Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм яригъэцIыхуащ Урысейм и Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и Iэтащхьэу ягъэувар

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Урысейм и Банкым и къудамэм - КъБР-м щыIэ Лъэпкъ банкым и унафэщIу ягъэува КIэрэф Мурат. ЩIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр и лэжьапIэщIэм ишащ Урысей Федерацэм и Банк Нэхъыщхьэм и Ипщэ управленэ ­нэхъыщхьэм и унафэщI Эберенц Евгений.
Эберенц Евгений КIэрэф Мурат и гугъу ­щищIым жиIащ ар къэрал влас­тым и органхэм илъэс куэд хъуауэ щы­лажьэ, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзы­щIыкI унафэщIу зэрыщытыр, а псоми Банк ­Нэхъыщхьэм и Iэтащхьэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэ­раIэр: «Абы Iэмал къитынущ республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм быдэу дапыщIауэ дадэлэжьэнымкIэ, псом япэрауэ, дубзыхуа проектхэу Урысейм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэр нэсу зэдгъэхъулIэнымкIэ».
КIуэкIуэ Казбек къыщыпсалъэм Урысейм и банкым и къудамэу КъБР-м щы­Iэм и унафэщIу щыта Тхьэмокъуэ Анатолий фIыщIэ хуищIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ IэнатIэмрэ хьэлэлу зэрыхуэлэжьам, щIыналъэм и финанс ­IэнатIэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэш­хуэ зэрыхуищIам папщIэ».
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ КIэрэф Мурат къулыкъущIэ зэрыпэрыувар щIыналъэм и къэрал властым и ­органхэмрэ Банк Нэхъыщхьэмрэ быдэу зэ­пы­щIауэ зэдэлэжьэным сэбэп зэры­хуэхъунум, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Фе­дерацэмрэ яфI зыхэлъ Iуэхухэр дэгъэкIыным зэрыхуэщхьэпэнум шэч къы­зэрытримыхьэр икIи уна­фэщIу ягъэувам ехъуэхъуащ и лэжьыгъэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьэну.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)