Сабийхэм я узыншагъэм хуосакъ

2020 - 2021 гъэ еджэгъуэщIэр ди къэралым и ­еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт школхэм, гъэсапIэ­-хэм зэрыщаублэжрэ мазэм нэсащ. УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, «Роспотребнадзор»-м я унафэщIхэм ипэкIэ зэрыжаIам тету, IэнатIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм я нэхъыбапIэр махуэрыеджэ мардэм тещIыхьауэ зэфIах: сабий, ныбжьыщIэ ­минхэр пщэдджыжь къэс щызэхохьэ университетхэм, школхэм, садхэм.
Ди республикэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ ­IэнатIэм и дэтхэнэ IуэхущIапIэми ткIийуэ щагъэзащIэ «Роспотребнадзор»-м абыхэм къахуигъэува санитар-эпидемиологие мардэ псори. ЕджакIуэхэми адэ-анэхэми зэхэщIыкI лъагэ къакъуэкIащ: абыхэм ­къагуроIуэ лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным мы зэманым щыщыIэ апхуэдэ гугъуехьхэр, щыщIэныгъэхэр, лъэпощхьэпо зэмылIэужьыгъуэхэр Iэмалыншэу зэры­щытыр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и республикэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 22-м нэс мы махуэхэм хухахащ а Iуэхум. А ахъшэхэмкIэ еджапIэхэм папщIэ къащэхунущ рецилькуляторхэр - жьыр зыгъэкъабзэ Iэмэпсымэхэр. Ахэр IэкIэ къепхьэкI хъуну щытщ. Классхэм чэзууэрэ щIагъэувэнущ, дэтхэнэ гупри зэрыхъукIэ узыфэ зэрыцIалэхэм щыхъума хъун папщIэ.
КъБР-м Коронавирусым земыгъэубгъунымкIэ и оперативнэ штабым и лэжьакIуэхэм хъыбар къызэрыда­гъащIэмкIэ, уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэр къызэуа­лIэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуакъым, сымаджэщхэм иджыри цIыху куэд щIэлъщ а узыфэр япкъ­рыту, реанимацэ къудамэми зыбжанэм щоIэзэ. А псоми къаIуатэ узыфэ шынагъуэм ущызыхъумэфыну профилактикэ Iуэхугъуэхэр дяпэкIи гъэзэщIэн зэры­хуейр. Курыт школхэм я гугъу пщIымэ, зэкIэ зэхуащIащ сабии 149-рэ щеджэ зы курыт школ, еджапIи 5-м щызэхуащIащ класс зыбжанэ, школ 19-м сабийхэр щоджэ, махуэрыеджэ щIыкIэри зэпэIэщIэ Iэмалри зэхэту.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)