Куэдым ящыщ зы

Мы гъэм ди къэралым ис лъэпкъ псоми ди зэхуэдэ гуфIэгъуэр - ТекIуэныгъэ иныр илъэс 75-рэ зэрырикъур - дгъэлъэпIащ. Абы жыджэру зыхуагъэхьэзыращ. ЗэфIагъэкIахэр мащIэкъым - «Полк уахътыншэ» зэщIэхъееныгъэр къызэрагъэпэщащ, ­«Мемориал» зэгухьэныгъэр мэлажьэ, газетхэм мычэму традзэ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэм ятеухуа тхыгъэхэр, н.къ. Ауэ нэхъыбэж къапэщытщ. Абыхэм ящыщу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэр хъыбарыншэу кIуэдахэр къэлъыхъуэжынырщ, хэкIуэдахэм я хьэ­дэхэр зыщIалъхьа щIыпIэхэр къэ­гъуэтыжынырщ. Апхуэдэхэм я бжы­гъэр куэдыкIейщ икIи дэтхэ­нэми и Iуэху зыхуэкIуар зэгъэ­щIэныр цIыху къалэну зэрыщытым къыдэкIуэуи икIи псапэшхуэщ.
Ди къэралым исауэ къы­щIэ­кIынукъым Хэку зауэшхуэм хэлъ­хьэ­ныгъэ - и гуащIэкIэ, псом нэхъ­рэ нэхъ лъапIэжыращи, и гъащIэ­кIэ - хуэ­зымыщIа лъэпкъи унагъуэ щхьэхуи. Шэч гуэри къы­ту­мыхьэну абыхэм ящыщщ Шалхэ. Нэхъы­бэу къыщыхэжаныкIари зэуапIэ IэнатIэрщ. Ауэ зыкъыхагъэпIиикIын, зыщытхъужын зэрафIэмыфIым къыхэкIыу, абы куэд тражыIыхьакъым. Сэ езыр сыкъапщтэмэ, апхуэдиз илъэскIэ газетым сызэ­ры­щылажьэу, зауэм хэта икIи тIэу уIэгъэ абы щыхъуа си адэм нобэр къыздэсым сытетхыхьакъым…
Пэжщ, ди лъэпкъым щыщ щIалэхэм зауэм щагъэхъахэр гулъытэншэу къэнауи жыпIэ хъунукъым: Шалхэ я уэрамхэр щыIэщ ахэр нэхъ Iуву щызэхэс къуажэхэм. Ауэ яхуэфэщэн пщIэ зымы­гъуэтхэри мащIэкъым. Псом хуэ­мыдэу зи хъыбар ямыщIахэр. Иджы псори и пIэ иувэж хуэдэщ, ап­хуэдиз илъэс дэкIами.
Къэрэгъэш щыщ Шал зэкъуэ­шитху зауэм кIуащ. Ахэр Мухътар, Хъуран, ТIалэ, Хъусен, Хьэмид сы­мэщ. Псэууэ къэзыгъэзэжар Хьэмид и закъуэщ, адрейхэр хэкIуэдащ. Абыхэм ящыщу Мухътар и кIуэ­дыкIар и щIэблэхэм ящIэртэкъым иджыри къэс. Ауэ, псалъэ­жьым зэрыжиIэщи, зыри лъэу­жьыншэ хъуркъым.
А къуажэм щыщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Шал Хъусен къеIуэтэж:
- ФIыщIэ лей хуэсщIыну сы­хуейщ Уэтэр Азэмэт. Къэрэгъэш къыщалъхуами, къыщыхъуами, ар Санкт-Петербург щопсэу, щола­жьэ, «Мемориал» зэщIэхъееныгъэм хэтщи, Хэку зауэшхуэм хэ­кIуэда ди лъахэгъухэр къэлъы­хъуэнми зэманышхуэ трегъэ­кIуадэ. Аращ къэзыхутар ди Мухътар и хьэдэр Ростов областым хыхьэ Мартыновскэ районым хиу­быдэ Новониколаевкэ къутырым щыIэ къуэшыкхъэм зэрыщIэлъыр. Дэ, дауи, зытIэжьакъым. Хьэтуей щыщ& ди ныбжьэгъуфI Къарэ Алим (хуабжьу къыддэIэпыкъуащ, Тхьэр арэзы къыхухъу) и машинэ IэхуитлъэхуитымкIэ гъуэгу ды­техьащ зи адэр хэкIуэда Хьэбас, лъэпкъым ди тхьэмадэ Борис, сэ, Сафудин сымэ. ЗэрыгурыIуэ­гъуэщи, псом япэу дыздэкIуар зи гугъу ищIа къуэшыкхъэ зэлъыIухарщ. Абы тетт Мухътар и цIэри. ­ Удз гъэгъа Iэрамэрэ Къэрэгъэш итха щIы IэмыщIэрэ тетлъхьащ абыхэм я фэеплъым. Дэ гуапэу къытIущIащ икIи сыт и лъэ­ныкъуэкIи къыддэIэпыкъуащ ­районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Гончаровэ Наталье. ЕтIуанэ ­махуэм дригъэблэ­гъащ районым и Iэтащхьэ Мартынов Александр. Абы адыгэхэм ятеухуауэ куэд ищIэу къыщIэкIащ, Мухътар зыхэ­та 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм теухуауэ дызыщымы­гъуазэ Iэджэм дригъэдэIуащ. Апхуэдэу къыджиIащ езыр зи унафэщI щIыналъэмрэ ди республикэмрэ быдэу зэрызэпыщIар, Мартыновскэ районым ди Бахъсэн, Тэрч, Дзэлыкъуэ куейхэм къуэш зэпыщIэныгъэ къазэры­хуиIэр.
Гукъинэж тщыхъуащ Карпенкэ В. В. и цIэр зезыхьэ музейм щытлъэгъуахэр. Абы и унафэщI Субботинэ Наталье (а цIыхубз телъыджэм занщIэу иригушхуэу къыджиIащ и малъхъэр зэ­рыадыгэр) Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хухэха пэш щхьэхуэм дыщIишащ. Апхуэдэ дыдэу мы щIыпIэм сэшхуэ пцIа­нэкIэ нэмыцэ танкхэм щапэщIэува ди лъахэ­гъухэм зэрахьа лIыгъэм къытхутепсэлъыхьащ Федюнинэ Татьянэ, дэ дыщрагъэблэгъа Московскэ ­къутырым 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм и цIэр зэрихьэу дэт школым и унафэщIыр.
Дэ Ростов областым дыщIэкIуа Мухътар и къуэ Хьэбас псом хуэ­мыдэу и гуапэ хъуар и адэр щызэуа щIыналъэм илъэс къэс 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм и фэеплъ футбол зэхьэзэхуэ зэ­рыщрагъэкIуэкIырщ. Ар къызы­хэкIари  гурыIуэгъуэщ: Хьэбас езыр футболист Iэзэу щытащ, ­пIалъэ кIыхькIэ ныбжьыщIэхэм я гъэсакIуэу лэжьащ. «Шокъу» жиIэри, дэ дрихьэлIащ апхуэдэ зэхьэзэхуэ екIуэкIыу. ПщIэшхуэ къытхуащIри, Хьэбасрэ сэрэ зэ­пеуэм къыхэжаныкIахэм зэрагъэпажэ саугъэтхэр ирыдагъэтащ.
Сэ мыбдеж къыщысхуэIуэ­тэжы­фы­нукъым бысымхэм хьэ­щIагъэ къыдахар, къытхуащIа н­э­мысыр зыхуэдизыр. Ар IэфIу сыт щыгъуи дигу илъынущ. Нэхъыщ­хьэращи, дэ иджы Iэмал дгъуэтащ Мухътар зыщIэлъ кхъэм дыкIуэу абы и сы­ным Iэ дэтлъэну. Ар куэд и уасэщ.
Хъусен и псалъэхьэм щIы­дгъужынщи, ди лъахэгъухэм ­Сальск тафэхэм щызэрахьа лIы­хъужьыгъэм куэд тетхыхьащ, тра­жыIыхьащ, дяпэкIи тепсэлъыхьынущ. Ауэ щIыналъэ япэжыжьэр яхъумэу зи псэр зыта ди лъэпкъэгъухэм Хэкум и пащхьэм щаIэ къалэным хуэпэжа къудейкъым, атIэ зэрымыпсэужу ягъэзащIэ нэ­гъуэщI зы пщэрылъи: абыхэм лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэ­гъугъэр, зэпыщIэныгъэхэр ягъэ­быдэ. Ахэр мыхъуамэ, дэнэт дэ къыщытцIыхунур Тэн (Дон) щIыналъэм щыIэ Мартыновскэ районыр. Абы щыпсэухэми, Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящIэнут? Иджы дэ дызэгъунэгъу дыдэщ.
Хъусен къызэрыджиIамкIэ, абы илъэгъуа къуэшыкхъэхэм адыгэ унэцIэ куэд тетщ. Езыми инстаграмкIэ хъыбар яригъэщIащ я унэ­цIэджэгъухэм. ЗыщыплIым фIы­щIэ къыхуащIащ, абы и сэбэпкIэ я Iыхьлым и хьэдэр зыщIэлъ кхъэр къагъуэтыжауэ жаIэри. Аращи, лIыхъужьхэм я лъэужьыр кIуэдыркъым.

Шал Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.