Урысеймрэ Белоруссиемрэ я ЩIыналъэхэм я Зэхуэсышхуэм и VII зэхыхьэм Iэ щытрадзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Беларусь Республикэмрэ зэдэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэм

Белоруссиемрэ Урысеймрэ я ЩIыналъэхэм я Зэхуэ­сы­шхуэм и VII зэхыхьэм и пленарнэ зэIущIэм къриубыдэу фокIадэм и 29-м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Iэ тридзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Бела­русь Республикэмрэ я правительствэхэр лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызэдэлэжьэнур щыубзыхуа зэгурыIуэныгъэм.

Дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуащ сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, социальнэ-щэнхабзэ IэнатIэхэм зэрыщызэ­дэ­лэжьэнур, производственнэ лъэ­щагъыу, мылъкуу яIэхэр, цIыхухэм я зэфIэкIхэр, щэн­хабзэ, нэгъуэщI хэкIыпIэхэри нэхъ нэсу къэгъэсэбэпа, ап­хуэдэуи Урысей Федерацэм и Президентым и накъыгъэ Ука­зым Евразие экономикэ зэгу­хьэныгъэм хэт къэралхэм сатууэ дащIыр 2024 гъэм ирихьэлIэу хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэ щIыным хуэунэтIауэ къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIа хъун папщIэ.
ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэм я пащхьэм къыщы­щыпсалъэм, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ Беларусь, Урысей къэралхэр экономикэм щызэдэлэжьэным ехьэлIа Iуэху­хэм мы зэманым мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Ар епхащ къэ­ралитIым я пащхьэ къит къалэнхэр зэфIэгъэкIыным. Нэхъ мащIэкъым Урысеймрэ Белоруссиемрэ я цIыхухэм зэ­къуэшыгъэ дэлъыным и Iуэхуми и мыхьэнэр - «дэ ди тхыдэ­ри зыщ, ди текIуэныгъэхэри зыщ», - жиIащ КIуэкIуэм. Къэ­ра­литIым я президентхэм я жэрдэмкIэ щIыналъэхэр зэ­пыщIауэ щытыным хуэгъэза Iуэхуми иджыпсту къалэн хэха егъэзащIэ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Беларусь Респуб­ликэмрэ зэращIылIа Зэгуры­Iуэныгъэм лъэныкъуитIми IэмалыфIхэр къыдет, ди щIыналъэм социально-экономикэ Iэна­тIэхэм зыщегъэужьыным хуэгъэпсащ, къапщтэмэ, ту­ризм, мэкъумэш хозяйствэм, щIэныгъэм, икIи, дауи, ди лъэпкъхэм яку дэлъ щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъу­нымкIэ. Дэ ди мурадщ Бела­русь Республикэм и IуэхущIапIэ зыбжанэм зэгурыIуэныгъэ нэхъ пыухыкIахэр щхьэхуэу ят­щIылIэну», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ К. В.
Мы зэманым Беларусыр щытщ Къэбэрдей-Балъкъэрым дунейм щиIэ лэжьэгъу ­нэхъыщхьэхэм ящыщу. Иужь­рей илъэсхэм абы иращэми къыщащэхуми хэпщIыкIыу хэхъуащ икIи ар щыхьэт тохъуэ лъэныкъуитI зэдэлэжьэныгъэхэм зегъэубгъунымкIэ хэ­кIыпIэфIхэр иджыри зэ­ры­щыIэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ирашурэ Беларусым Iэрохьэ ­гъавэхэкIхэр, IэфIыкIэхэр, крахмал, фIэIугъэхэмрэ про­мыш­леннэ хьэпшыпхэмрэ - налмэсым къыхэщIыкIа Iэ­мэ­псымэхэр, кIапсэхэр, вакъэ щащIкIэ къагъэсэбэп картонхэр, регуляторхэр, транзисторхэр, нэгъуэщI куэди.
Беларусым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыхуеу­тIыпщ пластмассхэр, абы къы­хэщIыкIахэр, алэрыбгъухэр, текстилхэкIхэр, тхылъымпIэ. Рес­публикэм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ Белорус­сием щащIа хьэпшыпхэр щащIэ жармыкIэхэр.
2019 гъэм къриубыдэу Беларусь Республикэмрэ КъБР-мрэ сатууэ зэдащIащ доллар мел­уани 3,4-рэ и уасэ (2018 гъэм - доллар мелуан 1,9-рэ). Рес­публикэм Беларусым хуригъэ­шащ доллар мелуан 1,4-рэ и уасэ - ар 2018 гъэм зэрыщытам и проценти 137,8-рэ мэхъу, 2017 гъэм елъытауэ хуэдитIкIэ нэхъыбэщ. Белоруссием деж къы­щищэхуахэм доллар мел­уанитIым нэблагъэ хуозэ, 2018 гъэм зэрыщыта доллар мелуан 0,9-м и пIэкIэ (хуэди 2,2-кIэ хэхъуащ). 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм гъавэхэкIыу Беларусым хурагъэшащ доллар мин 407,5-р и уасэ, 2019 гъэм зэ­рыщытам нэхърэ хуэдэ 1,5-кIэ, 2018 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ хуэди 2,6-кIэ нэхъыбэ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.