Гулъытэ зэи щремыщIэ

Хабзэ хъуауэ, жэпуэгъуэ мазэм дэнэкIи щагъэ­лъапIэ Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэр. ПщIэрэ нэмысрэ сыт хуэдэ зэманми зыхуэщIыпхъэ нэхъыжьхэм гулъытэ хэха къызэралэжьым иджыри зэ дрегъэгупсыс абы. Нэхъыжьхэм тху­зэфIэкI псомкIи защIэдгъэкъуэн хуейщ дапщэщи, ди псалъэ ­гуапэ нэхъыбэрэ зэрызэхедгъэхыным, я гъащIэр, я псалъэ Iущыр ди дежкIэ зэрылъапIэр зыхедгъэщIэным, я ­гукъыдэжыр къызэ­ры­тIэтыным ды­хущIэкъуу.
Зи ныбжь хэкIуэтахэм я махуэр ди щIыналъэми ­щагъэлъэпIащ. ЕджапIэхэм щекIуэкIащ а махуэм теу­хуа лэжьыгъэ. Класс сыхьэтхэм къриубыдэу егъэджа­кIуэхэм сабийхэм жраIащ абы къежьапIэ хуэхъуам ­теухуа хъыбархэр. Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщы­жымкIэ, Зи ныбжь хэкIуэтахэм махуэ щхьэхуэ яху­хэхынымкIэ жэрдэмыр япэ дыдэу къыщыхалъхьар ­Япониеращ. Жэрдэмыр 1947 гъэм къыхилъхьащ а къэралым и Хёго щIыналъэм щыIэ къуажэхэм ящыщ зым и Iэтащхьэ Кадоваки Масао. Абдежым щрагъа­жьэри, махуэ хэхам техуэу а щIыпIэм щрагъэкIуэкIын щыщIадзащ зи ныбжь хэкIуэтахэм гулъытэ хэIэтыкIа яхуэщIыным хуэгъэза псапащIэ Iуэхухэр, «Ди нэхъы­жьыфIхэм я Iущагъыр ди тегъэщIапIэу къуажэм и ­гъащIэр идогъэфIакIуэ!» къыхуеджэныгъэм щIэту. Зэман дэкIри, махуэшхуэр Японием и щIыпIэ псоми къыщащтащ. 1990 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м ООН-м и ­Ассамблее Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ жэпуэгъуэм и 1-р Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэу (International Day of Older Persons) къалъытэным ехьэлIауэ.
Нэхъыжьхэм папщIэ гъэ къэс зэхашэу щытащ гуа­пагъэрэ хуабагъэкIэ гъэнщIа зэIущIэхэр, пшыхьхэр, псапащIэ Iуэхухэр къызэрагъэпэщ. Абыхэм я мурад ­нэхъыщхьэр «дыжьын уэшхыр зи щхьэцым хэшха» ди нэхъыжьыфIхэм я лъэр жан щIынырщ, гъащIэм и IэфIагъыр аргуэру зэ зыхегъэщIэнырщ, я гукъы­дэжыр хъуэхъу дахэхэмкIэ къэIэтынырщ.
Мы гъэм апхуэдэ Iуэхугъуэхэр сакъыу фIэкIа ебгъэкIуэкI хъуркъым, коронавирус уз зэрыцIалэ лIэу­жьыгъуэщIэм дэнэкIи зэрызыщиубгъуам къыхэкIыу. Ап­хуэдэу щытми, сабийхэр гуапэу ехъуэхъуащ я унэхэм щIэс, гъунэгъуу псэу нэхъыжьыфIхэм. Къапщтэмэ, Налшык дэт курыт школ №9-м и 2-нэ классым щIэс ­сабийхэр иджыблагъэ хьэщIапIэ хуэкIуащ зэшыпхъу­хэу Лобжанидзе Валентинэрэ Батырбековэ Лидэрэ.
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм зи сабиигъуэр ирихьэ-лIа а тIум Зи ныбжь хэкIуэтахэм я махуэмкIэ ехъуэ­хъуныр жэрдэм ищIат «Урысейм и гугъапIэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и пашэ Букинэ Еленэ. Абы, сабийхэмрэ абыхэм я анэхэмрэ щIыгъуу, нэхъыжьыфIхэм удз гъэгъахэмрэ ерыскъы щIэщыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ яхьащ, унагъуэ Iуэху гуэрхэмкIи дэIэпыкъуэгъу хъуащ. Нанэхэ-ри гуапэу къаIущIащ хьэщIэхэм. Пхъэщхьэмыщхьэрэ IэфIыкIэкIэ сабийхэм къахуэупсащ, фэеплъ сурэтхэри зытрагъэхащ.
Дэри захудогъазэ ди нэхъыжьыфIхэм икIи дохъуэхъу узыншагъэ быдэ яIэну, я бынхэм, Iыхьлыхэм, благъэхэм, гъунэгъухэм я гулъытэ щымыщIэу куэдрэ псэуну.

Къардэн Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.