КIуэкIуэ Казбек хэтащ Налшык шахмат еджапIэ къызэрыщызэIуахым теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэм

Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым лъэсу къыщыпкIухь хъу и Iыхьэм хуэзэу жэпуэгъуэм и 3-м къыщызэIуахащ «Каисса» зыфIаща шахмат еджапIэр. Абы теухуа гуфIэгъуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м Шахматхэмрэ шашкэхэмкIэ и федерацэм, къэрал властым, республикэм и жылагъуэм я лIыкIуэхэр, спорт школым и гъэсакIуэхэмрэ абы щеджэхэмрэ. Къызэхуэсахэм я пащхьэм къы­щыщыпсалъэм, КъБР-м и Iэтащхьэм къы­хигъэщащ сабийхэм, къытщIэхъуэ щIэблэхэм хуащIа объект къызэIупхыныр республикэм дежкIэ сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхуу зэрыщытыр: «Мы унэм щеджэфынущ икIи я зэфIэкIхэр къы­щызыкъуахыфынущ сабий 400-м щIигъум. Мыпхуэдэ IуэхуфIымкIэ псоми сы­ныво­хъуэхъу», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. ЩIыналъэм и УнафэщIым къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэ­кIуэкI политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщ­хьэхэм, сыт щыгъуи гулъытэ хэха зы­гъуэтхэм ящыщу лъэпкъыр узыншэныр, унагъуэ хъугъуэфIыгъуэхэр, икIи, шэч хэмылъу, сабийхэр хъумэныр къызэры­нэжынур. «Дэ тлъэкI къэдмыгъанэу яужь дитынущ ди сабийхэм заужьын папщIэ зэхуэдэ Iэмалхэр яIэным. Ауэ нобэ икъу­кIэ дызыщыгуфIыкIщ мы унэ къызэ­ры­мыкIуэр, еджапIэ телъыджэр хьэрычэт IэнатIэм хэтхэм зэраухуар. Абы ди сабийхэм Iэмал къарет еджэну икIи заужьыну. Сэ хьэрычэтыщIэхэм фIыщIэшхуэ яхуэс­щIыну сыхуейщ ди республикэм мыпхуэ­дэ саугъэт къызэрыхуащIам папщIэ. Мы еджапIэм дызэрыгушхуэну сабийхэр мин бжыгъэкIэрэ къыщIэкIыну си гуапэщ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. ЕджапIэщIэ къызэрызэIуахым теухуа хъуэхъу тхыгъэ школым и унафэщIхэм къахуигъэхьащ совет, урысей шахматист цIэрыIуэ, политик, шахматхэмкIэ дуней псом щэнейрэ и чемпион, дунейпсо гроссмейстер Карпов Анатолий. Апхуэдэуи псалъэ гуапэхэр жаIащ КъБР-м Шахматхэмрэ шашкэхэмкIэ и федерацэм и унафэщI Щыхьмырзэ Артуррэ республикэм шахмат джэгуным хуэIэзэ и спорт­сменхэмрэ. Къыхагъэщащ шахмат джэгуным дихьэххэм я бжыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыщыхъур. Апхуэдэ дерсхэр сэбэп мэхъу цIыхум и акъылым зиужьынымкIэ, и гупсысэр иу­къуэдиифу, нэхъыбэ игу ириубыдэфу, зыхуейм лъэIэсыфу егъэсэнымкIэ. ЕджапIэщIэ къызэрызэIуахар лъабжьэфI ­хуэхъунущ республикэм и сабий зэчиифIэхэр къэгъэнэIуэным, спортми, нэ­гъуэщI IэнатIэхэми бжьыпэр щызыу­бы­дыфыну щIалэгъуалэ щIыналъэм къи­хъуэным. Социальнэ IэнатIэм тегъэпсыхьа хьэрычэтыщIэхэм я жэрдэмкIэ ящIащ цIыху 400 зэуэ екIуэлIэным хуэщIа «Каисса» шахмат еджапIэр. ЩIэныгъэ гуэдзэ егъэгъуэтыным тегъэпсыхьа IуэхущIапIэм хэтщ шахматхэмрэ шашкэхэмрэ зы­щыхуагъэсэну пэшхэр, апхуэдэуи абыкIэ зэпеуэхэр щебгъэкIуэкI хъуну залхэри. А джэгукIэм мыбы зыщыхуагъэсэфынущ сабийхэми балигъхэми. Унэм апхуэдэу къыщызэрагъэпэщыну я мурадщ сурэтыщI, IэпщIэлъапщIэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щыбгъэ­лъагъуэ хъуну пэшышхуэ, хамэ къэралыбзэхэр щызрагъэщIэну, гуманитар, нэгъуэщI щIэныгъэхэм щыхуеджэну пэш­хэр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.