КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуащхьэмахуэ щIыналъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ

КIуэкIуэ Казбек щэкIуэгъуэм и 21-м лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iуащхьэмахуэ щIыналъэм.
Республикэм и Iэтащхьэр япэщIыкIэ кIуащ Гундэлэн къуажэм. КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ Хьэ­­мащэ хъупIэм и уэрамкIэ зэджэм и гъуэгур зыхуэдэр. Мыбы унагъуи 120-рэ тесщ икIи къуажэм и еджапIэхэм ящыщ зыр тетщ. Гъуэгур икъукIэ зэхикъутат псыдзэ къехам. «Мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэхэмрэ мэкъу­мэ­ш­хэкIхэр къыщалэжь IуэхущIапIэхэмрэ я екIуэлIапIэхэр» программэм хыхьэу зэрагъэпэщыжащ гъуэгум щыщу метр 650-рэ зи кIы­хьагъ Iыхьэр.
Гундэлэн цIыху 6.300-рэ щопсэу. Къуажэдэсхэм я ­зыгъэпсэхупIэ закъуэу щы­тыр 1971 гъэм ящIа, цIыху 400 зыщIэхуэ ЩэнхабзэмкIэ унэрщ. Ар къызэрызэIуахрэ сыткIи зыхуей хуэзэу зэи зэрагъэпэщыжакъым. «Щэн­хабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу иджы ар зыхуей хуагъэзащ, сом мелуанипщIым щIигъу трагъэ­кIуадэри. КъагъэщIэрэщIэжа ЩэнхабзэмкIэ унэм щолажьэ макъыр щатх студие. Ар къагъэсэбэп республикэм и артист куэдым, ап­хуэдэу сыткIи зэпэщу къы­зэIуахыжащ къуажэ библиотекэр.
КъБР-м и Iэтащхьэм Бы­лым къуажэми зыщиплъы­хьащ, щыIащ Iуэху куэдым хуэщIа джэгупIэ щIыпIэм, спортым зыщыхуагъасэ, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ сабий комплексрэ воркау­тым хуэщIа утыкурэ зыхэ­тым. 2019 гъэм мыбы щау­хуат IэрыщI алэрыбгъу зэрылъ футбол джэгупIэ. 2020 гъэм абы къыдэкIуэу курыт школым щащIащ Iуэху куэдым хуэщIа джэгупIэ.
А махуэ дыдэм КIуэкIуэ Казбек къипщытащ Эльбрус къуажэр псыкIэ къызэгъэ­пэщыным хуэунэтIа Iуэхухэр зэрекIуэкIыр. Бжьамийхэр, Iэмэпсымэхэр жьы дыдэ зэрыхъуам къыхэкIыу, уна­фэ къащтауэ щытащ къуа­жэдэсхэм псы яхуэутIып­щыным ехьэлIауэ а къуажэм щагъэлажьэ объектитI ­КъБР-м и «Псы къабзэ» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ мы гъэм зэфIагъэкIыну Iуэхухэм хагъэхьэну, псори зэхэту лэжьыгъэхэм сом мелуан 20 хуэдэ текIуадэу.
Iуащхьэмахуэ щIыналъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыкIуам республикэм и УнафэщIым апхуэдэуи зригъэлъэгъуащ псы Iуфэхэр гъэбыдэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зэ­рекIуэкIыр, Бахъсэн псым Бахъсэн Ипщэ, Тегенекли жылэхэм, Нарзанхэм я аузым хуэзэу телъ телъ лъэмыжхэм, автомобиль ­гъуэгухэм я щытыкIэхэр. Ахэр 2017 - 2018 гъэхэм къеха ятIэпсхэм зэтракъутауэ щытащ, абыхэм я пIэкIэ щIэхэр яухуэнуи къахудэкIауэ щытащ. Республикэ бюджетым и хьэкъкIэ сыткIи зыхуей ­хуагъэзащ лъэмыжитIыр, и кIэм нагъэблэгъащ Бахъсэн Ипщэм деж телъ лъэмыжым и зэгъэпэщыжыныр.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм Терскол къуажэм щыгъуазэ зыщищIащ сабий 42-рэ зыщIэхуэну сабий сад ухуэ­ным теухуа лэжьыгъэр зэрекIуэкIым. Терскол къуа­жэм зи ныбжьыр школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэм папщIэ дэт IуэхущIапIэр, илъэси 3 - 7-хэм къриубыдэу ­сабий 40 здэкIуэр, а Iуэхум тэмэму хуэмыщIа унэхэм щолажьэ. УхуэныгъэщIэр и кIэм нагъэблэгъащ, ар ла­жьэу яутIыпщыну я мурадщ 2020 гъэм и дыгъэгъазэм къриубыдэу.
Республикэм и Iэтащхьэр здэщыIа къуажэхэм щыпсэу­хэм щепсэлъылIэм наIуэ къэхъуащ абыхэм гугъуехь­хэр зэрыщыIэр икIи зэман гъунэгъухэм ахэр гъэзэкIуэжа хъун папщIэ къалэнхэр яубзыхуащ, КъБР-м и влас­тым и гъэзэщIакIуэ, муниципальнэ органхэм я уна­фэщI­хэм абыхэм ятеухуа пщэ­рылъ щхьэхуэхэр яхуищIащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ

22.04.2024 - 09:38

Адэжь щIыналъэм щохьэщIэ

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и уна­фэщIымрэ абы хэтхэмрэ мы махуэхэм Урысей Федерацэм адыгэхэр зэрыс и хэгъэгухэм щохьэщIэ, Адыгэ Хасэхэм цIыхухэм щахуозэ, республикэ унафэщIхэм йопсал