Африкэм щыIэ адыгэ щIалэ

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуа­лэ советым и жэрдэмкIэ 2015 гъэм екIуэкIа «Илъэсым и ехъулIэныгъэ» зэхьэзэхуэм «IT технологиехэр» Iыхьэм щытекIуауэ щытащ Къар­мэ Астемыр. Иджы илъэсищ хъуауэ ар Африкэ Ипщэм щолажьэ, Йохан­несбург къалэм дэт AxxonSoft (ITV) IуэхущIа­пIэм хьэрычэт IэнатIэм­ зегъэужьынымкIэ и унафэщI къулыкъур къы­щыхуагъэфэщауэ. ЩIа­лэщIэм и лэжьыгъэр зытеухуар шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ программэхэр зэхэгъэувэнырщ.
КъБКъУ-р къиуха нэужь, (Урысейм и студент нэхъыфIхэм я зэпеуэм еханэ увыпIэр щиIыгъыу еджащ) Астемыр щылэжьэну хунэсащ ­КъБР-м Курорт­хэм­рэ туризмэмкIэ и ми­нис­терст­вэм инвести­цэ проект­хэмкIэ и къудамэм. И егъэджакIуэу щы­та ­Гъур­ф Ритэ зыкъыхуи­­гъ­а­­зэу, иджыпсту щылажьэ IуэхущIапIэм IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр къызэрилъыхъуэр къыщыжриIэм, ар арэзы хъуащ. Япэ зэманым абы и лэжьыгъэр Урысейм щыIэу зэфIигъэкIыу екIуэкIащ, итIанэ къыхуагъэлъэгъуащ Азием, КъухьэпIэм е Африкэм щыIэ къэралхэм щыщ зым менеджеру кIуэну.
- Африкэр щIыналъэ бэIу­тIэIуншэхэм зэращы­мыщыр гурыIуэгъуэщ, ауэ ар къыщIыхэсхар узэлэ­жьынрэ узыхущIэкъунрэ абы  зэрыщыгъунэжырщ, - жеIэ Къармэм. - Мыбдеж шынагъуэншагъэр тэ­мэ­му къыщызэгъэпэща­къым. Махуэ къэс укIыгъэ 60-м нэблагъэ къыщохъу, машинэ щэ бжы­гъэхэр ядыгъу, сабийхэм я гугъу умыщIыххи. Абы къыхэкIыу икъукIэ мыхьэнэ зиIэщ ди IуэхущIапIэр зэлэжьыр. ЩIэпхъаджащIэхэр къагъуэ­тын щхьэкIэ дгъэув системэхэм щIэупщIэшхуэ ща­Iэщ. Апхуэдэуи мыхьэ­нэшхуэ иIэщ щIэпхъаджа­гъэ ялэжьыныр къызэ­пыудыныр. Псалъэм папщIэ, щIэпхъаджагъэ зы­лэжьахэм я базэ щыIэщи, абыхэм ящыщ гуэр тыкуэн инхэм щIыхьауэ къыщIэкIмэ, ди програм­мэм хъыбар ирегъащIэ полицэм.
Зы илъэсрэ ныкъуэрэ фIэкIа нэхъ дэмыкIыу Къар­мэ Астемыр къыхуа­гъэ­фэщащ щIыналъэм­ хьэрычэт Iуэхум зегъэу­жьынымкIэ и унафэщI IэнатIэр. Ар щылажьэ IэнатIэм и Iуэхутхьэбзэхэр къэрал зэмылIэужьы­гъуэ куэдым хэIущIыIу щыхъуа­щи, зэрызэдэлэжьэну­ зэгурыIуэныгъэхэм Iэ­ тра­дзэн мурадкIэ щIэх-щIэ­хыурэ нэгъуэщI щIыпIэхэм макIуэ. Мы гъэм ар щы­Iащ Лесотэ, Зимбабве, Замбие, Кение къэралхэм. Иджыри апхуэдэ IуэхукIэ ахэр къэрали ­10-м щIигъум кIуэн ­хуейуэ ­къапэщылъщ, зэкIэ коронавирусым и зэранкIэ къызэтрагъэувыIащи, къыкIэлъыкIуэ илъэсым ахэр зэфIагъэкIыну траухуащ.
- Къэбгъэлъагъуэмэ, Аф­рикэ Ипщэр щIа­гъуэу зызымыужьа щIыналъэщ­, ауэ шынагъуэншэ къалэ куэд иIэ хъуащ, дуней псом зыщызыуб­гъуа «SPAR» сату IуэхущIа­пIэм и къудамэхэри щы­Iэщ, - дыщегъэгъуазэ Астемыр. - КъищынэмыщIауэ, ди программэр къэзыгъэсэбэп, дыщэ, налкъутналмэс хуэдэхэр къыщыщIах шахтэ куэд дыдэ мыбы щыIэщ. Проект куэд щыдгъэзэщIащ. Иджыблагъэ «MTN» компанием дызэрыдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэм Iэ щIэддзащ - ар Урысейм и «Ростелеком» IуэхущIапIэм хуэдэу мобильнэ зэ­пыщIэныгъэхэр мыбдеж къыщызэзыгъэпэщ IэнатIэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Ахэр щIэх-щIэхыурэ ­гугъуехь хэтщ, зэпыщIэныгъэхэр къызэрызэрагъэ­пэщ пкъохэм фIэдза гъущIыкIэ лъапIэхэр зэрадыгъум къыхэкIыу. Аращи, ди Iэмэпсымэхэр абыхэм щыдгъэува иужькIэ, а щIыпIэм зыгуэр ­гъунэгъу зэрыхуэхъуу полицэм и лэжьакIуэхэм е ­хъумакIуэхэм хъыбар ярегъащIэри, хаб­зэншагъэ­ ялэжьыну мурад яIэу выш­кэхэм бгъэдыхьахэр яубыд.
Африкэм ущыпсэуну зэ­рыгугъур зым и дежкIи щэхукъым. Астемыр зэрыжиIэмкIэ, Къэбэрдей­-Балъкъэрым къигъэзэжа нэужь, лы гъэгъуа килограмми 10-м нэс здехь­ри, адыгэ шхыныгъуэ­хэр щепщэфI, абы и хэкум ­исыж хуэдэу къыщигъэ­хъуу жеIэ. Къармэр здэщыIэ щIыналъэм щIэпхъаджагъэ зылэжьхэр ап­хуэ­дизкIэ щыкуэдщи, хуи­ту лъэсу ущызекIуэ хъур­къым, пщыхьэщхьэм укъы­дэ­мыкIми нэхъыфIщ - щхьэхуэныгъэ куэд хэлъщ Африкэм и гъащIэм. ­Къармэм къыхиха гъуэгур мытыншми, и мурадхэр и Iыхьлыхэм къызэрыдаIыгъым къару къыхелъхьэ. Илъэсищ ипэкIэ щIыналъэ нэхъ хуэмыщIа дыдэхэм ящыщт Астемыр здэкIуар, иджы абы жеIэ иужьрей илъэсым я IуэхущIапIэм зэфIигъэкIар нэрылъагъу хъуауэ. ЗэкIэ абы и мурадкъым къыщалъхуа щIына­лъэм къигъэзэжыну, сэ­бэп зэры­хъунум адэкIи ­хущIэкъунущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрми­ проект зыбжанэ абы щегъэзащIэ. ЦIыху мин ­18-м щIигъум къагъэсэбэп хъуа­ «Скидки КБР» мобильнэ гуэдзэныр къэзыгупсысар Къармэращ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм нэхъ пуд щыхъуа путевкэхэр, акцэхэр абы къегъэлъагъуэ. НапэкIуэцIыр къыщызэIупхкIэ нарт лIыхъужьым и теплъэр къытридзэу ищIащ. Зи гугъу тщIа Iуэхутхьэ­бзэхэм къищынэмыщIа, рес­публикэм теухуа хъыбарыщIэхэм, дунейм и щы­тыкIэнум, нэгъуэщI куэдми абдеж зыщыщыбгъэгъуэзэфынущ. Асте­мыр республикэм къыщи­хьа саугъэтымкIэ дунейм щыяпэу къызэригъэпэщащ зи нэм фIыуэ имы­лъагъухэм папщIэ Интернет сайтри.
- Уи Хэкум сэбэп ухуэхъун щхьэкIэ абы Iэмал имы­Iэу ущыIэн хуейуэ щыткъым иджырей зэманым. Нэхъыщхьэр апхуэдэ гукъыдэж уиIэнырщ. Ущыпсэуну дэнэт узыхуейр­ ­жаIэмэ, шэч хэмылъу, ар­ си лъахэращ, - жеIэ Ас­темыр. - Къэбэрдей-Балъ­къэр Республикэр щIы­налъэ цIыкIуу щытми, щIыдагъэ, газ фIы­гъуэхэр бгъэдэмылъми, зыбужьын щхьэкIэ Iэмалхэр щыIэщ, узыщыгугъын хуейр уи къарурщ. Дэтхэнэми сыхьэт 24-рэ иIэщ зы жэщ-махуэм. НэхъыфI узэрыхъунум уегупсысмэ, уи акъылыр абы теухуауэ щытмэ, зеб­гъэхъуэжыфынущ уи гъащIэм. Махуэ къэс узэупщIыжын хуейщ: Сыт нобэ сщIар нэхъыфI сыхъун щхьэкIэ?
Тхылъ щхьэпэ зэпы­мыууэ­ еджэн хуейщ.­ Ап­хуэдэуи инджылызыбзэр зэгъэщIапхъэщ. Фи фIэщ фщIы, дызэплъэкIыжы­ну дыхунэсынукъым, ап­хуэдизкIэ щIэхыу нэгъуэ­щIыбзэр ди гъащIэм къыхыхьэнущи - ар умы­щIэу IэнатIэ уамыгъэуву къэкIуэнур зэрыхъунур хьэкъщ. Анэдэлъхубзэм къищы­нэ­­мыщIа, иджыри зы бзэ­ зэбгъэщIэхукIэ уи къэухьым хохъуэ. Зэманыр псынщIэу йожэкIри, щIалэгъуалэри нэхъ жыджэру щытын хуейуэ къызолъытэ - я Iуэху еплъыкIэхэр къа­гъэлъэгъуэфу, жылагъуэ­ зэгухьэныгъэхэм хэту, уты­ку къихьэфу. Ди зэ­ма­ным IэщIагъэншэу ущы­тыныр къезэгъыжыркъым. Апхуэдэуи цIыхум з­э­рызиIэт Iэмалхэм ящыщу къызолъытэ хамэ щIыпIэхэм я псэукIэм зыщигъэгъуэзэныр. Иджыпстурей зэманым хамэ къэ­рал куэдым еджакIуэ укIуэ мэхъу. Сэ къэрал куэдым сыщыIащ. Шэч хэмылъу, дунейм, цIыхухэм, нэ­гъуэщI лъэпкъхэм ятеухуауэ куэд къэсщIащ, си еплъыкIэми зихъуэжащ, - дыщIегъу Къармэм.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.