Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIэкIащ «КАМАЗ-мастер» командэм и зыгъэсэныгъэхэр

«Дакар», «Шылэ гъуэгуанэ» дунейпсо зэпеуэхэм мызэ-мытIэу щытекIуа ­«КАМАЗ-мастер» гупым зыщигъасэу Къэбэрдей-Балъкъэрым махуэ зыбжанэкIэ щыIащ.
Республикэм и бгылъэ гъуэгухэм абыхэм зыщыхуагъэхьэзыращ «Дакар-2021» дунейпсо ралли-марафоным. Ар дызыхуэ­кIуэ илъэсым и щIышылэм Сауд Хьэрып къэралым щекIуэкIынущ.
Гупыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIа иужьрей махуэм республикэм и цIыхухэм Iэмал яIащ машинэкIэ къызэрызэдэжэм кIэлъыплъыну, «КАМАЗ-мастер»-м хэтхэр щежьэжыну пщыхьэщхьэм Налшык Абхъазым и утыкум деж абыхэм щаIущIэну.
Командэм хэтхэм защыхуигъазэм ­КъБР-м и Iэтащхьэр экипажхэм ехъуэ­хъуащ­ зыгъэсэныгъэхэр хъарзынэу къы­зэрырахьэлIамкIэ, къыхигъэщащ «КАМАЗ­ мастер» гупыр дуней псом зэры­щыцIэрыIуэр, абы и ехъулIэныгъэхэмкIэ къэралым и щIыхьыр дунейпсо утыкум щиIэтым и мызакъуэу, Урысейм и автомобиль промышленностым зегъэужьынми хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIыр.
КIуэкIуэ Казбек командэм и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ зыщагъэсэну Къэбэ­рей-Балъкъэрыр къызэрыхахам папщIэ икIи къапэщыт зэпеуэ гугъум щытекIуэнуи ехъуэхъуащ. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ апхуэдэ зэхьэзэхуэхэр ди деж къыщызэгъэпэщыным республикэм ифI зэрыхэлъыр, КъБР-м туризм IэнатIэмрэ автомотоспортымрэ зыщегъэу­жьыным зэрыхуэщхьэпэнур, апхуэ­дэуи жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бгылъэ гъуэгухэр командэм хэтхэм я Iэзагъэм хагъэхъуэнымкIэ къахуэщхьэпэну, къапэщыт зэхьэзэхуэщIэхэм текIуэныгъэш­хуэхэр къыщахьыным лъабжьэ хуэхъуну зэригуапэр.
«КАМАЗ-мастер» гупым и унафэщI, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Чагин Владимир къыщыпсалъэм къыхигъэщащ республикэм и къуршхэм ядекIуэкI гъуэгухэри щIыналъэм щыпсэухэри сэбэп ­къазэрыхуэхъуар мыгувэу зыхэтыну зэпеуэм гупым зыхуигъэхьэзырынымкIэ икIи Урысейм и чемпионатым хыхьэ зэхьэзэхуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIыну къызэрыхилъхьэнур.
«Мыпхуэдэ зыгъэсэныгъэхэр къызэбгъэпэщыныр икъукIэ Iуэху къызэрыгуэкIкъым икIи абы зэман кIэщIым къриубыдэу зэрызыхуагъэхьэзырыфар иджы­ри зэ щыхьэт тохъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэпеуэ нэхъ гугъу дыдэхэри къегъэблэгъэным зэрыхуэхьэзырым. Мы­бы щебгъэкIуэкI хъунущ, щегъэкIуэкIыни хуейщ ралли-рейдымкIэ зэхьэзэхуэхэр», - къыхигъэщхьэхукIащ Чагин В. Г. икIи республикэм и унафэщIхэми абы щыпсэухэми фIыщIэ къахуищIащ зыгъэсэныгъэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу къы­зэрызэрагъэпэщам, гуапэу зэраIущIам, хьэщIагъэ зэрыкIэлъызэрахьам папщIэ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)