Псори зыгъэпIейтей Iуэхум топсэлъыхь

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек фокIадэм и 30-м Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ КъБР-м Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэр.
Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., къа­лэхэм, щIыналъэхэм я администрацэ-хэм, хабзэхъумэ, къарузехьэ IэнатIэхэм я Iэ­тащхьэхэр.
ЗэIущIэм щыхэплъащ афиянхэкIхэм япэ­щIэтыным хуэгъэзауэ щIыналъэм щы­зэфIагъэкIхэм, хабзэр къызэпаудурэ а щхъу­хьыр тутнакъэщхэм щыщызэрагъэ­кIуэкI къызэрыхъум.
Апхуэдэуи зэпкърахащ наркотикхэм япэ­щIэтынымкIэ муниципальнэ щIыналъэхэм щыIэ комиссэхэм афиянхэкIхэм цIыхухэр димыхьэхыным, а щхъухьыр щIыпIэхэм щемыгъэщэным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIхэр, наркотикхэм ебэнынымкIэ щIыпIэхэм къыщащта программэхэм къыщыгъэлъэгъуахэр щIыналъэхэм щыгъэзэщIэным ипкъ иткIэ 2020 гъэм и мазийм зрагъэхъулIахэр.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ органхэр дэтхэнэ жылагъуэми IэнатIэ нэхъыщ­хьэхэм ящыщу зэрыщыщытыр, сыту жы­пIэмэ, абыхэм я лэжьыгъэр теухуащ ­республикэм и цIыхубэр зыхуей-зыхуэ­ныкъуэ Iуэхухэр зэфIэгъэкIыным. АфиянхэкIхэр, цIыхум и псантхуэм егуауэ нэ­гъуэщI щхъухьхэр щIыналъэм щызэрагъэкIуэкIыным пэщIэтын IуэхухэмкIи ­абыхэм я пщэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къа-лэн щхьэхуэхэр къыдохуэ.
Езыхэм я лэжьыгъэр апхуэдэу зэтеу­хуащи, наркотикхэм япэщIэтынымкIэ муниципальнэ комиссэхэр нэхъ япэгъунэ­гъущ цIыху щхьэхуэхэм, ахэр зыIууэ гугъуехьхэми фIыуэ щыгъуазэщ. Абы къы­хэкIыу щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ органхэм зэпымыууэ ирагъэкIуэкIын ­хуейщ профилактикэ лэжьыгъэхэр, ­щIы­налъэм щыщ цIыхухэу афияным итхьэкъуахэм зыщIагъэкъуапхъэщ а узы­фэм и къапхъэным ихуахэр абы къыIэ­щIагъэкIыным хуэунэтIауэ.
КIуэкIуэ К. В. апхуэдэуи къыхигъэщащ уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IуэхущIапIэхэр зы­кIэлъыплъ цIыхухэр гъащIэм хэзэгъэ­жы­нымкIэ ядэIэпыкъунми мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абыхэм аргуэру хабзэншагъэ ямы­­лэжьын папщIэ, къимыдэкIэ, IэнатIэ къагъуэтынымкIи защIэгъэкъуэн хуейщ.
Щхьэхуэу и гугъу ящIащ афиян зыхэлъ, езыр-езыру къэкI удзыжьхэм зэщIащта щIыпIэхэм ахэр игъэкъэбзыкIыным хуэу­нэтIа лэжьыгъэри зэрыщIэгъэхуэбжьапхъэм.
ЗэIущIэр зытеухуауэ щыта Iуэхухэр зэпкърахыу къэпсэлъащ Тезырхэр егъэп­шынынымкIэ федеральнэ къулыкъу­щIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI Лыхь А. Ч., Аруан, Прохладнэ, Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэу Ажий В. Хь., Журавлёв А. И., Муртазов Б. С. сымэ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.