Иорданием щыпсэу адыгэхэм я мэкъумэш щIэкIэр (1878 - 1978 гъгъ.)

Ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм я тхыдэ
Вэнымрэ жылэ хэпхъэнымрэ
Ар бжьыхьэкIэм, япэрей уэшхыр къешха иужь, яублэрти, епщы­кIу­тIанэ мазэм и кIэухым нэс екIуэ­кIырт, пасэуи гувауи вэхэр, сэхэр щыIэт. ХэбгъэкIасэмэ, лэжьыгъэр гугъу дыдэ хъурт. ЩIымахуэ жьапщэ щIыIэм жэщ ныкъуэм укъэтэджу, узэрывэну уи бы­лымыр бгъэшхэн, псы ебгъэфэн хуейт, вакIуэ удэкIын ипэ. Губгъуэ нэщI фэхум загъуэрэ къуэкIыпIэ жьапщэ щIыIэ дыджыжь къыщыкъуэурт, уи Iэпэлъапэхэр къигъэщтрэ къызэгуичу, уэшхри ури­дэкIуеину къежэхыу. Ауэрэ махуэ псокIэ губгъуэм уитынти, шэджагъуэ нэужьыфIым укъэкIуэжынт, уи унагъуэ Iуэхухэм иужь уихьэн, уи вабдзэ буIун, уи пхъэIэщэ укIэлъыплъын хуэдэу.
Хэнымрэ гъасэ къишыжынымрэ
ДжэшхэкIхэр къафыщIыжыныр накъыгъэ мазэм и кIэуххэм щIа­дзэрти, хьэмым кърахьэлIэжырт. ИтIанэ гуэдз-хьэхэр Iэрэ гъубжкIэрэ, Iэтэ цIыкIу-цIыкIуурэ зэт­ралъхьэнт, гъасэ къишыным хуэгъэхьэзырауэ.
А хэнри гугъуагъкIэ вэным къы­зэрыкIэрыху щыIэтэкъым, мы­нэхъ леймэ. Махуэ еным дыгъэ жьэражьэм тхыбыIушэу ущылэ­жьэнри мащIэкъым, абы ищIы­IужкIэ, хьэпщхупщри гъудэ-бадзэри еужьэрэкIыу я Iуэху зэращIэным иужь итт.
Мэкъумэшым и Iуэнымрэ и къехьэлIэжынымрэ
Мы Iуэхугъуэм гъасэ къишы­жыныр зэраухыу и ужь ихьэхэрти, бадзэуэгъуэ мазэм яухырт.
ЯпэщIыкIэ мэкъумэшыр хьэ­мым тракъухьырти, мыIув-мы­пIащIэу, былым зэкIэрыщIакIэ зэхаутэрт, зэтес хъуху. ИтIанэ дуанкIэ яIуэжырт, дуанхэм е мывэ ­щтауч, е гъущI хьэдзэ халъхьэрт. Абы и ужькIэ самэшхуэу зэтрат­хъуэжырти, якIыщтэжыным иужь ихьэхэрт. КIыщтэн яуха иужь, къэпхэм иракIутэжырт.
Пщалъэу зэрахьэм зэреджэр «мэсхьт», ар сагъитI ирокъу. «Сагъыр» килограмми 6,5-м нэс гъавэ пщалъэ цIыкIут. Гъавэ самэ зэтратхъуэжам уеувалIэу «сагъ дапщэ къипщыну пIэрэ?» жып Iэу ухэплъэныр яфIэтелъыджэт, ядэр­тэкъым, «фIыкъым» жаIэрти къыпхуэхъущIэхэрт. Ари пасэрей адыгэхэм я нэщэнэу щытащ. Гъавэр щапщкIэ бжыгъэцIэхэр жа­Iэртэкъым, ягурэ я псэрэ етауэ фIэщыгъэ защIэкIэ Iэпэдэгъэлэл хэмылъу япщытэрт. Бжыгъэ­цIэ­хэм я пIэкIэ мыхэр зэхэпхынт: «Алыхь уэхьд» - «зыр Алыхьырщ». «ТIу» жаIэным и пIэкIэ «ма лэхьу сани» - «етIуанэ, гъусэ зимыIэр» жаIэрт. «Хы» бжыгъэцIэм и пIэкIэ «ситрэк, я рэб» - «уи нэIэ, я ди тхьэ» жаIэрт. «Блы» бжыгъэцIэм и пIэкIэ «сэмхь» жаIэрт - «хьэлэлыгъэ, гу­пы­кIышхуэ» кърагъэкIыу. Ахэр адыгэхэм хьэрыпхэм къыпаха ­хабзэхэм щыщу аращ.
Гъавэр сагъ 20 - 25-рэ зэрыхуэ къэпхэм иракIутэжа нэужьым махъшэ-шыд чырэкIэ я унэхэм, я гъавалъэхэм ирашэлIэжырт.
Адыгэ мэкъумэшыщIэхэр я былымхэм фIыуэ егугъухэрт, хэхауэ выхэмрэ шыхэмрэ лей ирахыртэкъым, ягъафIэрт, гъэфIэцIэхэри фIащхэрт. Iэщ-былым бэзэрхэм, Амман, Ирбит, КъунейтIрэ (Джолан - Сирием) нэсхэрт, нэхъыфI хэдэ ящIу, къащэхуа иужькIи зэрыхуейм хуэдэу ягъасэхэрт.
ЗэманыфIкIэ адыгэхэр мэкъу­мэшым езыр-езыру елэжьахэщ, мы щIыпIэм исхэм бжыгъэкIэ ебэ­кIыу щыщытам. Ауэ еджапIэхэр къызэIуаха нэужь, адыгэ щIалэ­гъуалэр щIэныгъэм хущIэкъуу, еджапIэхэм щIэтIысхьэу хуежьэри, лъэпкъитIым зэхыхьэу щIадзащ. Иордание тепщэгъуэр къызэфIэува иужь, адыгэхэр лэжьакIуэхэм хуэныкъуэ хъуащ. Абы къыхэкIыу, вакIуэу хьэрыпхэр къащтэн щIа­дзащ.
Апхуэдэурэ илъэсым мазипщIыр екIуэкIырт. Къэна мазитIыр къэ­шэн-унагъуэ ухуэным, нэгъуэщI зэкIэлъыкIуэн-зэлъихьэн Iуэхугъуэ­хэм текIуадэрт.
А лэжьыгъэхэм бзылъхугъэхэри унагъуэ Iуэхум къыдэкIуэу къы­щыхэувэ къэхъурт.
Адыгэхэм зэдэIэпыкъун IуэхукIэ щIыхьэхухэр ирагъэкIуэкIырт, сыт и лъэныкъуэкIи я лъэкIыныгъэхэмкIэ зэхьэрхуэрхэрт. Зыгуэрым зэ­раныгъэ къеуалIэмэ, щIэпхъаджагъэ гуэр къэхъумэ, псори зэхы­хьэурэ зэдэIэпыкъухэрт.
Адыгэхэм а зэманхэм хэхъуэу яIа закъуэр я мэкъумэш лэжьыгъэрт, зыхэпсэукIри арат. Гъэ еным зыхуей-зыхуэныкъуэхэр тыкуэнте­сым щIыхуэу къыIахырт, гъавэр Iуа­хыжа нэужь, япшыныжырт. ЩIы­хуэу къащтэ хабзэр: фошыгъу, шей удз, фэтыджэн, тутын гъэ­лъэ­лъа, ар зыкIуэцIашыхьын тхы­лъымпIэ, къалэм, тетрадь, щэ­кIыщ­хьэхэр. ИужькIэ ахъшэр куэд хъури, зэра­хуейуэ зэрагъакIуэ хъуащ.
Гъавэр бэв щыхъухэм деж, зы­хуей-зыхуэныкъуэхэр хаха иужькIэ, къанэр шыд-къыдырхэм я щIыб илъу Иерусалим, Наблус, Палестинэм яхьырт, е Дамаск мафIэгукIэ яшэрти къахъуэжырт. Гъэмахуэ хадэхэкIхэм ящыщу яшхынумрэ бжьыхьэ-щIымахуэм хуагъэтIы­лъынумрэ зэрагъэзэхуа нэужь, къэнахэр зэбграхырти ящэрт.
Мы лъэхъэнэм и иужьрей илъэс­хэм адыгэхэм я нэхъыбэм я щIым щыщ куэд яфIэкIуэдащ. Зы Iыхьэр щIыхуэм ихьащ, адрейр унагъуэ ­зэгъэпэщыным текIуэдащ. Нэ­чыхьым уасэшхуэ телът - динар 350-рэ. Ар мэкъумэшыщIэм дежкIэ ахъшэшхуэт, арати, щIы ящэрти, щхьэгъусэ къашэрт. Ауэ иужькIэ, 1952 гъэм, адыгэ лIыщхьэхэр зэхыхьэри, нэчыхьыпщIэр динари 150-м нэс кърагъэхауэ щытащ.
Ещанэ лъэхъэнэр
Мы лъэхъэнэу адыгэхэм я мэ­къумэш щIэныр щыхэкIуэдэжар лIэ­щIыгъуэм и тхущI гъэхэм щыщIе­дзэри, блыщIхэм нос. Иужьрей адыгэ унагъуэу и мэкъумэш Iэ­мэпсымэхэр зыгъэтIылъыжар Уадисир щыщ Рэджэб Ахьмэд Iэюбрэ абы и къуэшхэу Мухьэмэдрэ Хьэмидрэщ. Ар къыщыхъуар 1979 гъэрщ.
Мы лIэщIыгъуэм и хыщIрэ тху гъэхэм ирихьэлIэу мэкъумэшым зэрелэжь машинэхэр зэрагъэпэщат, щIэуэ къежьа Iэмэпсымэхэри зэрахьэрт. А псоми мэкъу­мэ­шыщIэр игъэтыншырт, и лэжьыгъэр псын­щIэу кърихьэлIэжырти. Ауэ абы­хэми къызэтрагъэнакъым лIэщIыгъуэ енкIэ зызыужьа мэ­къумэш щIэныр. Ар щIыдэхуэхыжам и щхьэусыгъуэу къэплъытэ ­хъунущ:
1. Иужьрей илъэсхэм мэкъумэш лэжьыгъэм къыпэкIуэр мащIэт, щIыгулъри нэхъ тIэщIа хъуат. И пэм зы гуэдз сагъым сагъ 20 - 30-рэ къихьыжырт, иужькIэ ар сагъи 10-м хуэкIуащ.
2. ЛэжьакIуэхэр мащIэ дыдэ ­хъуащ, я чырапщIэхэри фIыуэ дэуеят.
3. ЩIалэгъуалэм еджэным, ­къу­лыкъу нэхъ псынщIагъуэхэм зратащ.
4. Унагъуэ зэхэкIыным щIы Iыхьэ зэхэлъыр игуэшырти, Iыхьэ цIыкIу-цIыкIухэу зэпкърылъэлъыжырт.
5. ХыщI гъэхэм я пэщIэдзэхэм щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэкIэ адыгэхэм щIы щэныр къахэзэ­рыхьауэ щытащ. Илъэс блыщIхэм и кIэуххэм щIы щэныр зы бэлыхь гуэру куэд хъугъат, щIым и уасэри фIы дыдэу дэкIуеят. Арати, адыгэхэм я щIы Iыхьэхэм я процент 80-р ящащ.
6. ЩIы Iыхьэ мащIэу нобэм къахуэнэжахэр зыгуэрхэм хьэхуу ялэжь, къыпэкIуэм и Iыхьэ щанэр щIыр зейм ирату, ауэ ар щIым къытехуэ къуэдым хурикъу-хуримыкъущ.

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.