Тхыдэм и пэжыпIэм тетыныр мурад нэхъыщхьэщ

Ставрополь щIыналъэм и Думэм и жэрдэмкIэ, иджыблагъэ екIуэкIащ «Наша память. Наша гордость. Битва за Кавказ» форумыр. Ар цIыхухэм япэ­IэщIэхауэ къызэрагъэ­пэщащ, коронавирусым зимыубгъун папщIэ.Видеоконференц мардэм тету ирагъэкIуэкIа Iуэ­хум ­хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ ­Татьянэ, Егъэджэныгъэм­кIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ ко­митетым и унафэщI Емуз Нинэ, ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр, республикэм и щIэ­ныгъэлIхэр, Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыIэ «Юнармия» дзэ-хэкупсэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и лIы­кIуэ­хэр.
Апхуэдэуи зэIущIэм ирихьэлIащ Каваз Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ ок­ругхэм я щIыналъэхэм я ­депутатхэр, щIэныгъэлIхэр, тхы­дэ­джхэр, егъэджа­кIуэ­хэр, жылагъуэ лэжьа­кIуэхэр. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Ставрополь щIыналъэм и Думэм и УнафэщI Ягубов ­Геннадий жиIащ мы гъэм Урысейм япэу зэрыщагъэ­лъапIэр Кавказым папщIэ екIуэкIа зэхэуэм советы­-дзэр нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэм зэрыщытекIуам теу­хуа махуэшхуэр. Ар жэпуэ­гъуэм и 9-м траухуащ.
Махуэшхуэм ехьэлIа законыр къыхилъхьауэ щытащ Ставрополь щIыналъэм и Думэм. А Iуэхур абы диIы­гъащ Кавказ Ищхъэрэм и Парламент Зэгухьэныгъэм икIи Къэрал Думэм къищ­тэри, УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ.
- ИкъукIэ ди гуапэщ ап­хуэ­дэ унафэм мы гъэм, Те­кIуэ­ныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 75-рэ щрикъуам, арэ­зы зэрытехъуар. Хэкур зы­хъумахэм я фэеплъыр тхъу­мэн хуейщ, апхуэдэуи Кавказым и щхьэхуитыныгъэм зи псэ щIэзытахэр ди щIэб­лэм ящыдгъэгъупщэ хъунукъым. Кавказми, Урысейм и ипщэ лъэныкъуэми лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щопсэу, ауэ ди тхыдэр зыщ, Те­кIуэныгъэри лIы­хъужьыгъэ яхэлъу ди хэкуэгъухэм къы­зэдахьащ, - жиIащ Ягубовым. АдэкIэ къэпсэлъащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэ­рал Думэм и Унафэ­щIым и къуэдзэ Тимофеевэ Ольгэ.
- УФ-м и Къэрал Думэм къыхилъхьащ 2021 гъэм ­фе­деральнэ бюджетыр ­зы­хуэдэнум теухуа проектыр. Зэи къэмыхъуауэ иджы япэу мылъку хухахынущ ди тхы­дэр зэзыхъуэкIыну хэтхэм зэрапэщIэтыну Iэмалхэм, - жиIащ Тимофеевэм. - Ап­хуэдэуи зэман гъунэгъум Къэрал Думэм къищтэнущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр хъумэным теу­хуа федеральнэ законыр. Ди тхыдэм пщIэ хуэт­щIы­жыныр дэтхэнэми и къалэнщ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зэIущIэм хэтхэм фIэхъускIэ захуигъэза нэужь, жиIащ Урысейм щыпсэу дэтхэнэми и пщэ жэуаплыныгъэшхуэ зэрыдэлъыр, Хэку зауэш­хуэр зэрекIуэкIар яхъумэ­ным теухуауэ.
- ЗэрыпхъуакIуэхэр зэрыхагъэщIар дунейпсо тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ, - къы­щIидзащ Егоровэм. - Зэ­рытщIэщи, псоми къалъытащ а ТекIуэныгъэр къэ­хьыныр куэдкIэ зи фIыгъэу щытар Совет Союзыр зэ­рыарар. Иджыри къыздэ­сым совет зауэлIыр яIэтащ щхьэхуитыныгъэм и хъума­кIуэу. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей зэманым абы и пщIэр ягъэ­лъэхъшэну куэд йощэ. Тхы­дэр щыхьэт зытемыхъуэ Iуэху­гъуэхэр къагупсыс, уеблэмэ зауэр къызэрыхъеямкIэ Совет Союзым щагъэ­къуанши хэту. А псалъэмакъ­хэм, шэч хэмылъу, политикэ щIагъыбзэ ящIэлъщ. Псом хуэмыдэу абыхэм ­къахощ языныкъуэ къэралхэр ап­хуэдэ щIыкIэкIэ езы­хэм дуней псом пашэныгъэр ды­зэрыт зэманым и мыза­къуэу, блэкIами щаубыдыну зэрыхэтыр. Абы и щхьэусыгъуэкIэ Урысей Федерацэм и Конституцэм щыдгъэбелджылын хуей хъуащ тхыдэм и пэжыпIэр хъумэным теу­-хуа мардэхэр. Хэку зауэш­хуэм и тхыдэмрэ абы лIы- гъэ щызезыхьахэм я фэеп­лъым­рэ тхъумэн - аращ нэхъ мащIэ дыдэу яхуэтщIэфынур щIэблэм.
Егоровэм къыхигъэщащ Кавказыр зыIэрагъэхьэн ­папщIэ яубла зэхэуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэми щекIуэкIауэ зэрыщытар - Хьэрэ-кхъуэрэ бгым и Iэгъуэблагъэм ­(Зеи­къуэ къуажэ), Къызбрун къуажэм - 910 лъагапIэм, Курп Ипщэ, Елъхъуэт жылагъуэхэм пэгъунэгъуу, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуу­дзэм хэту ди зауэлIхэм лIыгъэ къызэрагъэлъэгъуар, бийм я «Эдельвейс» операцэр зэрагъэлъэлъар. Егоровэ Татьянэ дыщIигъуащ зэ­рыпхъуакIуэхэм Налшык ­къалэр къащтэмэ, Кавказым и щIы дагъэр зыIэ­рагъэхьэфыну зэрагугъар. Абы щхьэкIэ 1942 гъэм и ­жэпуэгъуэм кхъухьлъатэу 70-рэ танк 270-рэ щIыпIэм кIуэцIрыкIыну къагъэкIуат, ар къалэр зэрахъумэ къарум хуэдэ 20-кIэ нэхъыбэт. Налшык и Iэгъуэблагъэми езы къалэми зэхэуэ гуа­щIэхэр щекIуэкIырт. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм икъукIэ хэщIыныгъэшхуэ абы щы­гъуэм къыдатащ.
Кавказыр хъумэным хэлъ­хьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам къыхэкIыу, 1987 гъэм Налшык къалэм къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэ орденым и япэ нагъыщэр. 2010 гъэм и гъатхэпэм УФ-м и Президентым и УнафэкIэ Налшык «Дзэ щIыхьым и ­къалэ» цIэ лъапIэр къратащ.
- А зэхэуэхэр ди щIыпIэм зэрыщекIуэкIар зыщагъэ­гъупщэркъым республикэм исхэм. Ветеранхэм пщIэ зэрахуэтщIыным зэпымыууэ иужь дитщ. Псалъэм ­папщIэ, махуэшхуэхэм деж къыщымынэу, депутатхэр сыт щыгъуи якIэлъоплъ ди нэхъыжьхэм - гугъуехь къалъыкъуэкIми, я узыншагъэм теухуами. Апхуэдэ лэжьыгъэм адэкIи пытщэнущ. Ди цIыхубэм я лIыгъэр сыт ­щыгъуи ди гум илъын хуейщ, - жиIащ Егоровэ Татьянэ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и псалъэхэм дыщIигъуащ лъэпкъ куэду зэхэт Кавказыр зэрыу­быды­ным теухуауэ форумым мыхьэнэшхуэ зэриIэнур.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.