Республикэм лэжьэн щыщIидзащ щIыналъэм щыIэ Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ центрым

Налшык къалэм дыгъуасэ лэжьэн щыщIидзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм къалъыкъуэкI Iуэ­хухэр зэкIэлъыгъэкIуэным хуэгъэп­са центрым. Апхуэдэ центрхэр къэрал псом къыщызэрагъэпэщ, лажьэу щы­зэтраухуэ Урысейм и Президент Путин Владимир пщэрылъ зэращищIам ипкъ иткIэ.
Ар Iуэху куэд щызэрагъэуIу IэнатIэщ, КъБР-м щыпсэухэм портал, социальнэ сеть, сайт зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэ­сэбэпурэ IуэхущIапIэ, къэрал къулыкъущIапIэ зэхуэмыдэхэм зэрызыхуагъазэхэр зэхуэхьэсыныр, къэпщытэныр, абыхэм хэплъэныр, япэджэжыныр и пщэ дэлъу.
IуэхущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэр щIыналъэм щыпсэухэм къабгъэдэкI хъыбархэм зэгъэуIуауэ хэплъэнырщ. Псом япэрауэ, зэлэжьхэм хохьэ щыIэ гугъуехь­хэр къэгъэнэIуэныр, ахэр къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэр зэпкърыхыныр, хуэфащэ унафэ тещIыхьыныр, иужькIэ апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр къэмыхъужын хуэдэу.
КъаIэрыхьа хъыбархэр хуагъэхь абыхэм унафэ ятещIыхьыныр икIи хэкIыпIэ къахуэгъуэтыныр зи къалэнхэм. Абы къыдэкIуэуи цIыхухэр щIэх-щIэхыурэ зы­щIэупщIэхэр, зытепсэлъыхьхэр къагъэнаIуэ, гугъуехь нэхъыбэ здэщыIэ щIы­пIэхэр къахутэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэхуа­хьэса хъыбархэр я лъабжьэу зэхагъэувэ «щIыналъэм и картэ щхъуэкIэплъыкIэ» жыхуаIэм хуэдэ. Апхуэдэ Iэмалыр ­къощхьэпэ республикэм и къэрал влас­тым и органхэм я лэжьэкIэр егъэ­фIэкIуэнымкIэ, абыхэм я къалэнхэр нэсу ягъэзэщIэнымкIэ. ЩытыкIэр зыхуэдэр наIуэ къэхъуа нэужь ар лъабжьэ хуащIынущ щIыналъэм и социально-экономикэ лэжьыгъэр унэтIыным.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.