ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр дывгъэхъумэ!

Нэгъабэ «Кабардино-Балкарская правда» газетым къытехуащ ­ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм теухуауэ Битиров Эдуард и тхыгъэ. Ар, дауи, куэдым ягу дыхьащ. Иджы абы къы­поджэж КъБР-м и Парламентым и депутат, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щхьэгъэпсо Сэфарбий.
-ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм теу­хуауэ щытхъу тхыгъэ хэIэтыкIахэр щатхыу щытар XX лIэщIыгъуэм и 30 - 80 гъэхэращ. Мы паркыр Урысейм и нэхъ къулей дыдэхэм хабжэу къекIуэкIащ зэгуэрым. КъэкIыгъэхэм фIыуэ хэзыщIыкI Кос Ю. 1951 гъэм итхащ: «Ди щIыналъэм къыщыкI жыг, гъуей лъэпкъ 55-м къищынэмы­щIауэ, мы хадэм ущрохьэлIэ Америкэ Ищхъэрэм къикIа жыг лъэпкъ 25-рэ, Европэ Курытымрэ Ипщэмрэ щыщ жыг лъэпкъ 17, Японием, Китайм, Кореем къраха жыг лIэужьыгъуэ 15, Азие Курытымрэ Азие ЦIы­кIумрэ щыкI жыг лIэужьыгъуэ 17. Языны­къуэхэр щIыпIэ куэдым къыщыкIыркъым. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, жыгейр, магнолиер, гингко, платан, нэгъуэщIхэри. Абы  и закъуэкъым, ХьэтIохъущокъуэм и жыг ха­дэм ущрохьэлIэ хуиту мэзхэм къы­щы­мыкIыж, кIуэдыжыгъуэ ихуауэ жыхуаIэ ­къуацэ лIэужьыгъуэ 28-м. Дызытепсэлъыхь къэкIыгъэхэмрэ жыгхэмрэ Долинск щы­зэ­рехьэ, кIэлъоплъ жыггъэкI зэчиифIэ Ков­туненкэ Иван».
ХьэтIохъущокъуэм и хадэм жыг лIэужьы­гъуи 156 - 160-рэ итщ щыжаIэкIэ, ар фIэщ­щIыгъуейщ. 1979 гъэм Къущхьэ А., Ругузов И. сымэ къыдагъэкIащ «Налшык паркым и жыгхэмрэ гъуейхэмрэ» тхылъыр. Абы зэ­ритымкIэ, Налшык паркым жыг лIэужьы­гъуэ 69-рэ ущрохьэлIэ. Иужьрей илъэсхэм ХьэтIохъущокъуэм и хадэм жыг мини 8 щыхасащ. Ауэ абы къикIыркъым лIэу­жьыгъуэхэм я бжыгъэм хэхъуауэ. Къищы­нэ­мыщIауэ, апхуэдиз жыгым и нэхъыбапIэр хэкIакъым, я процент 80-р хэгъухьыжащ зыри кIэлъымыплъурэ. 115-нэ шуудзэм я фэеплъ лъэс лъагъуэм щыхаса жыг цIы­кIу­хэр къэтхьынщ щапхъэу.
Паркым ис къуалэбзухэм теухуауэ… 1960 гъэхэм къуалэбзу лIэужьыгъуи 159-рэ ди­Iащ, иджыпсту абыхэм я бжыгъэр 49-м нэс къехащ.
НэхъапэIуэкIэ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ущрихьэлIэрт жыглыц лIэужьыгъуэ ­97-рэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ абыхэм я бжыгъэр мащIэ дыдэщ, IэпэкIэ къып­хуэбжынущ уеблэмэ. Iэгъэбэгу лIэужьы­гъуэ 89-рэ итщ паркым. Абыхэм я проценти 10-р гъуэтыгъуейхэм ящыщщ. Зэраныш­хуэ зыпылъ Iэгъэбэгухэри мыбы щымащIэкъым. Гу лъытапхъэщ, жыг хадэм къыщыкI удз гъэгъахэм я бжыгъэр къызэрамыхутэххар. Ауэ, хуэгъэфэщауэ жыпIэмэ, апхуэдэ лIэужьыгъуэхэр 100 - 200-м зэрынохьэс.
ЦIыхум аллергие шынагъуэ къезыту къалъытэ къэкIыгъэ лIэужьыгъуи 102-м и зэхуэдитIыр ХьэтIохъущокъуэм  хадэм итщ. Хьэ­сэней и нэчыхьытх IуэхущIапIэм къы­щы­щIедзэри, псы Iуфэм Iуту, Налшык къалэ и нэчыхьытхым нэс къох ахэр. Абыхэм къыщокI куэдыIуэ къызэрыгъэхъуа, зэранышхуэ зыпылъ къуацэ-чыцэ, гъуей, удз лIэу­жьыгъуэхэр. А псоми цIыхуIэ лъэмыIэсарэ зэхэкIэжауэ уIуп­лъэну гурыхькъым. Гъэ­щIэгъуэнракъэ, къалэ администрацэм ­абы гу лъитэххэркъым, хэкIыпIэ гуэри къилъыхъуэну яужь иткъым. Ди жагъуэ зэ­рыхъунщи, къэкIыгъэ, жыг зэмылIэужьы­гъуэ куэд икIуэдыкIыжащ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм. Къужьей хадэ, Кизиловкэ жыхуэтIэ щIыпIэхэм а фIэщыгъэцIэхэр щIратар а жыг лIэужьыгъуэхэр куэду щыкIыу арати, иджыпсту щыбгъуэтыжынукъым ахэри. Апхуэдэу, хадэм итыжкъым ­зэ­рыджэмрэ мэз жызумымрэ.
1970 гъэхэм паркым къыщаущыхьырт кхъуэ пIащэхэм, мэз бжэнхэм, бажэхэм, тхьэкIумэкIыхьхэм, къилъатэрт шылэджэдхэмрэ мэзджэдхэмрэ. Иджыпсту абыхэм уащрихьэлIэнукъым я лъыхъуакIуэ уежьэми.
1971 гъэм комиссэ зэхашауэ щытащ, ­ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм щыкI псейхэмрэ уэздыгъейхэмрэ зэрыгъужыр къы­зэтегъэувыIэн папщIэ ялэжьыпхъэр ­яуб­зыхуну. Абы кърагъэблэгъат Ленинградрэ Москварэ я щIэныгъэлIхэри. Къэ­ху­тэ­ныгъэ ирагъэкIуэкIахэм къагъэлъэ­гъуауэ щытащ къедбжэкIа жыг лIэужьы­гъуэхэр вирусымрэ инфекцэмрэ зэщIищ­тауэ, ар къазэрефыкIыр. ИужьыIуэкIэ, 1973 гъэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм ­къагъэлъэгъуар нэгъуэщIщ… Къызэры­щIэ­кIымкIэ, уэздыгъеймрэ псеймрэ зыгъэгъур загъэпсэхуну, ефэну-ешхэну паркым щы­зэхэтIысхьэ гупхэм абы щIащIыхь мафIэмрэ, къыпиху Iугъуэмрэт.
КъБР-м и Правительствэм и унафэкIэ ­комиссэ къызэрагъэпэщри, 2007 - 2008 гъэ­хэм апхуэдэ къэхутэныгъэ зыбжанэ едгъэ­кIуэкIащ. ИкIи къэтхутащ ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит жыгхэм я ­нэхъыбэр жьы зэрыхъуам, зыри зэракIэлъымыплъым я зэранкIэ уз зэмылIэужьыгъуэхэр къе­фы­кIыу­рэ махэ хъуауэ, жьэражьэм, уаем зэ­рыпэ­щIэмытыжыфыр.
Паркым итщ 1847 - 1850, 1922 - 1923 гъэхэм хаса жыг куэд. Апхуэдэхэр езыр-езыру ­къарууншэ мэхъу икIи абы цIыхум и зэраныр хыхьэжмэ, кIуэдыжыпэнущ. Псалъэм папщIэ, жыг куэдым джыдэкIэ дыр­къуэшхуэхэр тралъхьащ, памыупщIын хуей къудамэ узыншэ куэд пахыурэ, абыкIэ ­инфекцэр жыгым пкърыхьащ. Къи­щы­нэмыщIауэ, автомашинэ дыхьэпIэ ящIыу, жыгхэр ираупщIыкI. Абы и закъуэкъым, жыгыщIэ щыхасэкIэ абы зэрелэжь мардэхэр щыIэщи, а хабзэхэм зыри теткъым, армыхъумэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр дызэ­рыпагэу щыта хадэр кIуэдыжыпIэ иувэн­тэкъым. Псалъэм папщIэ, нэхур фIыуэ зылъагъу жыг лIэужьыгъуэ щыIэщ. Апхуэдэ  дыдэу,  жьауэм нэхъ зыщызыужьи яхэтщ. Мис абыхэм я хэсэкIэр пщIэн хуейщ.
Уи гум къемыуэу къанэркъым нобэрей щIэныгъэмрэ технологиемрэ къагъэсэбэпу жыг хадэм и теплъэр ирагъэфIэкIуэн дэнэ къэна, и узыншагъэр зэтраIыгъэну зыри яужь зэримытыр. Дауи, абы и зэранкIэ, паркыр къуий хъуащ: гъуей щыплъагъужыххэркъым, удз тэмэму къыщыкIыркъым, псэущ­хьэ щIэсыжкъым, къуалэбзур къекIуалIэркъым.
Жыг хадэм блож Налшыкыпсыр. Ари щыщщ дызытепсэлъыхь нэгузыужьыпIэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псыми леишхуэ къытехьащ: и Iуфэхэм екIуэкIыу шхапIэхэр къыщызэIуахащи, абы и зэранкIэ псым и жапIэм зихъуэжащ, кIэрыхубжьэрыхухэр псы­хъуэм къыданэ, теплъаджэ ящIащ.
ИщхьэIуэкIэ зи гугъу сщIа комиссэм къыхилъхьат ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр кIуэдыжыгъуэ зэрихуам къыхэкIыу, хъумэн хуей щIыпIэу къалъытэу, гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуэщIыпхъэр. Абы папщIэ егъэкIуэ­кIын хуей лэжьыгъэр зэхэгъэщхьэхукIауэ КъБР-м и гъэзэщIакIуэ IуэхущIапIэхэмрэ къалэ администрацэмрэ я пащхьэ итлъ­хьати, нобэр къыздэсым щылъщ а Iуэхур.
Иджы ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Акаде­мием и лэжьакIуэхэм, «ЩхъуантIэхэр» ­щIы­налъэ политикэ-щIыуэпс партымрэ жы­лагъуэ зэгухьэныгъэ 21-мрэ я къару зэ­халъхьэри, Налшык къалэ администрацэмрэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэмрэ зы­хуагъэзащ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа тхыгъэкIэ. Сэ шэч къытесхьэркъым цIыху мин бжыгъэхэм а Iуэхур къызэрыддаIыгъыр, хадэм  и сэфэт хъуар куэдым ягу къызэреуэм.

Тамбий Гуащэмахуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.