ЩIэблэ узыншэ къытщIэувэным дыхуолажьэ

Иджырей гъащIэм хуиту хэувэфын цIыху бгъэ­сэ­ныр Iуэху къызэрыгуэ­кIыу зэрыщымытыр куэ­дым къагуроIуэ. Абы ­гулъытэ хэха зэрыхуа­щIыр къагъэлъагъуэ къэ­рал унафэщIхэми. Егъэ­джэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм ират мыхьэнэ­шхуэм и щыхьэтщ са­бий садхэм щыщыIэ Iуэхугъуэ къиинхэр зэ­фIахыурэ, гъэсакIуэм и пщIэр жылагъуэм нэхъри къызэрыщаIэтыр.
ЩIэблэр гъэсэнымрэ абы щIэныгъэ етынымрэ хуэгъэпса ди IэнатIэм екIуу ущылэжьэн папщIэ, псэ хьэлэлу, жэуаплыныгъэш­хуэ зыхэпщIэу, шыIэныгъэ ин пхэлъу ущытын зэры­хуейр гурэ псэкIэ зыхэтщIэ зэпытщ «Налмэс» сабий IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ псоми. Ди гъэсапIэр зэраухуэрэ куэд щIащ (1978 гъэ), Iуэхугъуэ купщIафIэхэмкIэ, гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэн­щIа гъуэгуани къикIуащ. Зэманыр кIуэми, сабийхэм абы щыхуащI гулъытэмрэ бгъэдалъхьэ гъэ­сэны­гъэм­рэ щIэныгъэмрэ дапщэщи ефIакIуэ зэпытщ, иджырей мардэхэм хуэкIуэу, тех­нологие пэрытхэр сыт щыгъуи я Iэдэжу. Лэжьыгъэм и къы­зэгъэпэщыкIэкIэ ди са­дыр и нэIэм щIэтщ Нарт­къалэ дэт курыт школ №6-м (уна­фэщIыр Мысрокъуэ Ма­риещ). А унафэщI щып­къэм къыддеIыгъ ди жэрдэм дахэхэр, гупсысэщIэ­хэр къыхелъхьэ.
Сабийхэм я къэухьым ­зегъэужьыным гулъытэ­шхуэ хуэтщIу, IуэхущIапIэм хъарзынэу щолажьэ гуп­жьейхэр. Абыхэм сабийхэр щыхуагъасэ Iуэхугъуэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм, къэ­зыу­хъуреихь щIыуэпсым, дунейм я зэхэлъыкIэ хьэ­лэмэтхэм щыгъуазэ щы­хуащI. Садым щекIуэкI махуэшхуэ зэхыхьэхэм щIэх-щIэхыурэ къыдогъэблагъэ ди щIыпIэм щылажьэ нэ­гъуэщI гъэсапIэхэм я Iэ­щIагъэлIхэр, адэ-анэхэр. Ап­хуэдэ дерс зэIухахэм, гуфIэгъуэ зэхуэсхэм къы­ху­зэдгъэпэщ хабзэ гъэлъэ­гъуэныгъэ зэмылIэужьы­гъуэхэм нэрылъагъу ящI ди деж къекIуалIэ сабий цIыкIу­хэм ябгъэдэлъ гъэ­сэныгъэр, щIэныгъэр, зэ­фIэкIыр.
Ди сабий садым куэдрэ къыщызыдогъэпэщ икIи щыдогъэкIуэкI районпсо, республикэпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр. Ехъу­лIэ­ныгъэ диIэу абыхэм жы­джэру дыхэтщ. Лэжьыгъэм къыдошалIэ адэ-анэхэри. Ди гъэсакIуэхэр, я нэIэм щIэт сабийхэри абыхэм я адэ-анэхэри я гъусэу, 2018 гъэм хэтащ «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалым икIи текIуэ­ныгъэ къыщахьащ. Ап­хуэ­дэ, зыIэрагъэхьэ нэгъуэщI ехъулIэныгъэхэм къапэ­кIуэу ди гъэсакIуэхэр куэд­рэ щагъэлъапIэ утыку- шхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр къыхуа­гъэфащэу.
ГъэсапIэр - ар унэ къудейкъым, атIэ, псом япэрауэ, цIыкIухэм набдзэгуб­дза­плъу, елIалIэу яхущыт лэжьакIуэ гупхэщ. Апхуэдэ лэжьакIуэфIхэр, Тхьэм и фIыщIэкIэ, ди мащIэкъым. Я цIэ къисIуэну сыхуейщ ди нэхъыжьыфIхэу Къэ­шэж Хьэжысмел, Гугъуэт Марие, Къардэн Майе, ­ХьэхъупащIэ Тамарэ, Поляковэ Еленэ, ЛIуп Алексей, Гу­гъуэт Замирэ сымэ. Лэ­жьыгъэшхуэ зэфIах гъэсакIуэ нэхъыжь Лий Заремэ, Пщы­хьэщIэ Iэсият, Хуцинэ Иннэ сымэ. Абыхэм яхэлъ жэ­уаплыныгъэм, я къалэнхэр дагъуэншэу зэ­рагъэзащIэм кIэлъоплъ гупым къытхы­хьэ щIалэ­гъуалэр, щапхъи трах. Ап­хуэдэхэм ящыщщ «Илъэ­сым и гъэсакIуэ нэхъыфI» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм мы гъэм щытекIуа гъэсакIуэ Жыгун Каринэ, Къудей Ланэ, Iэщын Мадинэ, Щоджэн Людмилэ, Къумал Iэминэ, Щомахуэ Каринэ. А гъэсакIуэ ныбжьыщIэхэм зэфIэ­кIыш­хуэ къазэры­къуэкIынум шэч хэлъкъым.
УмыгъэщIэгъуэн плъэ­кIыр­къым сабийхэм яхэлъ зэфIэкI зэмылIэужьыгъуэ­-хэр наIуэ къащIын папщIэ, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу къагъэтэджын щхьэкIэ, ди гъэсакIуэхэм ялэжьым и куэдагъыр. Ди IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм я нэхъыбапIэр зэчий зэмылIэужьы­гъуэхэр зыб­гъэдэлъщ: хэти сурэт дахэу ещI, адрейр ­къофэ, уэрэд жеIэ, еща­нэри нэ­гъуэщI Iуэхугъуэхэм хуэIэп­щIэлъапщIэщ.
Гупу зэрыIыгъыныр, гъащIэм хэлъ хабзэхэм теты­ныр цIыкIухэм я хьэлым хапщэф ди гъэсакIуэхэм. Ап­хуэдэ дуней еплъыкIэм ­мыхьэнэшхуэ иIэнущ а са­бийхэр школым кIуа нэужьи.
ЖыпIэнурамэ, ди лэ­жьа­кIуэхэм яхэмытми ярейщ зи IэнатIэр фIыуэ зымы­лъагъу, дзыхь къыхуащI дэтхэнэ къалэнри дагъуэн­шэу зымыгъэзащIэ. Гуры­Iуэгъуэщ: гупыр зэкъуэтмэщ ехъулIэныгъэ щызы­Iэригъэфынури, апхуэдэущ дызэрызэдэлажьэр сэрэси нэIэм щIэтхэмрэ, щIэблэ узыншэ къытщIэувэным зэ­фIэкIыу диIэр хуэдгъэпсу.
ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэмрэ я махуэмкIэ си гуапэу со­хъуэхъу си нэIэм щIэтхэм, жэуаплыныгъэ зыпылъ а ­IэнатIэ мытыншым, ауэ гъэщIэгъуэным дэнэкIи щы­пэрыт псоми. Фи щIэ­ныгъэмрэ зэфIэкIымрэ тыхь зыхуэфщI фи гъэсэн цIыкIухэм яхувиIэ лъагъу­ныгъэмрэ гуапагъэмрэ хэхъуэ зэпыту, гукъыдэж къы­вэзыт лэжьэгъуэ махуэхэм хэмыщIу, фи пщIэмрэ гулъытэмрэ жылагъуэм щы­хэхъуэу фыпсэуну си гуа­пэщ. Фи гур зыщIэхъуэп­с­хэр Тхьэм къывигъэхъулIэ.

СЕМЭН Iэсият.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)