм Руслан хилъэгъуа мыхьэнэр махуэ къэс дызэсауэ къэдгъэсэбэпракъым. Мэзлом и ЛЪАГЪУныгъэр, и творчествэм хуэдэу, нэхъ куущ, жыжьаплъэщ, купщIабэщ. Абы гъащIэм хуиIэ лъагъуныгъэрщ (сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэуи) и IэрыкIхэр къызыхищIыкIар.