Тэрч къалэм сабий садыщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жэпуэгъуэм и 3-м лэжьыгъэ IуэхукIэ Тэрч муниципальнэ щIыналъэм щыIащ.
Республикэм и Уна­фэ­щIыр хэтащ социальнэ Iуэху­щIапIэщIэ - Тэрч къалэм цIыкIуи 140-м ятещIыхьа сабий сад - къызэ­рыщызэIуахым иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм. Абы и ухуэныгъэр зэрызэфIэкIам Iэмал къитащ зи ныбжьыр школ кIуэгъуэм нэмысахэм щакIэлъыплъыну IуэхущIапIэхэмкIэ къалэдэсхэр нэсу къызэрагъэпэщынымкIэ, са­бийхэр еджапIэхэм щы­щIэтIысхьэкIэ ящIэн хуейуэ мардэхэм къагъэувхэм изагъэу а лэжьыгъэр ирагъэ­кIуэкIынымкIэ.
УхуэныгъэщIэм гупиблым щадэлэжьэнущ, пщэфIапIи, медицинэ хуэIухуэщIэхэр щызэфIагъэкIыну, макъамэм, спортым я лъэныкъуэкIэ щадэлэжьэну пэшхэри хэтщ. Унэм метр зэбгъуазэнатIэ мини 2,5-рэ еубыд, абы къедза щIыпIэм метр зэбгъузэнатIэ мин 83,7-рэ хухахащ.
Къыхагъэщащ илъэсым къриубыдэу ящIыну я мурадахэм ящыщу мы зэманым ирихьэлIэу апхуэдэ IуэхущIапIэу 10-м я ухуэныгъэхэр зэрызэфIэкIар - ахэр Налшык, Майскэ, Бахъсэн, Ислъэмей, Куба, Хьэмидей щащIа яслъэхэрщ, Тэрчрэ Налшыкрэ щаухуа сабий садхэрщ.
Республикэм и Iэтащхьэр апхуэдэуи щыIащ щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм.
ЩэнхабзэмкIэ унэм щрагъэкIуэкI Тэрч щIыналъэм къыщыдах щэнхабзэ-нэгузегъэужь дауэдапщэ нэхъ инхэр - махуэшхуэхэр, Iуэху хэхам хуэгъэпса пшыхьхэр, концертхэр, семинархэмрэ зэIущIэхэмрэ, зэхуэсхэмрэ конференцхэмрэ, сабийхэм ящIа сурэтхэр, IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ выставкэхэр, художественнэ самодеятельнэ гупхэм хэтхэм я зэпеуэхэмрэ фестивалхэмрэ.
Мы зэманым ЩэнхабзэмкIэ унэм щолажьэ уэрэ­дым­рэ къафэмкIэ «Терчанка» ансамблыр, клубу плIы, къэфакIуэ гупжьейуэ тIурэ уэ­рэджыIакIуэ ансамблрэ.
КъБР-м и «Къэбэрдей­-Балъкъэрым и щэнхабзэр» къэрал программэм зэрыхагъэхьам и фIыгъэкIэ IуэхущIапIэм и мылъку-техникэ лъабжьэр иужьрей зэманым хэпщIыкIыу ефIэкIуащ: унащхьэм щыщ Iыхьэр, щхьэгъубжэхэр зэрахъуэ­кIащ, видеокIэлъыплъыныгъэм, кино техыным хуэщIа, макъхэр зыгъэлъэщ, макъа­мэм зыдащIу уэздыгъэхэр зыгъэджэгу Iэмэпсымэхэр, «Терчанка» ансамблым хэтхэр утыку къызэрихьэ фащэхэр къащэхуащ, зэхуэс­хэр, концертхэр щекIуэкI пэ­шым щIэт шэнтхэр зэра­хъуэкIащ.
Апхуэдэу щытми, унэр сыткIи зыхуей хуэзэу зэгъэ­пэщыжыпхъэщ, мылъку-техникэ лъабжьэри адэкIи егъэфIэкIуапхъэщ. Абыхэм Iэмал къатынущ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым хэгъэ­хъуэнымкIэ, щIыналъэм щып­сэухэм я зыгъэпсэху­гъуэр нэхъ тэмэму къызэгъэпэщынымкIэ.
Республикэм и Унафэ­щIыр къыкIэлъыкIуэу щы­Iащ «Терек Олимп» спорт комплексым. Ар щытщ Тэрч къалэм къыщызэрагъэпэщ зэхьэ­зэхуэ зэмылIэужьы­гъуэхэр щрагъэкIуэкI, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ Iуэху­щIапIэ нэхъыщхьэу. Илъэс къэс абы щызэхашэ цIыху куэд къызрихьэлIэ щIы­налъэ, рес­публикэ, ­урысейпсо спорт зэхьэзэхуэ 50-м ­щIигъу, апхуэдэуи цIыху­хэм Iэмал яIэщ дэ­зы­хьэх фитнесым, спортым зыщыхуа­гъэсэну, абыхэмкIэ щызэ­пеуэну.
«Терек Олимп» спорт комп­лексым и япэ Iыхьэр 2016 гъэм и накъыгъэм ­ятауэ щытащ, «Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэн­хабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» къэрал программэм хыхьэу. Комп­лексым и етIуанэ Iыхьэм, псыгуэн зэхуэщIар зыхэтым, и ухуэныгъэр къызэтеувы­Iауэ щытащ, абы трагъэ­кIуэдэн мылъку зэрамыIэм къыхэкIыу. Мы зэманым ирихьэлIэу республикэм щыщу псы есыпIэ зимыIэр Тэрч щIыналъэм и закъуэщ. А проектыр и кIэм нэгъэ­сыныр хуэщхьэпэнущ щIыналъэм щыпсэухэу физ­культурэмрэ спортымрэ дихьэххэм, абыхэм зи узын­шагъэм сэкъат иIэхэри яхэту, я бжыгъэм хэгъэ­хъуэным.
КIуэкIуэ Казбек щIыналъэмрэ КъБР-м и Прави­тельствэмрэ я унафэщIхэм пщэрылъ ящищIащ ухуэ­ныгъэм и етIуанэ Iыхьэр и кIэм нэгъэсыжыным хуэгъэза проект-сметэ тхылъ­хэр ягъэхьэзырыну икIи ар щIыналъэм щагъэзащIэ программэхэм ящыщ зым хагъэхьэным теухуа я Iуэху еплъыкIэхэр къыхалъхьэ­ну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм а махуэ дыдэм щыгъуазэ зищIащ Дей - Курп Ищхъэрэ - Осетие ­Ищхъэрэ - Алание Респуб­ликэм и гъунапкъэм екIуа­лIэ гъуэгум и щытыкIэм, «ФIагъ лъагэ зиIэ автомо­биль гъуэгу шынагъуэн­шэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу иджыблагъэ зэрагъэпэщыжам. КIуэкIуэ Казбек Тэрч щIыналъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыщыIахэм ящыщ зым къуажэхэм къа­пэ­зы­кIухь а гъуэгум пыщIа гугъуехьхэм ятеухуауэ зыкъыхуагъэзат жылэ­дэс­хэм.
Гъуэгу Iыхьэр километ­риплI мэхъу. Мыбдежым ­гъуэгум щIы щытракIутэри, и лъабжьэр ягъэбыдащ, абы тIэунейрэ асфальт тралъ­хьащ, ибгъухэр, зэ­хэкIыпIэхэр ягъэбыдащ, ­гъуэгу дамыгъэхэр тращIащ, щагъэуващ.
Абыхэм къадэкIуэу Акъбащ кIэнауэм телъа лъэ­мыжыр трахри, и пIэкIэ щIэ яухуащ. Лъэмыжым и бгъум иIэн хуей къэухьри ягъэуващ.
Тэрч щIыналъэм щып­сэу­хэм иджы къаIэтащ Тэрч ­къалэмрэ Плановскэ къуа­жэмрэ къапэзыкIухь гъуэгу ухуэн зэрыхуейм теухуа Iуэхур. Республикэм и Iэтащхьэм КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм къалэн щищIащ абы хэплъэну икIи ар зэфIэгъэкIынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр къигъэ­лъэ­гъуэну.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.