Ди иужьрей плъырхэр

2012 гъэм премьер-лигэм къыхагъэкIа иужькIэ абы игъэзэжыну иджыри илъэситIкIэ «Спартак-Налшыкыр» ныкъуэкъуащ икIи и хъуэпсапIэм пэгъунэгъу дыдэ хъуат. АрщхьэкIэ къахузэпищакъым. Iуэхур щымыхъум, хамэ щIыпIэхэм кърашахэр зэбгырыкIыжри, ди командэр дыдейхэм къахуэнэжащ. Абы лъандэрэ гъуащхьэтету иIэри Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуахэмрэ щагъэсахэмрэщ.
2013-2014 гъэхэм «Спартак-Налшыкыр» иужь дыдэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм щIэбэныжащ. Япэ дивизионым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм еплIанэ увыпIэр щиубыдри, зэпэщIэуэ зэIущIэхэм хэтыну Iэмал игъуэтащ. Абы щыгъуэм ди командэм и гъуащхьэтет нэхъыщхьэу щытар Цыган Николайщ. Налшыкдэсхэм я фащэр щыгъыу ар зэIущIэ 22-м хэтащ икIи топ 24-рэ къыхудагъэкIащ.
Цыган Николай къыщалъхуари топ джэгуным зыщыхуигъэсари Украинэм хыхьэ Николаев къалэращ. АрщхьэкIэ а къэралыгъуэм и профессионал гупхэм зы зэIущIи щригъэкIуэкIыну хунэмысауэ, щIалэ дыдэу, 2002 гъэм Владикавказ и «Алания»-м ирагъэблэгъащ. ИлъэсиблкIэ абы ихъумащ Осетие Ищхъэрэ Аланием и командэ нэхъыщхьэм и щIыхьыр.
2012 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м «Спартак-Налшыкым» къыхыхьэн ипэкIэ, Цыган зыкъыщигъэлъэгъуэну хунэсат Новосибирск и «Сибирь»-мрэ Ярославль и «Шинник»-мрэ. Ди командэм илъэситIкIэ хэтыну абы зэгурыIуэныгъэм Iэ щIидзат. АрщхьэкIэ зэпэщIэуэ зэIущIэхэм къыщыхагъащIэу премьер-лигэм хуэзышэ гъуэгур зэхуэщIа хъуа иужькIэ, 2013 гъэм и гъэмахуэм Новосибирск игъэзэжауэ, нобэми а щIыпIэм що­джэгу.
Гъуащхьэтетыр IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэхэм, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъхэм сыт щыгъуи хабжэ. Абы и джэгукIэм къанэ щIагъуэ щымыIэу елъытащ дэтхэнэ гуп зэпэщIэтыныгъэми кърикIуэнур. Адрейхэм я щыуагъэхэр нэгъуэщIхэм ягъэзэкIуэжыфынуми, гъуащхьэтетым ейр ухэзыгъащIэщ икIи а къалэным тегушхуэр закъуэтIакъуэщ.  Апхуэдэ IэнатIэ хьэлъэм, ауэ пщIэшхуэ зыхуащIым пэрытщ «Спартак-Налшыкым» и гъэсэн зэкъуэшхэу Щоджэнхэ Борисрэ Азэмэтрэ.
1986, 1989 гъэхэм Щоджэн Амир и унагъуэм зэкIэлъхьэужьу къралъхуа Борисрэ Азэмэтрэ псынщIэу заужьырт икIи хуабжьу жыджэрт. Топ къехуэкIыныр зыхалъхьэ щымыIэу фIыуэ ялъагъурт икIи я ныбжьхэм къазэрещхьэпэлъагэкIым къыхэкIыу гъуэм щIэх-щIэхыурэ дагъэувэрт. Аурэ а IэнатIэр фIыуэ ялъэгъуащ: джэгур къайхъулIэрт икIи пщIэ къахуригъэщIырт. Нэхъ къыдэкIуэтейуэ футбол ныбжьыщIэхэр щагъэхьэзыр еджапIэм щратым, я IэщIагъэр ирагъэхъуэжакъым.
Борис зэрынэхъыжьым къыхэкIыу Азэмэт щапхъэ хуэхъурт. Зыгъэсэныгъэхэми зэIущIэхэр щекIуэкIми ахэр тегушхуауэ хэтт. Мыгувэу абыхэм гу къылъащ икIи «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупым хагъэхьащ. ЯпэщIыкIэ Борис, илъэс зыбжанэ дэкIри Азэмэт гъуащхьэтету джэгупIэ губгъуэм къыщихьэ хъуащ. Нэхъыжьым Налшык и «Спартак»-м и фащэр щыщитIэгъам ди командэр иджыри япэ дивизионым щыджэгурт, нэхъыщIэр премьер-лигэм занщIэу хэхуащ.
Урысей Федерацэм и футбол командэ нэхъыфIхэм я гупым щыхыхьа 2006 гъэм щегъэжьауэ «Спартак-Налшыкым» зыщыбгъэбыдэну хуабжьу гугъут. Премьер-лигэм къыщыхутагъащIэ ди тренерхэм тегъэщIапIэ ящIар зи зэфIэкIыр зыгъэнэхуа, ауэ нэгъуэщI командэхэм лей къыщыхъуа щIалэхэращ. Хамэ къэралхэми футболист лъэрызехьэхэр къраш хъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къыкIэлъыкIуа илъэс зыбжанэм я бжэр хузэхуащIащ ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи щагъэса щIалэщIэхэм. Ар я натIэ хъуащ Щоджэн зэкъуэшхэми.
2008 гъэм Борис бэджэнду иратащ етIуанэ дивизионым щыджэгу Рыздвяный и «Кавказтрангаз-2005»-м. ИужькIэ Мейкъуапэ и «Дружба»-м, Владивосток и «Луч-Энергия»-м, Киров и «Динамо»-м къыщыхутащ. Иужьым нэхъ зыщиIэжьащ икIи къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуащ.
… 2015 гъэм Ижевск къалэм и «Зенит»-м Киров и «Динамо»-р и хьэщIэт. Джэгум зэрыщIидзэу хэгъэрейхэр къатегуплIауэ къэкIуахэр ягъэгулэзырт. ЕпщыкIуплIанэ дакъикъэр екIуэкIыу «Динамо»-м и гъуащхьэтет Щоджэн Борис «Зенит»-м и ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэм ящыщ зы къызэпиудащ. Абы топыр къиубыдри, зимыIэжьэу и къару къызэрихькIэ кIуэцIыуащ. Ар апхуэдизу лъэщ икIи Iэзэ хъуати, метрищэм щIигъукIэ къемыхыжу кIуэри…  хэгъэрейхэм я гъуэм дэкIащ. «Зенит»-м и гъуащхьэтет Воронин Сергей и щхьэр фIиубыдыкIыжри, и лъэр щIэхуащ. Апхуэдэ щIэщхъу нэхъапэм къызыщыщIауэ тхыдэм къыхэнэжар Яшин Лев цIэрыIуэрат. Абыи я хьэрхуэрэгъухэм я гъуащхьэтетым зэгуэрым топ къыхудигъэкIат. Пэжщ, иужькIэ, зэман дэкIри, Яшиныр Европэм щынэхъ лъэщу къалъытащ, къыщыщIам ­нэхъ ерыщыж ищIри. Ворониным апхуэдэ гугъапIэ иIэтэкъым.
Гъуащхьэтет Щоджэн Борис а махуэм Ижевск щыдигъэкIа топыр телъыджэ зыщымыхъуа щыIэкъым. Интернет Iэмалыр къагъэсэбэпурэ абы цIыху мелуанхэр нобэми дуней псом щоплъыж.
А гъэ дыдэм и етIуанэ Iыхьэм Борис ди къуэш Адыгейм кIуащ. Илъэситху ипэкIэ щыщыIам ар хуабжьу фIыуэ къалъэгъуат икIи Мейкъуапэ и «Дружба»-м аргуэру зыкъыщыхуигъазэм, гупым хыхьэжащ. Зэрихабзэу, Щоджэным къыдэджэгухэр игъэгушхуэрт, куэдрэ къыщригъэли къэхъурт. Мыгувэу командэм и капитану хахащ. Дэтхэнэ зым и дежкIи ар щIыхь лъагэщ, гупым зэрипашэр наIуэ ищIу.
Апхуэдэу щыт пэтми, щалъхуа щIыпIэр Щоджэн Борис зэрихъуэжын щыIэтэкъым. ИкIи, «Спартак-Налшыкыр» аргуэру къыхуей щыхъужым, къигъэзэжащ. Къигъэзэжа къудейкъым, атIэ гупыр зыгъэгуп щIалэ ахъырзэман хъужащ.
Спортым тетхыхь журналистхэм я деж ИлъэсыщIэм ипэ къихуэу «Советская молодёжь» газетым щIэупщIэныгъэхэр щрегъэкIуэкI, гъэ къызэднэкIым и футболист нэхъыфIыр игъэбелджылын папщIэ. Ар илъэс тIощIрэ тхурэ хъуауэ зэкIэлъхьэужьу щагъыIэ.
ЩIэупщIэныгъэм хэтхэм къызыхахын я куэдщ. Илъэс блэкIам кърикIуахэм япкъ иткIэ журналистхэм футболиститхум я цIэр къраIуэ икIи япэ ирагъэщым баллитху, етIуанэм - баллиплI, ещанэм - баллищ, апхуэдэу къехыурэ трагуашэ.
Къызэригъэзэжрэ блэкIа илъэсищым къриубыдэу тIэунейрэ Щоджэн Борис а щIэупщIэныгъэм щытекIуащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфI 2017, 2019 гъэхэм хъуащ. Нэгъабэ абы балл 23-рэ къихьащ. Борис и цIэр къраIуащ зэупщIа псоми икIи япэ ирагъэщащ журналиститIым, апхуэдиз дыдэм етIуанэу жаIащ, зырызым ещанэрэ еплIанэу игъэуващ. 2018 гъэм япэ къищыфар иужькIэ Курск и «Авангард»-м ирагъэблэгъа гъуащхьауэ Мэшыкъуэ Хьэчим и закъуэщ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ иджыпсту зи ныбжьыр илъэс 33-м щIигъуа гъуащхьэтет цIэрыIуэр «Спартак-Налшыкым» щыпашэщ икIи командэм и капитан нэсщ, фэбжь зэригъуэтам къыхэкIыу мазэ зыбжанэ хъуауэ мыджэгуми. Ар и щыхьэтщ и Iэзагъ лъагэм абы зэрыкIэримыгъэхум икIи дяпэкIи куэдкIэ ущыгугъ зэрыхъунум. Иджы Борис зигъэхъужащи. Гъуэм дэувэжыну хьэзырщ.
Щоджэн Азэмэти лъэужь дахэ топджэгум щыпхеш. И ныбжьыр илъэс тIощI иджыри иримыкъуауэ ар «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупым и гъуэм дагъэуващ. Щахыхьа 2009 гъэр налшыкдэсхэм премьер-лигэм уей-уей щыжрагъыIэ зэмант. ЩIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, хамэ къэралхэри хэту, къраша гъуащхьэтетхэм яхэту Азэмэт зигъэсэну, и Iэзагъым хигъэхъуэну Iэмал игъуэтащ. АрщхьэкIэ абдежым Iуэхур къыщыувыIащ, гуп нэхъыщхьэм хьэрхуэрэгъухэм щыпащIагъэувэр гъащIэр зылъэгъуа, ныбжь нэхъ зиIэхэрат. Пэжщ, щIалэгъуалэм яхэту Щоджэным Iэмал иIэт премьер-лигэм и футболист лъэщхэм япэщIэтыну.
Апхуэдэурэ екIуэкIыну къыщIэкIынт, дзыхь къыщыхуащIынум пэплъэу. Ауэ адэкIэ «Спартак-Налшыкым» зэман хьэлъэхэр къыпэщылъу къыщIэкIащ: илъэсихрэ ныкъуэкIэ премьер-лигэм зэрыхэта лъэхъэнэм командэм и лъабжьэр щIилъэсыкIащ. ЩIыхуэр фIызэтрихьарэ хамэ щIыпIэ къикIахэр щызэбгырыжыжым гупыр зэхуащIыжыпэным нэсащ. Щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ щыджэгун щIыпIэр къилъыхъуэн хуейт. Щоджэн Азэмэт Кастрома и «Спартак»-м щрагъэблагъэм арэзы хъуащ икIи абы и щIыхьыр илъэс зыбжанэкIэ ихъумащ. И зэфIэкIыр зэрылъагэм гу лъитэри, ди лъахэгъу ДыщэкI Хьэзрэт зи тренер нэхъыщхьэ Новороссийск и «Черноморец»-м 2018 гъэм зыхашащ. Нобэми абы и щIыхьыр екIуу ехъумэ.
Нэгъабэ щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 10-м Налшык и «Спартак» стадионым Iуэхугъуэ телъыджэ къыщыхъуащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкIзэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ зэпэщIэува «Спартак-Налшыкымрэ» «Черноморец»-мрэ я гъуэхэр яхъумэу джэгупIэ губгъуэм къихьащ зы анэ къилъхуа зэкъуэшитI. Хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетт икIи капитант Щоджэн Борис, хьэщIэхэм я «иужь гъунапкъэм» и плъырт абы и шынэхъыщIэ Азэмэт.
Зэкъуэшхэм я зэпэщIэтыныгъэр, зэрагугъауэ икIи куэдыр зэрыщIэхъуэпсауэ, гуащIэ хъуакъым. Тхьэмахуэ ипэкIэ жэуапыншэу топий зи гъуэм Владикавказ щыIэу къызыхудагъэкIа «Спартак-Налшыкым» игъуэта удын хьэлъэр иджыри имыгъэвауэ новороссийскдэсхэр кърихьэлIащ икIи къыхагъэщIащ. «Черноморец»-м и гъуащхьэтет Щоджэн Азэмэт джэгум къызэрыхыхьа щIагъуэ щыIэкъым. Абы щыгъуэми и къуэш нэхъыжь Борис щхьэкъэIэтыпIэ игъуэтакъым. Япэ зэIущIэр нэхъыщIэм и текIуэныгъэкIэ иухами, Азэмэт дэрэжэгъуэ игъуэтакъым. Ар хуабжьу нэщхъейт икIи Борис тригъэужыну джэгур иуха иужькIэ зэрылъэкIкIэ хущIэкъуащ. КъехъулIащ! КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэм «Спартак-Налшыкыр» Краснодар 1:0-у щытекIуащ.
Гъуащхьэтетхэр илъэс плIыщIым нэблагъэхукIи хъарзынэу мэджэгуф. Италием и гуп къыхэхам и гъуэм дэта Дзофф Динэ дунейпсо чемпион щыхъуам и ныбжьыр абыи фIэкIат. Ар щIыжытIэр Щоджэн зэкъуэшхэм иджыри куэдкIэ дащогугъри аращ. Абы щыгъуэми нобэр къыздэсым Борис зэIущIэ 261-м хэтащ, Азэмэт зыкъыщигъэлъэгъуар 150-рэ хъуащ. Ахэр зыхэт гупхэм щыпашэщ икIи куэдрэ я цIэр фIыкIэ дяпэкIи къызэрыраIуэнум шэч къытетхьэркъым. ДызыщIэхъуэпсыр а тIум захъуэжыурэ «Спартак-Налшыкыр» къэралпсо утыкум щагъэбжьыфIэнырщ.  
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021гъэхэм щыIэну зэхьэзэхуэр къызэIуахыным махуэ зыбжанэ фIэкIа имыIэжу ди командэм и гъуащхьэтет икIи и капитан Щоджэн Борис фэбжь хьэлъэ зыгъэсэныгъэхэм щигъуэтащ. Ар икIэщIыпIэкIэ хъуэжын хуейт. Апхуэдэу щыхъум Курск кърашыжащ Налшык къыщалъхуа икIи зыщызыгъэса Антипов Антон. Илъэс пщыкIутI ипэкIэ абы ди командэм къыщыщIидзат икIи «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупым, итIанэ балигъхэм яхэту илъэс зыбжанэкIэ хъарзынэу зыкъигъэлъэгъуат, Мейкъуапэ и «Дружба»-мрэ Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-мрэ пIалъэ гуэркIэ бэджэнду щратаи къэхъуу.  
Налшыкдэсхэм ар псынщIэу къахэзэгъэжащ. Пэжщ, пэщIэдзэ зэIущIэхэм тренерхэри топджэгум дихьэххэри къыхуэарэзыщакъым щыуагъэхэр щIэх-щIэхыурэ зэрыIэщIэкIым къыхэкIыу. ИужькIэ нэхъ тегушхуащ икIи «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтет нэхъыщхьэ хъужын папщIэ зи узыншагъэр зыфIэзыгъэувэжу гупым къыхыхьэжа Щоджэн Борис гугъу зригъэхьын хуей хъунущ.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.