Налшык къалэм дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм дыгъуасэ Iуэху дахэ щекIуэкIащ Лениным и цIэр зезы-хьэ союзпсо коммунист щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр (ВЛКСМ) къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.
Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомол зэщIэхъееныгъэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Жыджэт Александр, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Прави- тельствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис, комсомолым хэтахэр, нэгъуэщIхэри.
Комсомолым и Бэракъыр утыку къыщрахьэм, пэшым щIэсхэр къэтэджащ. Жыджэт Александр жиIащ коммунист щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм хэтыну зи насып къихьахэм я дежкIэ махуэшхуэр зэрагъэлъапIэм мыхьэнэ зэриIэр.
- Зым и дежкIи щэхукъым ди щIыналъэм и ныбжьыщIэ мини 100-хэм, псори зэхэту къапщтэмэ, къэралым и щIалэгъуалэ мелуанхэм, коммунист щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм гъэсэныгъэ куу, зыужьыныгъэ къазэрыритар. Комсомол зэщIэхъееныгъэм хэтахэм мураду яIамкIи я бжыгъэкIи къытекIуэн нэгъуэщI щыIакъым, ар сыт и лъэныкъуэкIи къэралым и гъащIэм хэтт, - жиIащ Жыджэтым. - Комсомолыр жыджэру хэтащ къэралыр зэфIэгъэувэжыным, Хэкур хъумэным, щIыщIэр къэIэтыным, нэгъуэщI куэдми. А псом къыпэкIуащ къэралым и ордени 6. Нобэ республикэм щолажьэ щIалэгъуалэ, сабий-ныбжьыщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу 45-рэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, НыбжьыщIэ хэкупсэхэм я зэщIэхъееныгъэр, «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр, студент гупхэр, н. СызэреплъымкIэ, комсомолыр нобэ щымыIэжми, нэхъыщхьэр - абы и гупсысэхэм дытету къэралым зедгъэужьынырщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къытхэтыжкъым комсомол зэгухьэныгъэр щызэфIэува япэ илъэсхэм абы жыджэру хэтахэр. Абыхэм я фэеплъыр дэ тхъумэн хуейщ, лъэпкъым, Хэкум хуащIар тщымыгъупщэу.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек комсомолым хэтахэм зэрехъуэхъу тхыгъэм зэIущIэм къыщеджащ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. ИужькIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ КъБР-м цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис. Ар кIэщIу къытеувыIащ ВЛКСМ-м и тхыдэм.
- Мы пэшым щIэсхэр зэгъунэгъу дызыщIыр мыхьэнэш-хуэ зиIа коммунист зэгухьэныгъэм ди гъащIэр пыщIауэ, дыхуэпэжу зэрыщытарщ. Дыщыщыуа къэхъуами, псом япэ Хэкум, итIанэ ди щхьэм дегупсысу дыкъекIуэкIащ. Совет Союзыр къэрал лъэщу, зэкъуэту зэрыщытами я фIыщIэ хэлъащ комсомолхэм. Комсомолыр 1918 гъэм жэпуэгъуэм и 29-м щаухуат рабочэхэмрэ мэкъумэшыщIэ щIалэгъуалэмрэ я зэгухьэныгъэхэм я I урысейпсо зэхыхьэм. Абы къыщыщIэ-дзауэ ди цIыхухэм яхузэфIэкIащ куэд дыдэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, комсомол мини 150-м щIигъу хъуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь, Хэку зауэшхуэм къыщагъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ цIыху мелуани 3-рэ ныкъуэм орденхэмрэ медалхэмрэ иратащ. А Iуэхугъуэ инхэм ятеухуауэ мы гъэм томитI хъууэ тхылъ гъуэзэджэ къыдэдгъэкIащ, нэтын кIэщIхэр ди щIыпIэ телеканалхэм къагъэлъэгъуащ. ФIыщIэ яхудощI апхуэдэ гулъытэ къызэрытхуащIам папщIэ.
Зумакуловым къыхигъэ-щащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомол зэщIэхъееныгъэм и ветеранхэм я советым и ЩIыхь тхылъыр КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, нэгъуэщI къэрал лэжьакIуэ зыбжанэми иратыну унафэ зэращIар.
Республикэм и депутатхэм къабгъэдэкIыу, комсомолым и илъэси 100-мкIэ къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ Егоровэ Татьянэ. Абы жиIащ коммунист щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм иIа зэфIэкIымрэ абы зэщIигъэуIуа цIыху бжыгъэмкIэ лъэщIыхьэн иджырей жылагъуэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм зэрахэмытыр. «Комсомолым хэкупсэ цIыху минхэр къигъэхъуащ. Нобэ ар тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ дахэхэм ящыщ зыщ икIи дыщыгугъынщ абы и щапхъэр ди щIэблэм ямыгъэкIуэдыну», - къыхигъэщащ Егоровэм.
ЗэIущIэм къыкIэлъыкIуащ нэгузыужь пшыхьи.