Насып зэхэгъэкIыпIэ

Повестым щыщ пычыгъуэхэр
- Зэрыхъуэпсэгъуэ, - жеIэ щIалэм, илъагъум зыщимыгъэнщIу зыздип­лъыхьым, IэкIэ иIыгъ зэкIуэцIылъыр къызыкъуехри, IункIыбзэ къэб зэкIэ­рыщIар къещтэ.
- Сыт мыр зищIысыр? - щIоупщIэ Динэ.
- Мыр уэрэ сэрэ ди лъагъуныгъэм и IункIыбзэщ, - ар жеIэри, лъэмыжыбгъум Iут гъущI хъарым хьэлъкъыр IуегъапкIэ. Апхуэдэу здиIыгъым, пщащэм зыхуегъазэ:
- Ет IункIыбзэр икIи зыми къамыгъуэтыну, Iухыр хэдзэ псым.
Хъыджэбзри щIалэм пэрымыуэу жиIэр егъэзащIэ.
- Мыр сыту быдэ, игъащIэкIэ яхуIухынкъым, гъущI зэрызэпахкIэ зэпамыупщIауэ.
- Ирехъу ар уэрэ сэрэ фIэкIа нэгъуэщIым Iуимыхыжыфын, лъагъуныгъэ щымыIэжым и нэщэнэ хуэдэ игъащIэкIэ тхьэм дэри IудимыгъэхыжкIэ. Мэ, мы гъэбыдапIитI къэнам я зыр, зедгъэхьэ ди зырызу, ди гурыщIэ къабзэм и IункIыбзэIухыу.
- Дыгъэхъумэ, Заур. Ди псэр зы чысэм илъ хъуа нэужькIи, зесхьэнщ ар игъащIэкIэ, зесхьэнщ абы сеплъмэ, ди лъагъуныгъэр гум къэкIыж зэпыту, нобэрей махуэр си нэгу къыщIигъэувэжу.
- Динэ, къыдэдгъэх ди хьэгъуэлIыгъуэр мы гъэмахуэм.
- Сэ уэ сыт щыгъуи сыбдэщIыгъущ, ауэ…
- Сыт «ауэр»?
- Мамэрэ папэрэ ар ядэнукъым иджыпстукIэ.
- СощIэ. Сэ сиIэкъым иджыпсту дызыхэпсэукIын, ауэ мы си IитIым лъэкI къагъэнэнкъым уэ узыхуейр бгъуэту уагъэпсэун папщIэ, зэманыр мы щытыкIэм диту куэдрэ екIуэкIынукъым.
- Сэ абы сегупсыскъым, мы гъащIэм сэркIэ мылъкукъым щынэхъапэр, псом нэхърэ нэхъыщхьэр сиIэу къызолъытэри, сэ сыхьэзырщ уэ ноби гъусэ зыпхуэсщIыну, ауэ икIи сащошынэ сыкъэзылъхуахэм.
- КъызгуроIуэ, фIы дыдэу зыхызощIэ сэ абыхэм сыкъызэрамыдэнур, ауэ дэ ди насыпыр абыхэм я зэранкIэ зэтеткъутэн хуей?!
- Хьэуэ, апхуэдэ къэхъункъым, ауэ зэкIэ думыгъэпIащIэмэ, нэхъыфIщ, зэманым псори дызэрыхуейм хуэдэу и пIэ иригъэувэжынщ.
- Шэч къытызохьэ а зэманыр дэ къыдэжьэну, дэркIэ нэхъыфIыр къытхукъуэкI гугъуехьхэм дапэщIэтынырщ.
- Заур, пщIэрэ, пэжыр сымыбзыщIыххэу бжесIэнщи, уи гугъу мамэ щыхуэсщIам Iэл фIыцIэу къызэкIуэкIащ, абы къаугъэ къикIауэ тхьэмахуэ мэхъури дызэпсалъэркъым.
А тIур зытет лъэмыжым и щIагъым щIэж псым хуэдэу къабзэ пщащэм и нэпсхэм къызэпажыхьауэ и щхьэр щIалэм и бгъэм иригъэщIащ. Адрейми ар зрекъузылIэри, и щхьэфэм Iэ дилъэу щIедзэ, и щхьэцыгъуэ дахэр зэIипщIыкI хуэдэ хопэщэщыхь, ари фIэмащIэ мэхъу, и щхьэр нэхъ егъэщхъри хъыджэбзым и нэкIубгъум ба хуещI, ауэрэ IупитIыр зэхуозэ. Сыту IэфI а дакъикъэр. А зы напIэзыпIэм зыхащIа, я Iэпкълъэпкъым малъхъэдису ирижа лъагъуныгъэм и хуабэм насыпыфIэу заригъэлъытэжахэщ, гугъуехьу псэкIэ ягъэв псори ящыгъупщэжыну а тIэкIур яхурикъуащ. Ауэ сыту кIэщIыщэт, бетэмал.
Хъыджэбзыр къэуцIыплъауэ щIалэм зыкъыIэщIичыжащ, мыдрейри ищIам щыщтэжауэ, бгъэдэкIыжа пщащэм бгъэдэкIуэтэжурэ, жиIащ:
- Си нэху, си дуней нэху, плъэкIынумэ, къысхуэгъэгъу, сэ си гум Iей къэкIакъым.
Дини, къэхъуамкIэ зегъэкъуэншэжри, и щхьэр къыхуэIэтыркъым. И гущIэм щигъафIэ щIалэм къыхуищIа бар фоупсу зыхищIами, укIытэм а псор щегъэгъупщэж.
- Хьэуэ, уэ зыри уи лажьэкъым, сэращ къэхъуар зи къуаншагъэр.
- Си псэ, думыгъэбж ар къуаншагъэ гуэру, ар зэи сщымыгъупщэжыну мы си гъащIэм къыхэнэнщ. ДыхущIумыгъэгъуэж абы, Динэ.
- Апхуэдэу жумыIэ, Заур, зыхуэзмыгъэгъужыфын щIэщхъущ къысщыщIар.
- Къэдгъэгъанэ ар ди лъагъуныгъэ къабзэм и фэеплъу, пэжыр бжесIэнщи, сэ абы сыхущIегъуэжыркъым.
Хъыджэбзыр зэрыщэхущ, ауэ и жьэм къримыгъакIуэми, нэрылъагъущ ар и щауэм арэзы зэрыдэхъур.
- ДыгъэкIуэж, Заур.
- Сигу пыкIкъым мы дыздэщытыр. Ихъуреягъри щIыпIэ дахэщ. ФIэдгъэщ мыбы Лъагъуныгъэм и лъэмыж, ирехъу ар фIыуэ зэрылъагъухэм я насып зэпыщIапIэ.
- ФIэдгъэщ.
- ПщIэрэ, сэ сыхуейщ уэрэ сэрэ дызэрышэрэ ди сабий цIыкIухэр тщIыгъуу дыкъакIуэмэ, псалъэ, тхьэрыIуэ щызэIэпытхауэ щыта мы ди щIыпIэр куэдрэ гум къэдгъэкIыжыну, - жеIэ щIалэм.
- Дэ тIум ди закъуэкъым мыр зейр, фIыуэ зэрылъагъу псоми яйщ.
Я насыпщ лъагъуныгъэр зи гущIэм щыгъагъэ ныбжьыщIэхэм. Абы къарууэ къахилъхьэм къуршыбгъэу уэгум ирехьэ, зэми ар яфIэмащIэ мэхъури, псэхэр зы жыжьэ гуэрым къыщохутэ, апхуэдэу къыщIэхъури я гугъэхэм гъуни нэзи зэримыIэхэрщ. Заури и къэкIуэнум щегупсыскIэ, и нэгум къыхущIэгъэхьэркъым ар IейкIэ гъэнщIауэ щытыну, гугъуехьу игъэвам щегупсысыжкIэ, къыфIощIыж хьэзаб псори къызэринэкIауэ. Дини апхуэдэ дыдэщ, фIы щыIэу Iейм пхущыгугъын? Иджыпсту абы и гур лъэтэным хуэдэущ къызэреуэр. Ар куэдым хуопабгъэ, хъуэпсапIэ дахэхэр и псэм щоушэ.
- Сэ уэ фIыуэ, фIыщэу узолъагъу!
- Сэ уэ услъагъу къудейкъым, уэ си псэм ущыщ Iыхьэщ, псэр схахмэ, сыпсэужкъым, уэрыншэуи аращ!
- ПщIэрэ, мы дунейр уэрэ сэрэщ зейр!
- СщIэркъым, сэ сызэреплъымкIэ, а дунейм дрейщ, дэ тIум ар дгъэбжьыфIэ къудейщ. Уэрэ сэрэ дязыхэз хуэчэмамэ, зыгуэр хущыщIэу нэщхъеину къыщIэкIынт.
Псалъэншэу зэIущащэ пситIым я нэхэр щызэхуэзэ­кIэ, абы гур егъэхуабэ, ауэ зыщызэпаплъыхькIэ, зэщоукIытэжхэри, напIэм нэхэр ягъэпщкIуж. Апхуэдэу паркым къыздакIухьым, Заур зэуэ и гъэфIэным зыхуегъазэри щIоупщIэ:
- Динэ, пщIэжрэ, «Лъагъуныгъэр щымыIамэ,
Дунеишхуэр мыгъэгъэнт.
Ар цIыхухэм я гум имылъамэ,
ЦIыху насыпыфIи щымыIэнт» - жыхуиIэ уэрэдыр?
- НтIэ.
- Гу лъыптэркъэ ар зэрыпэжым.
- Сыт щIылъызмытэр, сымыщIэ уи гугъэ уэрэджыIакIуэхэм пцIы зэрамыупсыр?
- Уэ, си псэ, апхуэдэу щыхъукIэ, а псалъэхэр уэрэджыIакIуэм и деж нэзыхьэсыж уэрэдусырщ е усакIуэрщ псом нэхърэ нэхъ пэж жызыIэр, абыкIэ наIуэ пщысщIыну сызыхэтыр ар сэ си фIэщ зэрыхъурщ.
Парк икIыжыпIэм пэмыжыжьэу щыт тетIысхьэпIэм и гъунэгъу къызэрыхъуу къызэтеувыIахэщ.
- Си лъакъуэр мэуз, куэд щIауэ мыпхуэдэу гъуэгуанэшхуэ лъэсу зэпысчыжатэкъым.
- КъакIуэ, сэ IэплIэкIэ усхьынщ.
- Сыпхуэхьын?
- Дегъэплъ?
УкIытэр нэхъ щхьэщыкIуэтарэ нэщхъыфIэ къызэрыхъужари кърипщIэу, мэдыхьэшх пщащэр.
Дыгъэр умылъагъужу зигъэпщкIужами, дунейр иджыри нэхущ, ауэ нэхъ щIыIэтыIэ зэрыхъуам зыхыуегъащIэ пщыхьэщхьэхуэкIуэ зэрыхъуар. Куэбжэпэм нэс ягъэкIуэтэжа пщащэр мыпIащIэу, зэми щауэм къыхуеплъэкIыжурэ, куэбжэ зэIужам дохьэж.
- ТIасэ, пщэфIапIэмкIэ ныщIыхьэт, сынопсэлъэнут, - зыкъыхуигъэзащ махуэ бжыгъэ хъуауэ тэмэму къемыплъ и анэм. Дини мыпIащIэурэ сумкIэр игъэтIылъщ, плIэ хуабэр зыщихри, и анэм деж иунэтIащ. Кофэ ефэу Iэнэ хужь бгъуфIэм бгъэдэс Сарэ и пхъур къыщыщIыхьэм, тэджри псалъэншэу абыи къыхурикIащ. Щысщ тIури щыму, пхъур поплъэ анэм къыщригъэжьэнум.
- Уи адэм жесIащ уи Iуэху зытетыр. Абы къыпхуищIыр уи унафэщ, сэ уэ бжесIэр щыпхымыкIкIэ.
- Мамэ, апхуэдэу щхьэ жыпIэрэ, уэ сэ сыномыдаIуэу ара? - щIэупщIащ ар, къэгумэщIауэ.
- Уэ фIы дыдэу уощIэ фи Iуэхум зыри къызэримыкIынур, зыпыгъэкI а щIалэр.
- Сэ абы нэмыщI зыми сыхуейкъым.
- ЩIалэ дунейм текIыжа? ДэгушыIэ нэгъуэщI гуэрым.
- СэркIэ нэгъуэщI дунейм теткъым, сынолъэIу, мамэ, къэдгъэгъанэ мы псалъэмакъыр.
- Щхьэ къыбгурымыIуэрэ дэ уэ насыпыфIэ узэрыхъун Iуэху къызэретхуэкIыр?
- Сэ абы фIэкIа нэгъуэщI зыми насыпыфIэ сыхуэщIынукъым, апхуэдэу щыщыткIэ, щхьэ яужь фит фи быным и насыпыр зэпывудыну?
- Дэ уи Iей къэтлъыхъуэу щхьэ къыпщыхъурэ? ДызыхущIэкъур зы закъуэщ, узыхуейр бгъуэту, зыми уемыхъуапсэу упсэуну аращ.
- ЗэрыжыпIэмкIэ, мылъку збгъэдэлъмэ, сэ схуэдэ щымыIэу, насыпыфIэу сыпсэунущ, ара?
- Уэ а зинэкIэ къалъхуа факъырэм убгъэдэскIэ уи къэкIуэнур тэмэм хъуну? Сэ сощIэ къыппэплъэр - сабий цIынэ плъэсу, щIакхъуэ уасэ щхьэкIэ улъаIуэу укъэнэжынущ.
- Умыгузавэ, фэ сынывэлъэIункъым, - и нэпсхэм къызэпажыхьауэ зыхуигъэзащ и анэм.
- Мыдэ уи дэлъхур къэгъэсыж, уи адэмрэ абырэ уи унафэр ящIынщ.
- Сыарэзыщ, - къыщылъэтащ макъкIэ гъыуэ, и анэр къыкIэлъыджэ пэтми къимыгъазэу, езым и пэшымкIэ иунэтIыжащ.
Нэщхъейщ Сари, хэт хуей и быным Iей къехъулIэну, ар зэрытыншын Iуэхущ кърихуэкIыр, езыми и щIалэгъуэу щытащ, и пхъум хуэдэу щхьэпримыхами, ари къыжьэдикъуэнщ. ЕщIэ, зэман дэкIмэ, фIыщIэ къызэрыхуищIыжынур, къызыхэкIар зымыщIэж факъырэм ар дигъакIуэу, и кIуэцI къикIар игъэунэхъуфынкъым. ДэкIуэпауэ ещIри, зыщIэсын ямыIэу, сыт зэгупсысыр?! Сыт хуэдэ щIалэ иужь къит - зрипэскъым, щыкIа нэхъ лажьэ иIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ фIэсабийщ иджыри хъыджэбзыр, илъэс тIощIрэ тIурэ ирикъуа къудейуэ аращ, ауэ балигъ хъуа Iэпкълъэпкъыр-щэ?
Щхьэнтэм хэIубауэ гъы хъыджэбзым зыкъеIэтри, гъуджэм бгъэдохьэ, и нитIым къыщIэж нэпсыр и напэм йожэх. ЗызэпелъэщIыхь, ауэ нэпсыр хуэубыдыркъым, дыхьэрэн плъыжьу къызэщIэна нэкIур нэхъ дахэж хъуауэ пщащэр къыпфIегъэщI. Магъ гукIэ, зэми макъкIэ, хэт хуиIуэтэну абы и псэм игъэвыр?
Телефоныр къозу. Зызэтреубыдэж. И макъ махэ хъуар нэхъ жьгъыру зэрищIыжынум хущIэкъуурэ трех.
- Хъарзынэщ, Асэ, уэ дауэ ущыт?
Зопсалъэ а тIур. И ныбжьэгъум къритыжа гукъыдэж тIэкIум иринэщхъыфIэу жып телефоныр зызэман трелъхьэж. Ауэ Iуэху ищIэнуи унэ лэжьыгъэхэм еджэнуи, зыми игу хыхьэркъым. Тхылъ гуэрхэр къищтэми, и щхьэм щызэрызехьэ гупсысэхэм нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ трашэ. И щхьэм икIыркъым Зауррэ езымрэ я зэIущIэр, нобэрей псалъэмакъыр.
«Гъэмахуэм укъэсшэнущ, жи, мыхэр илIыкIыни абы. Зрапэскъым ахъумэ, Зауррэ сэрэ дызыхэпсэукIын дыдейхэм якъуэлъкъэ? Гужьеяхэщ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я зэманым догъэзэж тIэкIу-тIэкIуурэ. Сыт хуэдэуи зрыращI, сэ абы пэIэщIэ зыми сищIыфынкъым, апхуэдэ къэхъуми, абы иужькIэ сэ дауэ сызэрыпсэунур. Си нэгум къысхущIэгъэхьэркъым».
Жэщыр хэкIуэтами, Динэ зыщIэлъ пэшым уэздыгъэр щIэгъэнащ. Ар пIэм илъщ зэрыхуэпауэ, и щхьэр щхьэнтэм егъэщIауэ. Щылъщ, жей IэфIым хилъэфауэ…
КъэкIуэнур зэманым и макъыджэщ.
БлэкIам и гущIэм ар и гъуджэщ.
ГукъэкIыжыр цIыху гурыгъу-гурыщIэщ,
Жьыгъэ гъащIэм и налкъуту мыщIэщ.
***
ГъатхэкIэм и япэ махуэщ. Зауррэ Азрэтрэ Уэлий ялъагъуну къэкIуахэщ. Зыгъэпсэхугъуэ къудейуэ фIэкIа кърамыдзэж нобэрей махуэр лIыжьымкIэ гуфIэгъуэщ. Абы IэщIыб хуэщIкъым зэрыцIыкIу лъандэрэ зыщIапIыкIа, лъэлъэжа совет къэралыгъуэм и Iэужьу цIыхухэм Iумпэм ящIыжахэр. Ар иджыри мэгугъэ зэманыфI щыIам зэгуэр къигъэзэжыну. И гур зэгуоуд совет властыр яубу телевизорым къыщитIысхьэIам деж, цIыхухэр абы игъэунэхъуауэ, Iей защIэ фIэкIа къахуимыхьауэ жызыIэхэр и псэм хутегъахуэркъым. ФIы дыдэу къыгуроIуэ, лей зезыхьэхэр щыIащ, ауэ зэрыкъэралу щхьэ убын хуей?! Езыр зыщIапIыкIар коммунизм лъэщ ухуэнырт, цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынырт. Иджы рыночнэ экономикэм, демократием зегъэужьын. Аращ къулыкъущIэхэм жаIэр, апхуэдэурэ щыхупIэм дыхуашэ. Уэлий фIы дыдэу къыгуроIуэ икIи жиIэрейщ дэ ди къэралыгъуэм «демократие» зыфIаща щхьэхуитыныгъэр зэремызэгъыр. ЕщIэ Америкэм зебгъэщхькIэ, абы ещхь узэрымыхъунур. Дэ ди цIыхухэр а щхьэхуитыныгъэм есакъым, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэуи зэхэт ди цIыхубэр абы кIуэху нэхъ зэкъуичынкIэ хъунущ. Идеологие лъэщ зимыIэ къэралыр зыхуэкIуэр къэщIэгъуейщ. Абы зэрибжымкIэ, илъэс зыхыбл япэкIэ къэхъея Шэшэн зауэми щIэдзапIэ хуэхъуар лъэпкъ зэхэгъэжырщ, а цIыхубэр зэрызэкъуэмытырщ. Уи щхьэ ухуитыжынуи Iейкъым, ауэ абы есэр щхьэзыфIэфI хъумэ, апхуэдэр къэгъэшыжыгъуей мэхъу, цIыхухэм шынэ яхэлъын хуейщ, властым фIэлIыкIыу. Ар лъэщу щытын папщIэ, абы и лъабжьэм щIэтхэр къедэIуэн, акъылэгъу къыдэхъун хуейщ.
Апхуэдэ гупсысэхэр зи щхьэм щызэрызехьэ Уэлий жэм лъхуагъащIэр зыщIэт бэкхъыр къитхъурт. Иджыри зекIуэкIэ зымыщIэ, зэфIэскъыскъэу, ерагъыу щытыф шкIащIэр къыщIигъэкIауэ пщIантIэм дэтт. Езым къэгъэкъэбзэныр иухауэ, IэщIэлъыныр щIиудэжырт щIалэхэр къыщыбгъэдыхьам.
- Фыкъеблагъэ, фыкъеблагъэ.
- Дынохъуэхъу, дадэ! - зыхуигъэзащ Азрэт, Заури зэкIуэцIылъ иIыгъыр хуишиящ.
- Ди щхьэщыгу итыр хъуэхъуу щыIэмкIэ зыхуэупсэн тхьэм фищI, фыхэтын хуеякъым мыбыхэми, фынакIуэ унэмкIэ, фызыжьым и гуапэ хъунщ. ЗдыщIыхьам, пIэм хэлъ Данагъуэ бгъэдыхьэхэри и Iэр яубыдащ. Ар зигъэIыхьшыхьурэ, гъуэлъыпIэм къеувэхащ. Унэм къыпыт пщэфIапIэмкIэ иунэтIщ, мыгувэуи къигъэзэжри, щIалитIри шхапIэмкIэ ишащ. Iэнэ плIимэ цIыкIум къытригъэувауэ тетт къигъэкъуэлъэжа къудей, бахъэ пщтырыр къызыщхьэщих фалъэхэм ярыт къалмыкъ шеймрэ тепщэч зырызым ярылъ адыгэ щIакхъуэ, шэ щIэмыху кхъуей упщIэтарэ.
- Зэвмыусыгъуджэу федзакъэ, си псэр зэзгъэшхынхэ, зэкIэ тIэкIу фызэIурыумэ, сэ иужькIэ сыфхуэпщэфIэнщи фызгъэтхъэжынщ.
- Нанэ, дадэ къыщIыхьэжмэ дышхэнщ, - жиIащ Азрэт.
- А, Езыр къыщIыхьэжыхукIэ фыпэплъэмэ, шхыныр диижынщ, фемыжьэ, куэд щIакъым абы пщэдджыжьышхэ зэрезгъэщIрэ.
НыбжьыщIэхэр щIыбым щыщIэкIыжам Уэлий хадэм итт жыг ухъуэнщIахуэм и кIэрыхубжьэрыху къэнар IэкIэ къищыпыжу.
- Дадэ, уи закъуэ щхьэ зыбукIыжрэ, зыгуэр жыпIамэ, дэ тхуэщIтэкъэ? - зыхуигъэзащ абы Заур.
- Фэ абы щхьэкIэ сыту зывэзмыгъэуфIеижрэт, фымыгузавэ, сэ хуэмурэ, си зэш тезгъэу хуэдэурэ, нэзгъэсыжынщ.
Къэпщыпыни илътэкъым, ауэ мо гумызагъэм лъэкIтэкъым кIэрыхубжьэрыху гуэр къринэн.
- Хьэуэ, уэ зыгъэпсэху, дэ зэщIэткъуэжынщ.
Хадэшхуэщ Уэлий и щIапIэр: кхъужьей, балией, пхъэгулъей итщ, ауэ и нэхъыбэр мыIэрысейщ. ЛIыжьым и хадэр и напщIэм зэрытелъым гу лъыботэ, уеблэмэ зыщигъэщIагъуэ къохъу: «Мыпхуэдэ берычэтыр зэрылъ щIыр уиIэу улIэн?» - жиIэу. Гъэмахуэу дунейм щихуабэгъуэм мыращ абы и зэш тегъэупIэр. Жыг щIагъым щIэж псыIэрышэ цIыкIум пэгъунэгъуу IэрыщI гъуэлъыпIэ щиухуэнти, абы зыщигъэпсэхуу илъу плъагъунт, кIэзет е журнал къыхуэкIуамэ, еджэу исынт. Лэжьыгъэнши щыхъуртэкъым ар мыбы, псыIэрышэм къыхишынти, жыг лъабжьэ зэхэтIыхьам щIигъэлъэдэнт, ари фIэмащIэ хъуамэ, бжьамийр крантIым пидзэнти, щIилъхьэнт.
Зэм жыг лъабжьэр итхъунщIынт е гъэч къыдэжахэм пхъэщхьэмыщхьэм зригъэужькъым жиIэнти, къыпиупщIу щIидзэнт. Жылэм хущхъуэ тракIэу щхъухькIэ зэрахьэмэ, Уэлий апхуэдэтэкъым. Абы уэшх къешха нэужь, бошкIэхэм ярыт псымкIэ жыгхэр игъэпскIыжырт. Псы къигъэжагъащIэри идэртэкъым, ар махуэкIэ щигъэтт хлоркэр хэкIын папщIэ.
Зыщымысхьыжу къаруушхуэ зэрытригъэкIуадэр арагъэнкIи хъунт абы пхъэщхьэмыщхьэ къабзэ, бэв къыщIехъулIэри. УмыгъэщIэгъуэни плъэкIыркъым апхуэдизым ар зэрыхунэсыр, жэщкIи къалэм нэс кIуэуэ, хъумакIуэну зэмани къыхуэнэжу.
- Дадэ, пщэдей мэзым дывгъакIуи, тIэкIу зыщыдвгъэплъыхь, - лъэIуащ Азрэт.
Хэгупсысыхьауэ щыс лIыжьым зэуэ ар зэхихакъым.
- Хъун, дадэ? - зыхуегъазэ абы Заур.
- Ы, сыт жыхуэпIэр?
- Дыпшэн мэзым? - щIоупщIэ Азрэт аргуэру.
- Ахьай фысшэн, дыкIуэнщ, фыхуеймэ, пщэдджыжь жьыуэ, куэд щIауэ сыщыIакъым сэри.
- ДызэгурыIуащ. - Я нэгум дэрэжэгъуэр къищу зэдыжаIащ.
- Уэри зэрыжыпIэщи, гъуэгу дытемытми, зэманым кIапсэ едгъэдз, дадэ. - ТIэкIурэ псалъэншэу щыса нэужь, Азрэт и адэшхуэм елъэIуащ.
- Уэри уэ, ПIытI, сыт нэхъ узыхуейр зэхэпхыну?
- Сэ сщIэрэ, нэхъ гъэщIэгъуэну зыгуэр къыджеIэж.
- Хъунщ, апхуэдэу нэхъ къыщыпщтэкIэ, фхуэсIуэтэнщ сэ зы хъыбар.
Щыму зы дакъикъэ хуэдэкIэ щытауэ, и бгъэгущталъэм тутыныр кърихщ, пигъанэри, тIэу-щэ екъуа нэужь, къригъэжьащ.
- НтIэ, фэ зи щIалэгъуэхэм фхуэгъэзауэ щыт хуэдэщ мы сэ фхуэсIуэтэжынури фыкъедаIуэ, ауэ фэ иджыпсту, зэхэфхыну хъыбарыр япэу си жьэм къыжьэдэкIыу цIыхум зэхихыжу аращ. НтIэ, хьэдрыхэ здыщIэсхьэн?
Сытми, абы щыгъуэ фэ сыфхуэдэнт, хьэуэ, сыщоуэ, тIэкIу сынэхъыщIэнт, кIэщIу жыпIэмэ, си ныбжьым хуумыгъэфэщэну сыщIалэтанэфIт, си къаруилъыгъуэт. СощIэж, мы хьэблэр щыгъэтауэ, ди къуажэм зы цIыху дэсу къыщIэкIынтэкъым ди адэр зытес шым хуэдэ иIэу. Шы къарэ лъакъуэхурэ абы нэмыщIыжу икIи натIэхуу. Жыжьэу, адэ къакIуэу плъэгъуамэ, къыумыцIыхункIэ Iэмал иIэтэкъым, и тхьэкIумэр дзасэу гъэкIауэ. Мо къабзэу зетхьэ псэущхьэ дахэм и цыпэ цIыкIухэр дыгъэм пэлыду, а адыгэш дахэм имытхьэкъу зыри щыIэтэкъым.
Сэ си ныбжь нэсарэ пэт, зэзэмызэххэт ар ди адэм дзыхь къыщысхуищIыр. А зэманым псынэ къабзэр ди хадэбгъум къыщыщIэжу диIэми, сэ зризгъэщIагъуэу абы сызэрытесынур си псэм фIэфIти, псафэ псыхъуэм нэс сшэрт. Слъагъурт уэрамхэр зэпызупщIу сызыдыхьэ хьэблэхэм дэс щIалэгъуалэр къызэрызэхъуапсэр, шым гъэпщкIуауэ къещакIуэхэри щыIэт, ауэ зыми Iэмал хуигъуэтыртэкъым абы бгъэдыхьэну. Хамэ гуэр гъунэгъу зэрыхуэхъуу, щыщрэ и лъакъуитIыр Iэтауэ зрисэрт е къекIуэтэлIам къеуэну зыщIидзырт. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныжырати, ди адэр фиямэ, шыр дэнэ щымыIами къэкIуэжырти, и пащхьэм къихутэжырт. Къыщыхъу щыIэт, сэ зыщIыпIэ срикIуамэ, ди адэм къызэрилъыхъуэр псэкIэ ищIами ярейуэ, къэкIуэжыну къызэныкъуэкъурт, хуабжьу абы хуэпэжт.
СощIэж, дыдей ди адэм и ныбжьэгъу гуэр къэкIуауэ здэщысым, мо фIыуэ къэжанам зыкъыхуигъэзат:
- Къасым, сызэрыс машинэр узот, къызэхъуэж мы уи шымкIэ!
Адэр пыдыхьэшхыкIри, хьэщIэм жриIат:
- БетIал, уи Iэпкълъэпкъым щыщ мо уи Iэр къыпыупщIи машинэкIэ къызэхъуэж жысIэмэ, пхузэфIэкIыну? Сэ си гъащIэр стыфынщ абы папщIэ, ауэ ар сэ зыми схуетынукъым. Ар сэркIэ мылъкукъым е былымкъым, ар сэ си быным хуэдэщ, си быным.
ХьэщIэм, зыри къызэримыкIынур къыгурыIуэри, абы теухуауэ псалъэ жиIэжатэкъым.
Иужьрей зэманым, хъыджэбзхэм сеплърей зэрыхъуам къыхэкIыу, къарэхур ди адэм къылъызмыгъэсыж хъуат. Ар къызыхэкIри Щэрданхэ я хьэблэжьу щыта лъэныкъуэмкIэ набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу, зы тхьэIухуд зэрыдэсырт. Абы зыкъыпезгъэхыу я куэбжэмкIэ зыблезгъэх-зыкъыблезгъэхыжу къэзублат. Езыри куэбжэпэм къыдэувыкIыу къыщызэжьэр нэхъыбэт. А дахэм и щхьэц фIыцIэу и бгъэм теуэр, и набдзэ къурашэхэм къащIэплъ, дыгъэм сэ езгъэщхь нэ къуэлэныр слъагъун папщIэ сымыщIэн щыIэтэкъым. Ауэ ди зэхуакум лъэпкъитIыр зэпэщIэзыгъэувэ лъы щIыхуэ дэлът, гъуэгу къыдимыту. Аддэ, пасэм, ди адэшхуэхэр джэгу щыIэу я зэхуаку къаугъэ къыщыдэхъуэм, а хъыджэбзым и адэшхуэ къуэшымрэ си адэшхуэмрэ щIакIуэ кIапэ зэдытеувэн хуей хъуат.
Ди лъэпкъым лъы уасэр ятыжыну хьэзырми, модрейхэр «лъыр лъыщ зэрытхьэщIыжын хуейр» - жаIэу къэувауэ, ди зэманым къэсат. ТIэкIу нэхъ ящыгъупщэж хуэдэу хъуами, махуэ къэс я хьэблэм шууэ укъыдыхьэу ущалъагъукIэ, гужьгъэжь къыпхуамыIэныр Iэмал зимыIэт.
Пшапэр зэхэуамэ, абы я хадэ щIыбагъыр ди зэхуэзапIэурэ зэманри кIуэрт, сэри, дэтхэнэ зи щIалэгъуэми хуэдэу, а пщащэм и лъагъуныгъэм сихь зэпытт. Ауэ, сытыт фIыуэ слъагъукIэ? Къызэрызамытынур хьэкъыпIэу спхыкIауэ сщIэми, езыми ар къыгурыIуэми, гугъэм гъащIэ къыдитырт, фIэщхъуныгъэ гуэр къытхилъхьэрт.
Нобэми си нэгум щIэтщ ди адэм и шыр.
ЛIыжьым и хъыбарыр зэпыуащ, къызэрыгумэщIам гу лъыптэрт. Ар игъэпщкIуну хэт хуэдэ, тутыныр пигъэнащ.
- Хъунщ, фыкIуэ, зывгъэпсэху, пщэдджыжь жьыуэ фыкъэтэджынущ.
- Дадэ, кхъа, адэкIи къыпыщэ, нэхъ дыщыдихьэха дыдэм зэпумыгъэууэ!
- Хьэуэ, ПIытIэ, абы щыпытщэнум и зэманри къэсынщ, зэкIэ фыгъуэлъ.
- НэхулъэфI укъикI, дадэ, - жиIэри, Азрэт и ужьым иту тэджыжащ Заур.
* * *
Адыгэ щIыналъэм и жылагъуэ нэхъ дахэхэм щыщщ Щхьэлыкъуэ къуажэр. НэгъуэщI жылэхэми хуэдэу, мыбыи дыгъэр къыщыщIокI, махуэщIэхэри щызэкIэлъокIуэ, пщыхьэщхьи мэхъури, пшапэр зэхэуа нэужь, жэщми хуэмурэ цIыхухэр дощымыж. Ауэ къуажэр адрейхэм къащхьэщызыгъэкIыр абы и теплъэ дахащэрщ.
Жылагъуэр игъащIэ лъандэрэ Iусщ и цIэр къызытекIауэ хуагъэфащэ псым и Iуфэм. МыдрыщIкIэ укъызэпрыкIмэ, мэз лъапэр къыщылъщ. Иджыри зы псы цIыкIу къуажэм кIуэцIрож. Жылэр зыIусым зэреджэр Щхьэлыкъуэшхуэмэ, мыр Щхьэлыкъуэ цIыкIущ.
Иужьрейм жылэжьыр тIу ирещIыкI. Абы и щыхьэтуи къуажэдэсхэр зыгуэрым тепсэлъыхьмэ, а зи гугъу ящIар щыпсэур кърырагъэлъагъуэу зэхэпхынущ, псым мыдэкIэ е адэкIэ жаIэу. Къуажэр мыбдеж къыщытIыса гъэр зыми ищIэжыркъым, языныкъуэхэм хуагъэфащэурэ бжыгъэ гуэрхэр къахьми, абы и пэжыпIэр нэхъ зыгъэнэIуэфынур зэманым къемылами, зэгуэр Щхьэлмывэкъуэ цIэр зезыхьа мы псыхъуэм и Iуфэм къыIунэжа языныкъуэ мывэ абрагъуэхэрщ. Апхуэдэу щIыщытри мыбы и Iуфэм япэу къыIутIысхьа жылэ цIыкIум щхьэл мывэ мы къуэм къыдихыу зэрыщытарщ. Лъэгум къыдэнэжа закъуэтIакъуэхэм ящIэж хэт мыбы япэу къыдыхьами, сыт къыдэхъуами, гуфIэгъуи гузэвэгъуи, ауэ мывэр мывэщи, псори быдэу ягъэпщкIу. ЯгъэпщкIу сыт ищIысри, зыри игъащIэкIэ къыбжамыIэфыну. Къэбэрдей хэкум зы псыхъуи иIауэ къыщIэкIынкъым мыбы хуэдэу щхьэл мывэкIэ бейуэ щыта. Ауэ иджы абыхэм я лъэужьу къэнэжа закъуэтIакъуэхэрщ узрихьэлIэр. Гухэхъуэщ Щхьэлыкъуэшхуэ узэпрыкIрэ бгым удэкIыу, абы и щхьэщыгум укъыщхьэщыувэу къуажэм укъыдэплъэну, мы щыгум жылэр уи IэмыщIэм илъым хуэдэу фIы дыдэу щыболъагъу. ИпщэкIэ къыщыщIэбдзэрэ набдзэгубдзаплъэу зуплъыхьу щытмэ, губгъуэм иту гу лъыботэ зы псэуалъэшхуэ гуэрым и лъэужьу къэна лъабжьэхэмрэ чырбыш къутахуэхэмрэ. Ар зы зэман щэ бжыгъэкIэ Iэщыр зытету щыта фермэ якъутэжам и щIэину къэнахэрщ. Къуажэ дэлъэдапIэм хуэзэу иIэ бгы пэнтхым цIыху гуэр тет хуэдэу къыпфIощI, зэми ар ебгъэщхьынущ сэлэт къэрэгъулым. Ауэ нэхъ гъунэгъуу убгъэдыхьэмэ, къыбоцIыхуж мывэм къыхэщIыкIа, зейри ямыщIэж фэеплъу зэрыщытыр. Къуажэкум нэхъ хуэзэу щытщ къатищу зэтет школыр, абы адэкIэ клубыр, иджыри трахыжыну зыхунэмыса, зи Iэр уафэгум ета, Ленин и фэеплъыр. Абы и бгъумкIэ администрацэм и унэр щыболъагъу. Къатитхуу зэтет унэри нэм къыIуедзэ. А зыращ псэупIэ унэхэм я нэхъ ину мыбы дэтыр. КIыхьу егъэкIэкIа щихухэм къуажэкхъэри ягъэдахэ хуэдэщ. Нэхъ жыжьэIуэу щыболъагъу жылэм и гъавэ щIапIэмрэ нэхъ къуажэкIэмкIэ къыщылъ, колхозым и жыг хадэу щытар иратхъыжа нэужь къыщIэна щIы нэщIымрэ.

НафIэдз Мухьэмэд

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.03.2024 - 09:17

КУШЫКРЭ МЭТРЭ Я ЖЭУАП

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алий адыгэм и щэнхабз

19.03.2024 - 09:16

КЪУАЖЭ УЭРАМХЭР ЗЫХУЕЙ ХУАГЪАЗЭ

 Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Тэрч щIыналъэм щыщ Дей, Акъбащ Ипщэ, Терекскэ жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур мы ма

19.03.2024 - 09:16

ДЭТХЭНЭМИ ХЭПЛЪЭНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокурор Хабаров Николайрэ Налшык гарнизоным и дзэ прокурор Васильцов Александррэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъынымкIэ «Хэкум и ХъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэм и Iуэху

18.03.2024 - 14:28

ДЫЩЭ МЕДАЛУ ПЛIЫ

Мейкъуапэ къалэм и «Уэщтын» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм дзюдомкIэ я чемпион Галстян Арсен и саугъэтхэр къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ.

18.03.2024 - 14:27

ШХАПIЭХЭМ Я ХЭХЪУЭР

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и шхапIэхэм псоми зэхэту фейдэуэ кърагъэщIам и куэдагъымкIэ къэралым и щIыналъэ нэхъыфIипщIым яхыхьащ.