КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ къэралым 2030 гъэ пщIондэ зэрызиужьынур щыубзыхуа Указыр Урысейм и щIыналъэхэм гъэзэщIа зэрыщыхъум теухуауэ Къэрал Советым и Президиумым иригъэкIуэкIа зэIущIэм

Урысейм и Президент Путин Владимир видеоконференц мардэм тету фокIадэм и 28-м иригъэкIуэкIащ Къэрал Советым и Президиумым и зэIущIэ зыубгъуа. Ар техуауэ щытащ къэралым 2030 гъэ пщIондэ зэрызиужьыну щIыкIэхэр щыу­бзыхуа Указыр Урысейм и щIыналъэхэм гъэзэщIа зэры­щыхъум. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Урысейм и Къэрал Советыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс   20 щрикъу гъэм ирихьэлIа зэIущIэр къыщызэIуихым Путин Владимир къыхигъэщащ а IуэхущIапIэр лэжьэным, хэкум и Закон Нэхъыщхьэм - Урысей Федерацэм и Конституцэм - ар зэ­рыщыщIэгъэбыдам мыхьэнэшхуэ зэраIэр. «Урысейм хуэдэ къэралышхуэм, гугъум, лъэпкъ куэд щызэдэпсэум, мыхьэнэшхуэ зиIэ унафэхэр къыщыпхуэщтэнукъым абы и щIыналъэхэм я Iуэху еплъыкIэхэр, дэтхэнэми я Iуэху къызэгъэпэщыкIэр, хабзэ хэхар, ахэр зыхуэныкъуэ-зы­щIэ­уп­щIэхэр къыумылъытэу. Мыбдежым къыщыхэзгъэщыну сы­хуейщ щIыналъэхэм яIэ зыу­жьы­ныгъэм ди къэралыгъуэм и дежкIэ сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ иIэу зэрыщытыр», - жиIащ Пути­ным.
Къэралым ис лъэпкъ псоми ехьэлIа мурадхэм ялъэIэсыным куэдкIэ елъытауэ щытынущ ­Урысейм къэкIуэну илъэсхэм зэ­рызиужьыну щIыкIэр, апхуэдэуи къэралым и цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ къэ­ралыр, хьэрычэт IэнатIэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зэ­ры­зэдэлэжьэнумрэ абыхэм зэ­фIагъэкI Iуэхухэм фIагъыу къа­дэкIуэнумрэ зыубзыхури аращ, жиIащ Президентым. Мыбде­жым щызэпэлъытын хуейщ а мурадхэр зэгъэхъулIэным и Iэмал нэхъыщхьэхэр, къэралми дунейми псынщIэ дыдэу зэ­хъуэкIыныгъэхэр къызэрыщы­хъур, ди цIыхухэр нэхъыбэу зы­щIэупщIэ хъуахэмрэ иужьрей илъэсхэм дызыхуэкIуа лэжьэ­кIэщIэмрэ, экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмрэ нэрылъа­гъуу зэрыщахъуэжыр. Апхуэдэуи а Iуэхур епхащ Урысейри, зэры­щыту дуней псори коронавиру­сым и эпидемием и лъэхъэнэм зыIууа гугъуехьхэм.
Путин Владимир къыхигъэщащ эпидемием пэщIэтыным хуэунэтIа лээжьыгъэр ауэ жы­жьэуи и кIэм зэрынэмысар, абы зэрыпащэр икIи уигу бгъэтIылъу утIысыжынкIэ, умысакъынкIэ ­Iэмал зэримыIэр: «Шынагъуэр иджыри щыIэщ. СынывэлъэIуну сыхуейщ ар зыщывмыгъэгъуп­щэну икIи фи щхьэри, фи Iыхь­лыхэри абы Iэмал зэриIэкIэ щы­фхъумэным жэуаплыныгъэшхуэ фхэлъу яужь фитыну. СыныволъэIу дохутырхэмрэ IэщIагъэлI­хэмрэ къыват чэнджэщхэм фытетыну. Абы фыщIыхуейр фи шынагъуэншагъэрщ, фи узыншагъэр хъума хъуну папщIэщ».
«А узыфэ шынагъуэм теухуауэ дэ нобэ куэдкIэ нэхъыбэм ды­щыгъуазэщ, мазэ зыбжанэ ипэ­кIэ нэхърэ. Узым пэщIэтыным хуэунэтIауэ зэфIэдгъэкIын хуейхэр къыдгуроIуэ, профилактикэ Iуэхухэр зэредгъэкIуэкIыпхъэ щIы­кIэхэми дыщыгъуазэщ. Ауэ псом хуэмыдэу иджыпсту дэтхэнэ зыми елъытащ узыфэ зэры­цIалэм ебэныным хуэунэтIауэ дегугъуу псоми зэфIэдгъэкI лэ­жьыгъэм кърикIуэнухэр. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, гъатхэм IэмалыншагъэкIэ дызыхуекIуауэ щыта, экономикэми егуауэу цIыху­хэми къехьэлъэкIа хэкIы­пIэхэм хуэдэ мардэ ткIийхэр дымыгъэувыжын папщIэ», - жиIащ Путин В. В.
Къэралым и УнафэщIым къыхигъэщхьэхукIащ, къыкъуэкI сыт хуэдэ гугъуехьхэм щхьэкIи къэ­мынэу, ипэкIэ плъэн, пIалъэ кIы­хьым тещIыхьа Iуэхухэр IэнатIэ псоми щыубзыхун зэрыхуейр, цIыхум, абы и унагъуэм я зэIу­зэпэщ псэукIэр къызэзыгъэпэщ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыпхъэщ. Лэжьыгъэм и дэтхэнэ унэтIыныгъэми фIагъ нэхъыбэ къегъэ­тып­хъэщ, мурад гуэрхэм нэсауэ къалъытэж къудей мыхъуу, цIыхухэм я гъащIэр нэрылъа­-гъуу езыгъэфIакIуэхэр къы­дэ­кIуэу. Абы папщIэ Президентым Iэ тридзауэ щытащ къэралым дызыхуэплъэ илъэсипщIым зэ­рызиужьыну щIыкIэхэр щыгъэбелджыла Указыр.
«Ди цIыхубэм ехьэлIауэ зэ­фIэд­гъэкIыну ди мурадхэм за­хъуэжакъым. Нобэ дызыIууэ сыт хуэдэ гугъуехьхэми емылъы­-тауэ. Фигу къэзгъэкIыжынщи, унэ­тIыныгъэ нэхъыщхьэхэр тху мэхъу. Ар цIыхухэм я узыншагъэр хъумэнымрэ зэIузэпэщ псэукIэ яIэнымрэщ, сыткIи зы­хуей щыхуэзэ икIи шынагъуэншэ щытыкIэхэр къэралым исхэм ­къахузэгъэпэщынырщ, экономикэр гъэбыдэнырщ, зыхуейхэр зрагъэхъулIэн папщIэ Iэмалы­щIэхэр къахузэIухынырщ, ап­хуэ­дэуи бжыгъэм тегъэщIа техно­логиещIэхэр хэпщэнырщ», - жи­Iащ Президентым.
Путин В. В. жиIащ щIыналъэхэм ящIэн зэрыхуейр езыхэм къапэщыт къалэнхэр зыхуэдэр, ахэр зэрагъэзащIэм зэрыкIэ­лъып­лъыну щIыкIэхэри езыхэм зэрызэтраухуэжыпхъэр, сыт хуэ­дэ Iуэхум сыт хуэдиз мылъку ­хухахынуми ягъэбелджылыжу зэрыщытыпхъэр. Правитель­ст­вэм лэжьыгъэшхуэ иригъэ­кIуэ­кIащ щIыналъэхэм къыхалъхьа жэрдэмхэр я лъабжьэу лъэпкъ проектхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным хуэунэтIауэ.
«Апхуэдэу Iуэхур зэтедухуэ­-мэщ дэ ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр щызыIэрыдгъэхьэфынур, япэ игъэщыпхъэхэр щыдубзыхуфынур, иджыри зэ къыхэзгъэ­щынщи, мы зэман гугъум ди лэ­жьыгъэм фIагъ къыщыдэкIуэнур, адэкIи ар щыщIэдгъэп­сын­щIэфынур. 2021 гъэм лъэпкъпсо мурадхэм ящыщ дэтхэнэми ­ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэр щы­зыIэрыдгъэхьауэ щытын ­хуейщ», - къигъэбелджылыкIащ Путин Владимир.
Абы къыдэкIуэуи, Президентым къыхигъэщащ Iуэху гугъу­хэр, лъэпощхьэпохэр къызэрамынэкIыфурэ гъэзэщIа мыхъуа­хэр «иужькIэ зэфIэдгъэкIынщ» жаIэу зрагъэтIылъэкI зэрымы­хъунури: «Иджыпсту тIэкIу нэхъ тыншхэр дгъэзэщIэнщи, иужь­кIэ…» жыхуаIэ Iуэху зехьэкIэр ­къезэгъыркъым. ИужькIэ, цIыху­хэми зэрыжаIэу, джэду зыхэлъ хьэнтхъупс мыхъун папщIэ. Лэ­жьыгъэр зэфIэгъэкIын хуейщ. Иджыри зэ къытызогъэзэж: но­бэ зэфIэгъэкIын хуей Iуэху зэвмыгъэтIылъэкI. А къалэнхэр гъэ­зэщIэныр 2024 гъэм и гъунап­къэм икI хъунукъым. ГъащIэр зыщывгъэпсынщIэным яужь фиту, къыщыфпэщыт къалэнхэр вгъэмащIэ хъунукъым, Iуэху нэхъ мыхьэлъэхэр илъэс гъу­нэгъухэм зэфIэгъэкIыным зыдевгъэхьыу. Апхуэдэу фщIымэ, дэ нэхъ гугъухэри иужькIэ тхузэ­фIэгъэкIыжынукъым».
Къэралым и УнафэщIым ­гулъытэ хэха хуищIу къигъэлъэгъуащ лъэпкъ проектхэм щыубзыхуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щIыналъэхэм зэратеухуар: «Ди къэралым и къуажэхэрщ, къалэхэрщ зэхъуэкIыныгъэ нэры­лъагъухэр щызэгъэхъулIапхъэр. Абы къыхэкIыуи лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ жэрдэм ­нэхъыбэ къыхэзылъхьапхъэри, ахэр гъэзэщIэнымкIэ Iэмал нэхъыбэ зыбгъэдэлъыпхъэри Федерацэм хыхьэ сыбъектхэрщ, ахэрщ щIыпIэм щыщыIэ гугъу­ехьхэм нэхъыфIу щыгъуазэр, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным и пIалъэ илъэситIым нэблэгъауи яIэщ. Аращи, зэрыщыту къэралым къыпэщыт къалэнхэр нэхъ тэмэму яубзыхуфынущ, абы зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьэфынущ, апхуэдэуи ахэр къызэфIэзыгъэкIыну хэкIыпIэ нэ­хъыфIхэри къагъэлъэгъуэ­фынущ. Нэхъ пасэу къащтауэ щыта, ауэ фейдэ къызыпэмыкIуа унафэхэу зэхъуэкIыныгъэхэр зы­хэлъхьэпхъэхэми, уеблэмэ зы­хэплъэ­жыпхъэхэми я Iуэху еп­лъы­кIэщIэхэр къыщыхалъхьэ­фы­нущ».
Апхуэдэуи икъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ сыт хуэдэ унэтIыныгъэр япэ игъэщыпхъэми пщIэ­ным. Абы ипкъ иткIэ, щIыналъэхэм Iэмал яIэпхъэщ мылъкур нэхъапэ игъэщыпхъэ къалэныр зэфIэгъэкIыным хуаунэтIыну, Фе­дерацэм хэтхэмрэ къэрал ­къулыкъущIапIэхэмрэ я финанс, бюджет зэпыщIэныгъэхэр 2021 гъэми абы къыкIэлъыкIуэнухэми нэхъ тэмэму зэтрагъэпсыхьыфу щытыпхъэщ.
«Лъэпкъпсо мурадхэр зэгъэхъулIэныр, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр - аращ къэралым и Правительствэм и мызакъуэу, щIыналъэхэм унафэр щы­зыIэщIэлъ IуэхущIапIэхэми я лэ­жьыгъэм и фIагъыр къэзыгъэ­лъагъуэ пщалъэ нэхъыщхьэу, гъуазэу щытынур. Абы къыхэкIыу псори зэдэууэ, зэдегугъуу, гуп зэкъуэту фызэдэлэжьэну сы­ныволъэIу. А къалэнхэр ап­хуэ­дэуи яхуэгъэзащ къэрал IуэхущIапIэхэм я щIыналъэ къудамэхэми», - захуигъэзащ зэIущIэм хэтхэм Путин В. В.
Щапхъэ папщIэу Президентым къихьащ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхур - псэупIэ ухуэныр: «Мыбдежым унэтIыныгъэр белджы­лыщ икIи дэ къытпэщытщ илъэс къэс урысей унагъуэ мелуанитху нэхърэ мынэхъ мащIэм я псэу­пIэхэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ Iэмалхэр еттыныр, ахэр ущыпсэуну тынш, Iэхуитлъэхуит унэщIэ­хэмрэ фэтэрхэмрэ Iэпхъуэжын папщIэ. Абы щхьэкIэ дэ илъэ­сым метр зэбгъузэнатIэ мелуани 120-м нэс духуэу щытын хуейщ».
Дызэрыт щытыкIэ гугъум  щхьэ­кIи къэдмыгъанэу, дэ ­ухуэ­ныгъэ IэнатIэм зыщIэдгъэ­къуащ, сыту жыпIэмэ ар ящыщщ экономикэм дежкIэ мыхьэнэ ­нэхъыбэ дыдэ зиIэхэм, жиIащ Путин Владимир. Экспертхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ипотекэ щIыхуэу мы гъэм ятынур илъэс кIуам цIыхухэм хухахам щIигъунущ. Абы къикIыращи, цIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэр, зэрыщыту къапщтэмэ, мэлажьэ, абыхэм IуэхуфIхэр къыдокIуэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, псэупIэ IэнатIэм илъэс куэдкIэ зиужьын папщIэ унэхэм щIэуп­щIэ яIэн хуейщ. НэгъуэщIу жы­пIэмэ, нэхъыбэ ухуэн хуейщ, цIыху­хэр зыхэдэни яIэн, унэхэр екIурабгъу уасэкIэ къащэхуфуи щытын папщIэ.
ПсэупIэхэр ухуэныр щIэгъэ­хуэбжьэныр властым и къуда­мэ псоми, щIыпIэ унафэр зыIэ­щIэлъ IэнатIэ псоми я къалэнщ, япэрауи ар ехьэлIащ ухуэныгъэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэр а лэжьыгъэм хуэгъэхьэзырыныр зэлъыта щIыналъэ органхэмрэ муниципалитетхэмрэ, апхуэдэуи, унэщIэхэм къедза щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыныр, тыншу псэун папщIэ цIыхухэм зыхуей-зы­хуэфI­хэр къахузэгъэпэщыныр зи пщэ дэлъхэм.
Къэралым и УнафэщIым щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм иджы­-ри зэ ягу къигъэкIыжащ фIагъ лъагэ зиIэ иджырей псэупIэхэр ухуэнымкIэ абыхэм жэуап зэрахьыр. УхуэныгъэщIэхэм щIы Iы­хьэхэр хухахын, инфраструктурэм зрагъэужьын хуейщ. Абы хуэунэтIауэ быдэу зэпыщIауэ щытыпхъэщ властым и щIыналъэ, федеральнэ органхэр, зыу­жьыныгъэм хуэлажьэ институтхэмрэ инфраструктурэм епха ком­паниехэмрэ.
Инженер, транспорт, социаль­нэ инфраструктурэхэм - гъуэгу­хэмрэ вокзалхэмрэ, уэздыгъэкIэ цIыхухэр къызэзыгъэпэщ сетхэр, сабий садхэмрэ еджапIэхэмрэ, нэгъуэщIхэр - щIыным ехьэлIа Iуэхухэм нэхъ зыубгъуауэ къы­хашэн хуейщ бюджетым щы­­-щы­мыщ мылъкури. Къапщтэмэ, мы­гъэгувауэ къыхэлъхьэн хуейщ инфраструктурэм зегъэужьыным хуэгъэпса облигацэхэр къыдэгъэкIыныр, ап­хуэ­дэуи а программэм зыщебгъэ­убгъу хъуну щIыпIэхэм къахэгъэ­хъуэныр.
ЦIыхухэр нэхъ зыхуэныкъуэ, зыщIэупщIэ Iуэхухэм ящыщу къы­хагъэщащ къэрал кIуэцI туризмэм зегъэужьыныр, а Iуэхум «щIэрыIауэ» къэплъытэ хъунущ иужьрей зэманым щыIэ хъуа щытыкIэр.
«Нобэ Москва къыщыщIэ­дзауэ мафIэгукIэ е цIыхум езым и автомобилкIэ Сочэ, Ялтэ и ­тенджыз Iуфэхэм нэсын папщIэ зы жэщ-махуэ е нэхъыбэ токIуа­дэ. Я гугъу умыщIми хъунущ къэралым и ищхъэрэ, Урал щIыналъэхэм къикIхэм - абыхэм зэман нэхъыбэ яфIехь а гъуэгум. Е Керчь псыдэжыпIэм къыщы­щIэ­дзауэ Сочэ нэсыху укIуэныр, ­гъуэгу нэшэкъашэм утету. Сабий уи гъусэу а гъуэгум ирижи еплъыт. А псом зэману текIуа­дэр пхуэгъэмэщIэнущ, гъэмэ­щIэни хуейщ, шынагъуэншагъэм и хабзэхэми, фIагъым и мардэхэми укъитIасэу. А лэ­жьы­гъэр зэфIэгъэкIын хуейщ», - къыхигъэщхьэхукIащ Путин В. В.
ЗэIущIэм хэтхэм абы ягу къигъэкIыжащ апхуэдэ лэжьыгъэ­хэр хьэлъэзешэ машинэхэр щызекIуэ гъуэгухэм зэрыщагъэзащIэм, къэралым и ипщэ щIы­налъэм и тенджыз кхъухь те­дза­пIэхэм гъущI гъуэгу екIуэ­лIапIэхэр хуэщIыным ехьэлIа щапхъэхэр зэрыщыIэр. А лэжьыгъэхэр здекIуэкIым, зэмыгъэ­тIылъэкIауэ зэфIэгъэкIын хуейщ автомобиль, гъущI гъуэгу зэпы­щIэныгъэхэр къэралым и ипщэ лъэныкъуэм щегъэфIэкIуэным хуэунэтIа Iуэхухэри, ахэр къэзыгъэсэбэп ди цIыхухэр, туристхэр нэхъ тыншу икIи псынщIэу а щIыпIэхэм нэсыфын папщIэ.
Путин Владимир Правитель­ст­вэм пщэрылъ щищIащ Урысейм и тенджыз ФIыцIэ Iуфэм екIуа­лIэ автомобиль, гъущI гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным, егъэ­фIэ­кIуэ­ным теухуа Iуэхум хэплъэну, абы папщIи гъуэгу ухуэнымрэ транспорт инфраструктурэм зегъэу­жьынымрэ ехьэлIа Iуэхухэу яубзыхуахэр зэрагъэзэхуэжыну.
Урысей Федерацэм и Уна­фэщIым зэIущIэм и кIэм къыхигъэщащ Къэрал Советым зыщы­хэплъа Iуэху псори цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным зэре­хьэлIар, абхэм щыхьэрхэм, къа­лэ мыинхэм, къуажэхэм, жы­лэ­хэм дэсхэр зыхуэныкъуэхэр къы­зэ­рыхэщыр икIи а лэжьыгъэм зэпымыууэ я нэIэ зэрытетынур.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)