Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. ВЛКСМ-р илъэси 100 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэм хэтахэм зэрызахуигъэза хъуэхъу псалъэ

ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
ВЛКСМ-р илъэси 100 зэрырикъумкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я щIэблэ куэдым я гъащIэр комсомолым и тхы­дэм къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ. Фэ фщыщ дэтхэнэ зыми мы махуэм и ком­сомол щIалэгъуэр, къы­зэрыгуэкI, ауэ ВЛКСМ-м щIыхь зиIэ и тхыдэм и лъабжьэ хъуа Iуэху бжыгъэн­шэхэр зыдилэжьа и ныбжьэгъу пэжхэр игу къегъэкIыж. Зы­­хуэдэ щымыIэ, тхы­дэм зэи къыщымы­хъуауэ, цIыху куэд зыхэта жылагъуэ щIалэ­гъуалэ зэгухьэныгъэр  гъэсэныгъэм и школ  гъуэ­зэджэу уващ, гъащIэм жы­джэру хэ­тыным, гъуэгу тэмэм теувэным куэд хуиущиящ. Комсомолым и лIыкIуэхэр сытым дежи япэ итт, гъуэгу мытыншхэр къыхахыу. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм абыхэм лIыгъэ яхэлъу Хэкур яхъумащ, зауэ нэужь ухуэныгъэш­хуэхэм, щIэныгъэм, щэн­хабзэм, егъэ­джэ­ныгъэм, спортым ехьэ­­лIа ­проект инхэр гъэзэщIэным жы­джэ­ру хэтащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомолыр ВЛКСМ-м и сатыр пэрытхэм хэтахэм ящыщщ икIи абы напэкIуэцI гъуэзэджэу куэд хитхащ ди Хэкум и тхыдэм, абы лэжьыгъэмрэ ха­хуагъэмрэ япыщIа и блэкIам. Республикэм и комсомолым ­игъэсахэм  ящыщ куэд ноби жыджэру щолажьэ гъащIэм и­ IэнатIэ зэмылIэужьыгъэхэм    икIи Къэ­­бэрдей-Балъкъэрым и экономикэ, жы­лагъуэ-политикэ зыужьыныгъэм яхуэ­фэ­щэн хащIыхь. Абы къегъэлъагъуэ ­ком­­сомолым къарита щIэныгъэр, Iэзагъэмрэ зэфIэкIымрэ, Хэкум и къэкIуэнум хуэгъэза плъапIэм, Iуэху пыухыкIахэр къэралым хуэлэ­жьы­ным хуэдэ фIыгъуэ­хэр нобэми ди цIыхухэм зэрахуэлажьэр.
Шэч къытесхьэркъым зыхуэбгъэ- дэн ­щы­мыIэ зэфIэкIыр, ВЛКСМ-м и хабзэу зэ­маным игъэунэхуахэр нобэрей щIа­лэ­гъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я дежкIэ гъуазэу зэрыщытынум.
Узыншагъэ быдэ, комсомол жы-джэрагъ, насып, ефIэкIуэныгъэ фиIэну сыныво­хъуэхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.