ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Парламентым и зи чэзу зэхуэсыр махуэку кIуам екIуэкIащ.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и спикер Егоровэ Татьянэ къызэхуэсахэм ехъуэ­хъуащ Комсомолым и махуэ къэблэгъамкIэ икIи УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр яритыжащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэу Бечеловэ Людмилэрэ Тхьэгъэлэдж Тимуррэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къыхагъэщащ депутатхэм УФ-м и парламентаризмэр зэфIэувэным, Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и хабзэубзыху IэнатIэр егъэфIэкIуэным хуа­щIа хэлъхьэныгъэр.
АдэкIэ депутатхэр хэплъащ закон зыбжанэм я проектхэм, апхуэдэуи Прохладнэ суд районым и 2-нэ участкэм и зэзыгъэкIуж судыщIэу ягъэуващ Чэртбий Зубер.
Парламентархэр арэзы техъуащ «КъБР-м и бюджетым хуримыкъур дыщIагъужын папщIэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу КъБР-м и бюд­жетым бюджет кредит къызэрыритым теухуа зэгурыIуэныгъэм дэщIыгъужыпхъэр къэщтэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектым. КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ къызэрыхигъэщамкIэ, а проектым ипкъ иткIэ, республикэм щIыхуэу телъ сом мелуан 580-р 2020 гъэм имытыжми хъунущ, 2021 - 2024 гъэхэм щIыхуэм щыщу илъэс къэс процентитхур зытригъэкIыжыну Iэмал иIэнущ. апхуэдэу бюджет щIыхуэр 2029 гъэ пщIондэ ягъэIэпхъуэ - 2025 - 2029 гъэ­хэм республикэм къытена щIыхуэр илъэс къэс Iыхьэ-Iыхьэу тегуэшауэ итыжынущ.
«2021 гъэм КъБР-м и щIыналъэ щхьэхуэныгъэхэр къэлъытауэ лэжьыгъэ пэрытхэм я коэффициентыр гъэувыным и IуэхукIэ» проектым и мы­хьэнэм тепсэлъыхьащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат.
- НэгъуэщI къэралхэм къикIыу ви­зэншэу УФ-м лэжьакIуэ къакIуэ цIыхухэр IэнатIэ гъэувыныр, къэрал псом хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрми 2016 - 2018 гъэхэм нэхъыбэ хъуащ икIи гугъуехь гуэрхэр къишащ. Абы ипкъ иткIэ 2019 гъэм коэффициенту ­ 2,0 ягъэуващ, ар 2020 гъэм - 3,0 ­хъуащ.
КъулыкъущIэм зэрыжиIамкIэ, ды­зэрыт илъэсым и япэ мазищым (пандемием епха мардэхэр ямыгъэув щIыкIэ) нэгъуэщI къэралхэм къикIа лэжьакIуэхэм папщIэ ягъэхьэзра патентхэр процент 39-кIэ нэхъ мащIэщ 2019 гъэм и япэ мазищым нэхърэ. Ауэ щыхъукIи республикэ бюджетым хэхъуэу процент 11-кIэ нэхъыбэ иIащ.
2020 гъэм и япэ мазищым а Iуэхум фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызиужьам тепщIыхьмэ, КъБР-м и Правительствэм игъуэу къелъытэ 2021 гъэм а коэффициент дыдэр гъэувыныр. Абы теухуа законым и проектыр парламентархэм къызэдащтащ.
«ЛэжьапIэ къэлъыхъуэным гугъу дехь цIыху щхьэхуэхэр лэжьапIэ гъэувынымкIэ IэнатIэ квотэхэм я IуэхукIэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэ­хэр халъхьащ. ЦIыхухэм IэнатIэ егъэгъуэтынымкIэ IуэхущIапIэхэм уна­фэщI­хэм ирагъэхьын хуейщ яIэ лэ­жьапIэхэр, я Iуэху зытетыр, IуэхущIапIэм щылажьэхэм я бжыгъэр, нэгъуэщIхэри.
Япэ еджэгъуэкIэ къащтащ «Республикэ закон зыбжанэм зэхъуэкIы­ныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» ­КъБР-м и законым и проектыр. Ар къызыхэкIар федеральнэ зэхъуэкIы­ныгъэхэр зэрыщыIэрщ.
ЗэI­ущIэм и кIэухым депутатхэр тепсэлъыхьащ республикэм щыщыIэ эпидемиологие щытыкIэм. КъулыкъущIэхэм къыхагъэщащ COVID-19-р ­къомыуэлIэн папщIэ ягъэува мардэхэр цIыхухэм, псом хуэмыдэу щIа­лэгъуа­лэм зэрамыгъэзащIэр икIи къыхураджащ Роспотребнадзорым къыхилъхьа жыпхъэхэр ягъэзэщIэ-ну, нэкIуIупхъуэхэр зыIуагъэлъыну, ­гъунэгъуу зэбгъэдэмытыну.
- Ахэр бгъэзэщIэн щIыхуейр уи щхьэ, уи благъэ-Iыхьлыхэр уз бзаджэм щыпхъумэн щхьэкIэщ, нэкIуIупхъуэм инфекцэм ущехъумэ. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым коронавирус госпиталхэм псэемыблэжу щылажьэ дохутырхэм япщэ дэлъ гугъуехьыр, ди жагъуэ зэрыхъущи, ахэри узым щицIалэ къохъу. Иджыпсту щытыкIэр ­нэхъри гугъу ещI бжьыхьэм къежьэ ОРВИ-мрэ пыхусыху къызэрыгуэ­кIымрэ. Псори дызэкъуэтмэщ, коро­навиру­сым дыщытекIуэнур, - жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

Белгъэрокъуэ Марьянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)