Хэкупсэ нэс Къущхьэ Догъэн

ЦIыхум и гум, и псэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щигъафIэ хабзэщ, ар лэжьыгъэм, унагъуэм ехьэлIауэ щрет, е гъащIэм щыщ нэгъуэщI хъуэпсапIэхэм епхауэ ирехъуи. Зи унагъуэ исыж, зи ­Хэку щыпсэуж цIыхум зыхимыщIэн куэд хэхэсхэм я гущIэ ­лъапсэм зэрыщаIыгъым сэ шэч къытесхьэркъым. Ар куэдрэ ­хьэкъ тщохъу, хамэ къэралхэр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэп­къэгъухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр къыщытхуаIуатэкIэ. Ди газетым  и редактор нэхъыщхьэ, и ныбжьэгъуфI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж къызэрыщIыхьар къэдгъэсэ­бэпри, дэ иджыблагъэ дыхуэзащ Тыркум щыпсэу адыгэ щIалэ ахъырзэман, хэкупсэ нэсу зэры­щытыр зи IуэхущIафэкIи дуней тетыкIэкIи наIуэ зыщI, адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэу щыта хьэпшып куэдыкIейхэр зэ­хуэзыхьэсыжауэ зыхъумэ, ди щIэджыкIакIуэхэми Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу нэгъуэщI куэдми фIыуэ яцIыху Къущхьэ Догъэн. Лэжьыгъэ IуэхукIэ къэ­кIуарэ нэгъуэщI зыгуэрым къытекIухьарэ сыщыщIэупщIэкIэ, ­Догъэн къыпогуфIыкIри, жэуап къызет:
- Налшык сигу къызэрыкIарщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу си ныбжьэгъухэм сазэрыхуэзэшарщ гъуэгу сыкъытезыгъэхьар, нэгъуэщI зы Iуэхуи сиIэкъым. ИлъэсиплI хъурт сыкъызэрымыкIуэф­рэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм ды­щы­хэтым IуэхукIэ илъэсым тIэу-щэ ­дыкъакIуэрт, арщхьэкIэ щэбэтым дыкъэсырти, зыгъэпсэхугъуэ ма­хуи­тIым дылажьэу дызэхэст, блыщ­хьэм дежьэжырт. Налшык, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Iуащхьэмахуэ лъа­пэ жыпIэми, моуэ хуиту, наб­дзэгубдзаплъэу зэзгъэлъагъуну ­Iэмал сиIакъым. Ныбжьэгъу сы­щикуэдщ сэ Хэкум, хэти Хасэм и фIыгъэкIэ къэсцIыхуауэ, нэгъуэщI­хэри Тыркум нэкIуауэ нэIуасэ ды­зэхуэхъуауэ. Абыхэми къызжаIэрт Iэмал имыIэу сыкъэкIуэн зэры­хуейр. Арати, Iуэху сызыхэтым къыс­худэгъэхуа зэман тIэкIур къэзгъэ­сэбэпри, зызгъэпсэхуну сыкъе­жьащ.
Махуэ зыбжанэм и кIуэцIкIэ си нэ къызыхуикI куэд си ныбжьэгъухэм сагъэлъэгъуащ, сежьэжыну зы ­махуэ къэнащи, Iэмал имыIэу Сос­рыкъуэ и деж сыдэкIын хуейщ. «Мыбы нэс укъэкIуауэ укъыс­Iумыплъэу дауэ уежьэжыфа?» - жиIэрэ гукъанэ къысхуищIмэ-щэ?!
Хэкур хэкущ, дызэрыцIыкIу лъандэрэ абы и хъыбарым дыкъэщIэ­тэджащ. Мы щIыпIэм ущыщыIэм и деж, мыр си уафэщ, мыр си щIы­лъэщ жыбоIэри, уи псэм зегъэп­сэху. ДэнэкIэ щыпсэу адыгэхэми ящыщу къэкIуэжыфыр къэкIуэ­жын е хамэ къэрал кIуэуэ зыщагъэпсэху нэхърэ, Хэкужьым къэкIуэжу мыбы зыщаплъыхьыныр нэхъ ягъэнэхъапэу щытын хуейщ.
- Уи уэрэдхэр цIэрыIуэщ, уи макъым цIыхубэр дехьэх, Догъэн. Абыхэм я лъабжьэр лъэпкъым и тхыдэрщ, и гукъеуэрщ нэхъыбэу. Иджыпсту сыт уи гум илъ бгъэ­зэщIэну, утыкум щыбгъэIуну ­ухуейуэ?
- Сэ уэрэдкIэ нэхъ сыкъацIыху ­хъуами, музыкэм сыхуеджакъым, апхуэдэ IэщIагъи сиIэкъым. Техникэ институтым щезгъаджэу щытащ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ а къэ­рал Iуэхум сыкъыпыкIауэ сэ езым хьэрычэт сощIэ, Японием, Германием, Голландием щыIэ завод ­гуэрхэм я дилеру солажьэ. Станокхэр къыдогъашэ, догъэув, ахэр зыгъэлэжьэну IэщIагъэлIхэр до­гъасэ. Абы къыдэхуэ зэман тIэкIур адыгэ Iуэхум - уэрэдхэм, Iуэры­Iуатэм, хъыбархэм, Хасэм - хухыдох.
Ди лIыжь-фызыжьхэм жаIэжу кIуэдыжыным нэса уэрэдыжьхэр, хъыбархэр, псалъэжьхэр, таурыхъ­хэр, тхыдэм теухуа гукъэкIыжхэр зэщIэкъуэжынырщ, зэхуэ­хьэсы­жы­нырщ Iуэхур къыщежьар. Ахэр, Iэмал имыIэу, лъэпкъым и пащхьэ ихьэжын хуейт. Компьютери диктофони щымыIэу, IуэрыIуэтэжу, зы жьэм жьэдэкIым адрейм жьэ­ды­хьэурэ ди деж къыщахьэсыфакIэ, дэ Iэмалу диIэр къэдмыгъэсэ­бэ­пыныр икIи емыкIут икIи гуэныхьт. Апхуэдэу зэхуэсхьэсыжа уэрэ­дыжь­хэращ зэман ипэкIэ къыдэзгъэкIа дискитIым тетыр. ТыркумкIи Къэ­бэрдеймкIи псынщIэ дыдэу щы­зэбгрыкIащ ахэр, радиокIи куэд­рэ къат, зэхэфхагъэнщ. ГъэщIэ­гъуэнщ. Ар апхуэдэу къыщIап­хъуэ­тар лъэпкъым и гум къыдэ­кIащ, адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэ зы­ми и щIасэ бзэжькIэ тхащи аращ. Сэри си ныбжьыр хокIуатэ, апхуэдэ макъи сиIэжынукъым зэманыр блэзгъэкIмэ. Иджыри уэрэд тIощI­рэ тхум нэс сиIэщ диаспорэм я деж щызэхуэсхьэсыжауэ, ахэр тету дис­китI хуэдэ къыдэзгъэкIыну си мурадщ. ДызыхуэкIуэ мазэ зыхыблым ар зэфIэзгъэкIыфыну согугъэ, макъамэри псори тэмэмщ, студием щIыхьауэ егъэтхыжыным фIэкIа къыхуэткъым. Япэрей дискхэм тетщ Къэбэрдейм щауса зыбжани, сигу ирихьу хэзгъэхьауэ, иджы згъэ­хьэзырхэм къанэ щымыIэу псори Тыркум щаусащ. ИстамбылакIуэм и гугъу зыщI, адыгэхэм я щхьэм ­кърикIуам тепсэлъыхь уэрэд гуузхэри, лъагъуныгъэ, гуфIэгъуэ уэрэд­хэри яхэтщ абыхэм.
- Хэхэсхэм я щыIэкIэ-псэукIэм игъащIэми узэригъэгузавэр до­щIэ, Догъэн. Иджыпсту сыт абыхэм ятеухуауэ нэхъ узыгъэпIейтейр, узыгъэгуфIэр?
- «Хэкужьыхьэ лъэщщ» жиIэу псалъэжь щыIэщ. Сыт хуэдизу тыншу упсэуми, Iэмал имыIэу щы­щIэныгъэшхуэ уиIэнущ уи Хэку уимысыжмэ. Хэку ущимыIэкIэ, дунейр уиIэми, сыт къикIрэ?! Тыркум щыпсэу адыгэхэм я псэукIэм зэман-зэманкIэрэ зихъуэжурэ къэ­гъуэгурыкIуащ. Къэхъуащ пщIэ­шхуэ щаIаи, лэпкъ зэхэгъэж ящI ­хъууэ ахэр гугъу щрагъэхьаи, я анэдэлъхубзэмкIэ ямыгъэпсалъэу щыпаубыдаи, нэгъуэщIаи. «Тыркум адыгэ щопсэу, апхуэдэ лъэпкъ зэрыщыIэр псоми ящIэн хуейщ», - жысIэу 1984 гъэм зэрыстхам щхьэ­кIэ суд къыстращIыхьауэ щытащ, тырку лъэпкъыр буныкъуну яужь уитщ жаIэри. Хьэпсым мазийкIэ ­сиса иужьщ хеящIэм хуит сыкъыщищIыжар. Европей Союзым хы­хьэну яужь ит Тыркум и хабзэхэр ихъуэжащ, сыадыгэщ жыпIэкIи, адыгэбзэкIэ упсалъэкIи къоны­къуэкъунукъым. Уеблэмэ, цIыхуих мынэхъ мащIэ классым щIэсмэ, адыгэбзэр яджыжыну хуиту унафэ пыухыкIа щыIэщ. Телевиденэм адыгэбзэ натынхэм пщыхьэ­щхьэ­пэм хуэзэу хухихыу щыта сыхьэт ­ныкъуэр зэман дэкIри, жэщ ны­къуэм яхьащ, иужькIэ зэпагъэужыпащ. Иджыпсту Хасэм хэт щIалэ­гъуалэр къэралым йоныкъуэкъу ар зэтрагъэублэжыну, Iэмал имыIэу къыдатыжыни хуейщ.
Нэхъ пасэхэм адыгэхэм захъу­мэ­жыну нэхъ тыншт, къуажэ цIыкIухэм зэрыIыгъыу дэсти. Адыгэхэр нэхъыбэ хъущ, къуажэ цIыкIухэм я экономикэм ахэр къимыгъэшхэжу хуежьэри, 1960 гъэхэм яужькIэ, къы­дэкIыурэ къалэхэм Iэпхъуэу щIадзащ. Иджыпсту, къапщтэмэ, процент 20 ­хуэдизщ ди лъэп­къэгъухэм ящыщу къуажэхэм къыдэнар, адрейхэм къалэшхуэхэр псэупIэ яхуэ­хъуащ. Мис ар зэра­нышхуэ хъуащ ди щхьэр, ди бзэр, ди хабзэхэр тхъумэжынымкIэ.
Сэ 1956 гъэм сыкъалъхуащи, си ныбжьыр илъэсибл хъууэ пэщIэдзэ классым сыщыкIуам, тыркубзэ зицIэ сщIэртэкъым, си цIэмкIэ къы­зэупщIмэ, жэуап схуетыртэкъым. Иджыпсту къуажэхэм удыхьамэ, зы сабий адыгэбзэ ищIэу щыбгъуэ­тыжынукъым. Лъэпкъ гукъеуэ зэрылъ унагъуэ закъуэтIакъуэххэм ирагъащIэ я бынхэм адыгэбзэ. Иджыпсту илъэс пщыкIутху-тIощI зи ныбжь щIалэгъуалэм, зэман дэкIмэ, зэбгъэдэтIысхьэу адыгэбзэкIэ зэпсэлъэфыну къахэкIынур мащIэ дыдэщ. Пэжщ, иджыри зыкъомрэ дэ дыадыгэщ жаIэнщ, ауэ бзэр яIэщIэхумэ, абы хабзэми щэнхабзэми щыщ куэд зэдихьынущ. ЖысIэну сызыхуейращи, егъэлеяуэ псынщIащэу дыхокIуэдэж, къалэхэм дэкъухьа дызэрыхъуам и ­мызакъуэу, глобализацэ жыхуэтIэу къежьа Iэмал куэдыкIейхэм я «фIыгъэкIэ». Аращ нэхъ гукъеуэшхуэу диIэр, абы нэхърэ нэхъ гузэвэгъуи щыIэу си фIэщ хъуркъым. Насып зиIэм и Хэкужь къигъэзэжынщ, я щIыпIэр псэупIэ ящIыжынщ, ап­хуэдэу мыхъумэ «Мысырми щып­сэут адыгэ» жыхуаIэм дыщыхуэкIуэну зэманыр жыжьэкъым.
Иджыпсту щытыкIэ гугъум итыр ди закъуэкъым, уеблэмэ Тырку къэралыр зи инагъыр мэтхьэусыхэ ди бзэр мэкIуэд, уэрамми IуэхущIапIэхэми щызэхэпхыр инджылы­зыбзэщ жаIэри. Дэ лIо-тIэ жытIэ­жынур? Дызэбгъэдэсу щытами фIыт, зыгуэрурэ зытхъумэжынт. Арщ­хьэкIэ Тыркум и къалэ 70-м щыщу, ауэ ирехъуи, щэ ныкъуэм дыдэпхъауэ дыдэсщ, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэухэм я гугъу сщIынкъыми. Къуажэм адыгэбзэр куэду щызэхэпхырт, иджы къали къуажи я уэрамхэри, IуэхущIапIэхэри, еджапIэхэри, телевизорри - псори тыркубзэщ. Iейуэ, Iейуэ хьэлъэщ ди Iуэхур, пэжым ухуеймэ. ДолъэпIастхъэ ди щхьэ тхъумэжын ди гугъэу, ауэ глобализацэм ды­пэ­лъэщыжыркъым. ГъащIэм къыт­хуихьа Iэмалхэри Iейкъым, Къэзанокъуэм «Зэманым декIур лIыфIщ» жиIакъэ. Ауэ къызэрыдгъэсэбэ­пын хуейр дыхуэсакъыпэурэщ, лъэп­къыр димыгъэкIуэдыжыпэ­ным щхьэкIэ. Дуней псом къыщалъытэу щыта адыгагъэр, лIыгъэр, Хэку фIылъагъуныгъэр лIэщIы­гъуэхэм къыпхызыха, ди цIыхубзхэм я гуакIуагъымрэ Iущагъымрэ европей литературэм къыщагъэ­лъэгъуа дызылъэпкъщ дэ, зэбгры­дза дыхъуу дыхэшыпсыхьыжынкIэ шынагъуэ щыIэ хъуа щхьэкIэ. Апхуэдиз зи фэм дэкIа бзэр, ООН-м кIуэдыжыну бзэхэм хилъытар, зэ­теIыгъэнымкIэ, лъэпкъыр зэщIэ­къуэжынымкIэ зи къарум, зэфIэ­кIым зыгуэр къихьыну псори къыддэщIын хуейуэ къызолъытэ.
Уи упщIэм къыхэщащ «нэхъ узыгъэгуфIэр» жыпIэри, Залинэ. Ды­зэрыщIэ, нэхъ тыншу дызэкIэ­лъы­кIуэ зэрыхъуам мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэри, мис абы сыщогуфIыкI. Ди лъэпкъэгъухэр Тыркум нокIуэ, ди щIалэ-хъыджэбзхэр ­тыншу къэс хъуащ. Мэлбахъуэ Тимборэ республикэм и унафэщIу, «Родина» зи фIэщыгъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм дыкъригъэблагъэри, 1980 гъэм дыкъэкIуауэ щытащ хуабжьу гугъу дехьу, мафIэгукIэ, ЕрмэлымкIэ дыкъекIуэкIри, куэд ды­дэрэ гъуэгу дытетауэ. Абы щы­гъуэщ япэ дыдэу Къэбэрдейм сыкъыщихьар. А зэманым лъандэрэ псы Iэджэ ежэхащ, зэрыжаIэу, тыншу цIыхухэри зэкIэлъыкIуэ, я зэпы­щIэныгъэхэри нэхъ быдэ хъуащ. Ауэрэ уахэплъэмэ, Хэкум къыщыIу макъамэхэм, къафэжьхэм Тыркум щыпсэу пшынауэхэр еуэу хуежьащ, хэхэсхэм я къэфэкIэр мыбы къэсауэ утыкухэм щагъэзащIэ. ЩыIэ фIы­гъуэхэм ящыщщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ ди са­бийхэр Налшык къакIуэ, хэкурыс ныбжьыщIэхэр Тыркум неблагъэ зэрыхъуар. Абыхэм я зэныбжьэгъугъэр уасэ зимыIэщ, арщхьэкIэ ­ирикъуркъым, мащIэщ, нэхъыбэж тщIэн хуейуэ къытпэщылъщ. Псалъэм папщIэ, къуажэхэм дэсщ нэхъыжьыфIхэр, Налшык дэнэкIэ гъэ­зами ямыщIэу, ауэ я пщIыхьэ­пIэ IэфIхэм хэту. Апхуэдэхэр Хэкум къэшамэ, махуэ зыбгъупщIкIэ щыгъэIамэ фIыт. КIуэжынти я къуа­жэдэсхэм, благъэ-Iыхьлыхэм хъыбар хуаIуэтэжынт. Мис абы ди Iэр зэрыхунэмысамкIэ ДАХ-м апхуэдиз илъэскIэ хэта сэри абыкIэ къуаншагъэ збгъэдэлъщ.
- Хэкурыс лъэпкъыпсэхэм, ап­хуэдэуи къулыкъущIэхэм ящIэну ухуейуэ сытыт нэхъ уазэрыщыгугъыр, лъэпкъым зиузэщIын, бзэр, хабзэр хъума хъун, нэгъуэщI ­къинэмыщIхэм ехьэлIауэ?
- Лъэпкъ Iуэхум набдзэгубдзап­лъэу ухэплъэмэ, хэхэс адыгэхэр къэ­шэжын зэрыхуейр гурыIуэгъуэ пщыхъунущ - цIыху бжыгъэр нэ­хъыбэ хъунущ, экономикэм зиужьынущ, зэфIэкI зиIэу Хэкум къэ­кIуэжхэм я зэфIэкI къэрал Iуэхум халъхьэнущ. Хьэуэ жыпIэрэ, ахэр абдеж щыхэкIуэдэжынуращ. Лъэ­кIыу къэкIуэжын гуэрхэри, зэры­лъэмыкIым щхьэкIэ къэмыкIуэ­жынхэри щыIэщ, тIум щыщхэми ­къуажэхэми къалэхэми ущрихьэ­лIэнущ. КъэкIуэжыну хуэмейхэм я Iуэхур щхьэхуэщ, хуейхэр къэдывгъэшэж.
Зы Iуэху хэкъузауэ жысIэну сы­хуейт. Ди Къэбэрдей-Балъкъэр Пар­ламентым, Хэкужьым щыIэ рес­публикэхэм я унафэщIхэм хэ­хэс­хэр къэшэжыным теухуа политикэ Iуэху лъэщ яубзыхун хуейщ. Адыгэ щыпсэу щIыналъэхэм я дэтхэнэми мис мыпхуэдиз къэт­шэ­жыфыну Iэмал диIэщ жаIэмэ, мис аращ зыгуэр къызыпэкIуэнур. Абы и лъэныкъуэкIэ Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэр, абыхэм хэт нэхъы­жьыфI­хэм я чэнджэщхэр сэбэп зэрыхъунум сэ шэч къытесхьэркъым. Къэралым политикэ хабзэ убзыхуа гуэр имыIэу, «Хэкум хуейр фыкъэкIуэж» жыпIэкIэ, ар цIыхубэм и акъылым къихьынукъым, зыхуей хуэзэуи яхузэгъэпэщынукъым. Хэ­хэс куэд зиIэхэм, псалъэм и хьэтыркIэ, ермэлыхэм, тыркухэм, урысхэм, журтхэм, нэгъуэщIхэми политикэ Iуэху пыухыкIа къызэрагъэпэщ. Дэ­ри абыхэм, Iэмал имыIэу, да­дэп­лъеин хуейщ.
Псом япэу тегъэгушхуэн, зыдэ­Iэпыкъун хуейр Къэбэрдей-Балъкъэрым щымыгъуазэ цIыхубэращ. Уи фIэщ зэрыхъун, къуажэхэм дэсщ тыркубзэ дахэ-дахэу зымыщIэ, ­мэкъумэшым е нэгъуэщI зыгуэрым яужь иту, адыгэ дыдэу, адыгэпсэ яIуту. КъэмыкIуэжыфыну, къэ­кIуэж­ми мыбы щыIэ гъащIэм занщIэу зыхимыгъэзэгъэжыфыну ап­хуэдэщ ахэр. УадэмыIэпыкъумэ, ­тегушхуэнукъым жыхуэсIэщ.
- ЗэрыжыпIащи, ДАХ-м илъэс зы­бжанэкIэ ухэтащ,  Догъэн, адыгэ щыпсэу къэралу уздэ­щы­мыIар укIуэдыж. Абы щы­плъагъухэм ящы­щу сыт нэхъ уигу къина?
- Хэхэс адыгэхэм ди гъащIэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, гузэвэгъуэ защIэщ. Зыгуэр къызгурыIуэ зэ­рыхъурэ зы махуи, зы сыхьэти дэ­кIа къыщIэкIынкъым адыгэ Iуэхум семыгупсысу. Пэжщ, адыгэ щыпсэу къэрал куэдым сыщыIащ, я псэукIэми зыгуэрхэр хэслъагъу­кIащ. Хэхэс гъащIэм сымыщIэ хэ­лъыжкъым жыхуаIэм сыхуэдэщ, итIани бгъэщIэгъуэнур Iэджэщ. Израилым сыщыIэу сызрихьэлIа зы Iуэхугъуэ гуэр сигу къэкIыжащи, бжесIэжынщ. 1999 гъэхэра къы­щIэ­кIынт, Кфар-Камэ къалэ цIыкIум дэс адыгэхэм срагъэблэгъащ мэз лъапэм деж тIэкIу дыщысынщ, жаIэри. Дыуэршэру дызэхэсу урыс уэрэд къэIуащ тпэмыжыжьэу щыс гупым къыхадзауэ. Ахэр хэт сы­мэми сыщыщIэупщIэм, Урысейм къикIа журтхэрауэ къызжаIащ. Абыхэм дыхыхьэну зэрысфIэфIыр щыжысIэм, си гукъэкIыр къыздаIыгъащ. Сахоплъэри согъэщIагъуэ, псори зэрызэпсалъэр урысыбзэщ, езыхэри урыс нэгущ. Зы журт щIалэ псэлъэгъу къысхуэхъуащи соупщI: «Ди лъэпкъэгъущ жыфIэу къэфшэжа щхьэкIэ, псори урысыфэщ, мыр дауэ?» Жэуапу къызитар гъэщIэ­гъуэнщ. «Ди бжыгъэр хэдгъэхъуэн хуейщи, сыжуртщ жызыIэр псори дэнэ къэрали къыдош. Израилым зы лэгъуп щыдгъэуващи, абы хыдодзэ, тIэкIу къыдогъэкъуалъэри, журт хъуауэ къыхыдохыж» (!) Дэ апхуэдизри дгъэвэн хуей мыгъуэ­тэкъым, тIэкIу «дагъэвэпхъамэ» хэкурыс адыгэ дыхъужынурэ дежьэ­жынут. Мис а лэгъупым хуэдэ Хэ­-кум щаухуэн хуейщ ди унафэщI­хэм.
- УкъэкIуэжыпэну ущимурэда къэ­хъуа, абыкIэ сыт зэран къып­хуэхъуа?
- Сигу илъам и закъуэкъым, 1995 гъэм дыкъэкIуэжри, илъэс зытхухкIи дыщыпсэуат. Абы кIыхьу сы­тепсэлъыхьыну сыхуейкъым, си Iуэхур тэмэму схузэтемыублэурэ, сымыгъэзэжу хъуакъым. Хэкум сы­кIуэжащэрэт жызмыIэу зы махуи дэкIыркъым, зы сыхьэти лъахэр си гум ихуркъым. Иджыри ди мурадщ дыкъэкIуэжыну, унэ-лъапсэ тIэкIу зэдгъэпэщу, нэхъыбэм мыбыкIэ ды­щыIэу, Тыркум дыкIуэжрэ благъэ-Iыхьлыхэр тлъагъуу зытедублэжыну.
- Мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ я гугъу къытхуэпщIамэ, си гуапэт, Догъэн.
- СыкъыщыкIуэкIэ сыгуфIэу, си гур къилъэтыным хуэдэу пхъэру апхуэдэщ, щызгъэзэжкIэщ си жагъуэр. ЩIалитI-щы къэкIуэн хуеят си гъусэуи, я Iуэху хуэмыхъуу къэ­нащи, мис абыхэм, адрей си ныбжьэгъухэм, благъэхэм, гъунэгъухэм фи хъыбар дахэ зэражесIэнуращ   си псэр схуэзыгъэхуабэр. Сыкъэсыжауэ къызэращIэу къызэхуэсынущ ахэр, слъагъу хуэдэщ хэку хъыбар щахуэсIуатэкIэ я нэгухэр зэрыхъунур.
ГъащIэ щыхъукIэ мурад гуэрхэри уиIэщ, хъуэпсапIэхэри мащIэ­къым. ЗэзмыгъэхъулIэфа гуэрхэри щыIэу къыщIэкIынщ, дауи, ди Iэр къызыпекIуэкIахэри мащIэкъым. Си нэ къыхуокI, псалъэм и хьэтыркIэ, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ ди зэ­пыщIэныгъэр быдэну, дызэрыIыгъыну, сытым и дежи дызэрылъы­тэу дыкъыздэгъуэгурыкIуэну. Дэ­нэ­кIэ щыпсэу ди щIалэгъуалэми со­лъэIу Iэмал псори къагъэсэбэпу зэры­гъуэтыну, IитIыр зэрытхьэ­щIым зэрощIэ. Хэкужьым пэIэщIэу дып­сэуами, ди дуней еплъыкIэм тIэкIу зихъуэжами, дэ дызейр адыгэ лъэпкъращ.

ИСТЭПАН Залинэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.03.2024 - 09:17

КУШЫКРЭ МЭТРЭ Я ЖЭУАП

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алий адыгэм и щэнхабз

19.03.2024 - 09:16

КЪУАЖЭ УЭРАМХЭР ЗЫХУЕЙ ХУАГЪАЗЭ

 Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Тэрч щIыналъэм щыщ Дей, Акъбащ Ипщэ, Терекскэ жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур мы ма

19.03.2024 - 09:16

ДЭТХЭНЭМИ ХЭПЛЪЭНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокурор Хабаров Николайрэ Налшык гарнизоным и дзэ прокурор Васильцов Александррэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъынымкIэ «Хэкум и ХъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэм и Iуэху

18.03.2024 - 14:28

ДЫЩЭ МЕДАЛУ ПЛIЫ

Мейкъуапэ къалэм и «Уэщтын» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм дзюдомкIэ я чемпион Галстян Арсен и саугъэтхэр къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ.

18.03.2024 - 14:27

ШХАПIЭХЭМ Я ХЭХЪУЭР

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и шхапIэхэм псоми зэхэту фейдэуэ кърагъэщIам и куэдагъымкIэ къэралым и щIыналъэ нэхъыфIипщIым яхыхьащ.